Новости

Богус Алий

Егъэлеяуэ ди гуауэ хъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIак1уэ гупым хэту щыта Богус Алий зэрыщымыIэжым и хъыбару къытIэрыхьар.

Алий  жылагъуэм щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру хэтащ. Адыгэ Республикэм  щыIэ Адыгэ Хасэм  я гъусэу Алий  илъэс куэдкIэ илэжьащ адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт Iуэху дахэ куэд, и  псэ емыблэжу, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр ихъумэу.

Адыгэ лъэпкъым и  къуэ пэжхэм  ящыщ зым,  ныбжьэгъу пэжу щытам и фэеплъ нэхур адыгэхэм ягу илъынщ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр дунейм ехыжа Богус Алий и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ дахуогузавэ.

 

 

 

Related posts

Leave a Comment