Богус Алий
Егъэлеяуэ ди гуауэ хъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIак1уэ гупым хэту щыта Богус Алий зэрыщымыIэжым и хъыбару къытIэрыхьар. Алий жылагъуэм щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру хэтащ. Адыгэ Республикэм щыIэ Адыгэ Хасэм я гъусэу Алий илъэс куэдкIэ илэжьащ адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт Iуэху дахэ куэд, и псэ емыблэжу, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр ихъумэу. Адыгэ лъэпкъым и къуэ пэжхэм ящыщ зым, ныбжьэгъу пэжу щытам и фэеплъ нэхур адыгэхэм ягу илъынщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр дунейм ехыжа Богус Алий и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ дахуогузавэ.
Дальше