Новости

КАФФЕД-м и тхьэмадэу хахащ Динчер (Щоджэн) Iумит

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и Х зэхыхьэшхуэр  щэкIуэгъуэм и 28-м екIуэкIащ.

 КАФФЕД-м и тхьэмадэу хахащ Динчер (Щоджэн) Iумит

ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъу лъапIэхэ!

ПщIэ зыхуэтщI Щоджэн (Динчер) Iумит!

 

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сынохъуэхъу Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Хасащхьэм и унафэщIу узэрыхахам папщIэ.

Iумит, уэ узыпэрыува IэнатIэм и мыхьэнэр лъагэщ, лъапIэщ икIи тыншкъым. Адыгэхэр нэхъыбэ дыдэу щыпсэу Тырку щIыналъэм щызэхэт Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я Хасащхьэр илъэс куэд хъуауэ дэнэ къэрали къыщацIыху, и зэфIэкIыр жыжьэ зэрынэсри псоми ящIэ. КАФФЕД-р ДАХ-м и къудамэ нэхъ инщ, абы и лIыкIуэхэм я псалъэм сыт щыгъуи пщIэ иIэщ.

Дэ фIыщIэ ин худощI фи япэ илъэс зыбжанэкIэ КАФФЕД-м и унафэщIу Мамхэгъ (Шекерджи) Илдызрэ, абы и гъусэу Хасащхьэ гупымрэ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ япэ ирагъэщу, адыгэ лъэпкъым и бзэр, хабзэр, тхыдэр, щIэнхабзэр хъумэным къару ин зэрыхалъхьам папщIэ.

Iумит, уэри абы уи лэжьыгъэшхуэ хэлъщ. ДяпэкIи дыпщогугъ ди зэпыщІэныгъэр нэхъ быдэ хъун папщIэ, адыгэбзэр, лъэпкъ щIэнхабзэр, адыгэ хабзэр фызыхэс къэралым щыхъумэным, щефІэкІуэным тхузэфIэкI псори къэдгъэсэбэпу дызэгъусэу дытелэжьыхьыну.

ДигукIи ди псэкIи дынохъуэхъу къыпхуагъэфэща IэнатIэм фIыгъуэ куэд къыпэкIуэу упэрытыну, узыхыхьа IуэхумкIэ уиIэ уи гуращэ дахэхэр къохъулIэну.

Тыркум щыпсэу адыгэ псоми узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, хъер Тхьэм къывит.

 

ПщIэ къыфхуэзыщI

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment