Новости

АДЫГЭ БЭРАКЪЫМ И МАХУЭ

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!

Нобэ, мэлыжьыхьым и 25-м, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ мы гъэм илъэс епщыкIуплIанэ хъуауэ догъэлъапIэ Адыгэ ныпым и махуэр.
Лъэпкъ къэс езым иIэжщ и къежьапIэ, и тхыдэ, и хабзэ, щэнхабзэм, гъэсэныгъэм ехьэлIа щхьэхуэныгъэхэр. Дэтхэнэми ахэр хуэсакъыу яхъумэ, адрей лъэпкъхэм екIуу я пащхьэ зэрыралъхьэнум, зэрырагъэцIыхунум яужь итщ.
ЛIэщIыгъуитIым нэблэгъауэ адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ ныпым пщIэшхуэ иIэщ, 2010 гъэм щыщIэдзауэ абы и махуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Мы гуфIэгъуэ махуэм зэхыхьэ дахэхэр щрагъэкIуэкI Урысейм адыгэ зэрыс и хэгъэгухэм, дэ лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм.
Зэхуэсхэм къокIуалIэ нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри. НыбжьыщIэхэм адыгэм и тхыдэр, щэнхабзэр ящIэу, Хэкум иригушхуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм пщIэ хуащIыу къэгъэхъунымкIэ мы Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы зи къару хэзылъхьэ псоми фIыщIэ мыухыж яхуэфащэщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм, си щхьэм къыбгъэдэкIыу гуапэу адыгэу щыIэм сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ куэд фиIэну, лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэху куэд влэжьыну!                                                                                                                                            ИугъащIэ, зреузэщI ди адыгэ лъэпкъым! ИрещIэращIэ Хэкур, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, яку дэлъ цIыхугъэ лъагэр нэхъыри быдэ
ирехъу!                                                                                                                                                                                                                                           Адыгэ ныпым и махуэмкIэ!

Сэхъурокъуэ Хьэутий,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Related posts

Leave a Comment