Новости

Ди лъахэгъухэр къыдогъэблэгъэж

 

 

 

 

 

 

 

 

Тыркум щылажьэ кавказ хасэхэм я федерацэм (КАФФЕД) хэтхэр мы махуэхэм адыгэ зэрыс и республикэхэм щохьэщIэ. Ахэр дыгъуасэ ирагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым. ХьэщIэхэм яIущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ –КъБР-м и министр Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ
жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор сымэ. ЗэIущIэм хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ зэрыщызэпсэлъар зэридзэкIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт.
Мусуков Алий КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкIыу хьэщIэхэм фIэхъускIэ захуигъэзащ. Абы къыхигъэщащ щIыналъэм и
Iэтащхьэр лэжьыгъэ IуэхукIэ къызэрытыр икIи къахуэзэну Iэмал зэримыIэр. — Ди гуапэщ фи адэжь хэкум фыкъедгъэблэгъэжыну. Дэ сыт щыгъуи
тфIэфIу фи Iуэхухэм зыщыдогъэгъуазэ икIи ди зэхуэзэр къэзгъэсэбэпу, КАФФЕД-м и унафэщIу Улучай Юнал зэрыхахамкIэ сехъуэхъуну сыхуейт, — жиIащ Мусуковым. — ФщIэн щхьэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэми, социальнэ Iуэхухэми кIуэ пэтми заужь, IуэхущIапIэщIэхэр къыщызэIудох. Иужьрей илъэсхэм щIыналъэм къилэжьым проценти 7-кIэ хэдгъэхъуащ, ар ди къэралым дежкIэ бжыгъэфIщ. 2030 гъэ пщIондэ ди Iуэхухэр зэредгъэфIэкIуэнури дгъэбелджылащ. Ди республикэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ ирет хамэ къэралхэм щыIэ ди лъахэгъухэм дапыщIауэ щытыным. Гъэ къэс щIалэгъуалэр зыгъэпсэхуакIуэ лагерхэм къыдогъэблагъэ. Къыхэгъэщыпхъэщ Тыркум, Иорданием, Сирием я щIалэгъуалэр ди еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщедгъаджэри. Хамэ къэралхэм щыщу еджакIуэ 2I50-рэ диIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ди лъахэгъухэм ящыщу щIэсыр цIыху 64-рэщ: (Тыркум щыщу — 8, Иорданием къикIауэ — 22-рэ, Сирием щыщу — 34-рэ). СызэреплъымкIэ, ар икъукIэ мащIэ дыдэщ, икIи дегупсысын хуейщ абы зэрыхэдгъэхъуэным.
Апхуэдэуи электроннэ IэмалкIэ урысыбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ ирагъэджыу программэхэр диIэщ, зэрысщIэмкIи, абыхэмкIэ ди лъахэгъухэм жыджэру я анэдэлъхубзэр зэрагъэщIэжыф. ЩIыналъэ унафэщIхэм къадэкIуэу, зи гугъу сщIы Iуэхухэм йолэжь Дунейпсо Адыгэ Хасэр. Мы жылагъуэ зэгухьэныгъэм пщIэрэ щхьэрэ зэриIэр къигъэлъагъуэу къызолъытэ абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий УФ-м и Президентым и деж лъэпкъ
зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым зэрыхэтым. СызэрыщыгъуазэмкIэ, ДАХ- м и ГъэзэщIакIуэ комитетым и зэIущIэм фыхэтынущ, си фIэщ мэхъу
Урысеймрэ Тыркумрэ я зэпыщIэныгъэм, ди республикэхэр дызэдэлэжьэным ар сэбэп хуэхъуну.

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат хьэщIэхэм фIэхъус ярихащ. Абы жиIащ ди къэралхэр илъэс куэд хъуауэ
Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэпыщIауэ къызэрекIуэкIыр, адэкIи щэнхабзэ, спорт, экономикэ, нэгъуэщI IэнатIэхэмкIи зэдэлэжьэну
зэрыщыгугъыр.
Улучай Юнал лIыкIуэхэм къабгъэдэкIыу щIыналъэ унафэщIхэмрэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ фIыщIэ яхуищIащ къызэрырагъэблэгъам, гулъытэ къызэрыхуащIам папщIэ. Абы жиIащ Хэкум къэкIуэн и пэ, УФ-м и лIыкIуэу Тыркум щыIэ Ерхов Алексей ахэр зэрыIущIар икIи къызытекIухьа Iуэхугъуэхэр зэраубзыхуар. «Дытепсэлъыхьащ ди щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм зэрызедгъэубгъуным, ди щIалэгъуалэр еджакIуэ къызэрыдгъэкIуэнум, нэгъуэщIхэми, — жиIащ хьэщIэм.

— Фи щIыналъэм дыкъэкIуэн и пэ, Адыгей Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ дыщыIащ. Ди гъуэгуанэмкIэ ди мурадыр туризмэм зедгъэужьыным и закъуэкъым, атIэ дыхуейщ экономикэмкIи, щэнхабзэмкIи,
егъэджэныгъэмкIи ди зэпыщIэныгъэхэр едгъэфIэкIуэну. Мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, ди еджапIэ нэхъыщхьэхэр зэпыщIауэ щытыным. Мыбы иужькIэ иджыри зэ дыкъэкIуэну дыхуейт адыгэ хьэрычэтыщIэхэм, депутатхэм щхьэхуэу дахуэзэн папщIэ. Дыщогугъ ди зэхущытыкIэхэр нэхъыфI хъуну, нэхъ щIэх-щIэхыурэ дызэкIэлъыкIуэну».

Сэхъурокъуэ Хьэутий хьэщIэхэм яжриIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек сыт щыгъуи зэрызыщигъэгъуазэр хамэ къэралхэм щыIэ ди
лъэпкъэгъухэм я Iуэхум. «Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэгъэпэщыным республикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий и дэIэпыкъуныгъэ хэлъащ. Абы лъандэрэ сыт щыгъуи ди зэпыщIэныгъэр зэредгъэфIэкIуэнум долэжь, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — ЗэрытщIэщи, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэур Тырку Республикэрщ. Дэтхэнэми фIыщIэ хузощI лъэпкъ щэнхабзэр, анэдэлъхубзэр зэрыфхъумэм папщIэ».
ДАХ_м и тхьэмадэм щхьэхуэу фIыщIэ хуищIащ Адыгэ щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я федерацэу Европэм щыIэм и унафэщI Вэрокъуэ Затий жыджэру адыгэ Iуэхум зэрелэжьым папщIэ.
КАФФЕД-м и унафэщIым и къуэдзэ Йылмыз Онер жиIащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм я парламентхэм я сайтхэмкIэ щIыналъэхэм щекIуэкI
Iуэхум зэрыкIэлъыплъыр, арщхьэкIэ урысыбзэр зэрамыщIэм къыхэкIыу гугъу зэрехьыр. «Адыгей Республикэм и Парламентым и сайтым
урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ хъыбархэр зэритыр икъукIэ ди дежкIэ мыхьэнэ зиIэщ. Мы Iуэхур адрей республикэхэми зэраубзыхуным
дегупсысамэ арат», — къыхигъэщащ абы. КАФФЕД-м и генеральнэ секретарь Аталар Омер жиIащ Хэкум пыщIауэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыныр къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжхэм зэрыщыщыр. «Ди зэгухьэныгъэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэщIэзубыдэ IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэу щытщи, псалъэм папщIэ балъкъэрхэм ящыщ куэдми дапыщIауэ дадолажьэ. Iэмалу диIэу хъуар къыдогъэсэбэп ди адэжь Хэкумрэ Тыркумрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ куу тщIыным», — къыхигъэщащ абы.

ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ саугъэтхэмкIэ зэхъуэжащ. Мусуков Алий зэIущIэм и кIэм къыхигъэщащ Урысеймрэ Тыркумрэ зэхущытыкIэфIхэр я зэхуаку зэрыдэлъыр, сыт хуэдэ IуэхукIи зэдэлэжьэну Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыхьэзырыр. «Ди щIыналъэм и туризмэм зыужьыныгъэфI игъуэтащ. 2023 гъэм зыгъэпсэхуакIуэ зы мелуанрэ ныкъуэм нэблагъэ диIащ, ар хуэдищкIэ нэхъыбэт и пэ илъэсхэм елъытауэ. Ар щIыжысIэращи, ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ зывгъэпсэхунуи. Мыр фи адэжь хэкущ, сыт щыгъуи ди гуапэщ фытлъагъуну. Апхуэдэуи къыхэзгъэщыну сыхуейт фи
ехъулIэныгъэхэми дызэрыщыгъуазэр, Тырку Республикэм пщIэ къызэрыщыфхуащIым дызэрырипагэр», — дыщIигъуащ КъБР-м и
Правительствэм и УнафэщIым.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Related posts

Leave a Comment