ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэр филологие щIэныгъэхэм я доктор, публицист, егъэджакIуэ, ущиякIуэ ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащхъуэ и къуэм и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ хуогузавэ ар дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
Критик, литературэдж, щIэныгъэлI Iэзэ ХьэкIуащэ Андрей ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм, адыгэбзэмрэ литературэмрэ я зыужьыныгъэм зи къару куэд езыхьэлIэ еджагъэшхуэхэм. ХьэкIуащэр КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и профессору лэжьащ илъэс куэдкIэ.
И лэжьыгъэфIым папщIэ ХьэкIуащэм къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхь тхылъхэр. Гурэ псэкIэ адыгэ лъэпкъым хуэлэжьа IэщIагъэлIыр, жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIэ цIыху щыпкъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр иIэщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ. И IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу щIэныгъэлI цIэрыIуэр сыт хуэдэ лэжьыгъэми жэуаплыныгъэ зыхищIэу пэрытащ.
Апхуэдэу псэ хьэлэлу зи лъэпкъым хуэлэжьа ХьэкIуащэ Андрей и цIэр зэи ящыгъупщэнкъым ар зыцIыхуу щыта псоми.