Новости

Ди гум илъынущ Къандур Мухьэдин

Иорданием щылажьэ Адыгэ  ФIыщIэ Хасэм деж

​Иорданием щыпсэу ди хэкуэгъу лъапIэхэ!

ПщIэ зыхуэтщI Ибрагим Исхакат!

Дунейпсом фIыуэ къыщацIыху, адыгэ лъэпкъым и къуэ пэж, тхакIуэ, режиссер, щIэныгъэлI, адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа Къандур Мухьэдин Иззэт и къуэр дунейм зэрехыжар хуабжьу дигу щIыхьащ.

Мухьэдин   къыщалъхуа щIыпIэр, Иорданием и щыхьэр Амман,  нобэ иужь дыдэ псэ тыншыпIэ хуэхъужащ.

Къандурыр къыщацIыху Европэми, Азиеми, США-ми. Илъэс 50-м щIигъукIэ Голливудым епхауэ лэжьа Мухьэдин пщIэшхуэ зыпылъ саугъэт лъапIэ куэд киногъуазджэм къыщыхуагъэфэщащ. Абы и лэжьыгъэхэм ящыщщ «Черкес»,​ «Фейсбук романс»​ фильмхэр.

Къандур Мухьэдин и тхыгъэхэр зэрадзэкIащ урысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, нэгъуэщIхэмкIи.

Ди къуэш нэхъыжьым къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ мурадыфIхэр зригъэхъулIэн папщIэ лъэкI къыгъэнакъым. Абы и щыхьэтщ  «Балкан тхыдэр», «Шэрджэсхэр» трилогиер, нэгъуэщI роман куэд дунейм къызэрытехьар, Къандурым и музыкэ лэжьыгъэхэр Москва дэт консерваторием, Баку, Амман зэрыщагъэзэщIар.

«Кавказ» тхыгъэшхуэр Москва инджылыбзэрэ урысыбзэкIэ «Лада-М» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ, адыгэбзэкIэ 1997 гъэм Налшык «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щытрадзащ.

Мухьэдин Хэкужьми фIыуэ къыщалъагъу, абы къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр.

Къэндур Мухьэдин  и IуэхущIафэ щхьэпэхэмкIэ,  и зэфIэкI  инхэмкIэ, и хьэл-щэн дахэхэмкIэ и цIэр игъащIэкIэ мыкIуэдыжыну ди лъэпкъ тхыдэм къинэнущ, сыт щыгъуи адыгэхэм я гум илъынущ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэр дыхуогузавэ Къандур Мухьэдин и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий
Налшык къалэ,
2023 гъэ,  щэкIуэгъуэм и  28

Related posts

Leave a Comment