Юнал Улучай КАФФЕД-ым и унафэщIу хахащ
Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и ХI зэхыхьэшхуэр щэкIуэгъуэм и 19-м екIуэкIащ.
Юнал Улучай КАФФЕД-м и унафэщIу хахащ.
ПщIэ зыхуэтщI Юнал Улучай!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сынохъуэхъу Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Хасащхьэм и унафэщIу узэрыхахам папщIэ.
КъикIуа гъуэгуанэм КАФФЕД-р мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ куэдым пхыкIащ. Абы зэрыхузэфIэкIкIэ къелъыхъуэ адыгэ щэнхабзэр, бзэр хъумэным я Iэмалхэр, толэжьыхь Хэкумрэ хамэ къэралхэмрэ я зэхуакум лъэмыж быдэу зэрыдэтыным. Апхуэдэуи КАФФЕД-р ДАХ-м и къудамэ нэхъ инщ, абы и лIыкIуэхэм я псалъэм сыт щыгъуи пщIэ иIэщ.
Дэ фIыщIэ ин яхудощIыр уи япэ КАФФЕД-м и тхьэмадэу щытахэм, абы и гъуса Хасащхьэ гупхэм IуэхуфIыу зэрахьам папщIэ.
Къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэр зэрыщIэнымкIэ, лъэпкъым и Iуэху дэкIынымкIэ ДАХ-м къызэрыунэхурэ IуэхуфI куэд ирегъэкIуэкI. Абы я лэжьыгъэшхуэ хэлъщ ДАХ-м къызэщIиубыдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм.
Юнал, дяпэкIи дыпщогугъ ди зэпыщІэныгъэр нэхъ быдэ хъун папщIэ, адыгэбзэр, лъэпкъ щIэнхабзэр фызыхэс къэралым щыхъумэным, щефІэкІуэным тхузэфIэкI псори къэдгъэсэбэпу дызэгъусэу дытелэжьыхьыну.
Дынохъуэхъу КАФФЕД зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр нэхъри ебгъэфIакIуэу, узыншагъэ быдэ уиIэу куэдрэ IэнатIэр ехъулIэныгъэкIэ епхьэкIыну.
Тыркум щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм узыншагъэ, мамырыгъэ, ехъулIэныгъэ Тхьэм къывит.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий