Новости

ФокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ!

ПщIэ зыхуэсщI ди  лъэпкъэгъу лъапIэхэ!

ФокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ! Мы махуэшхуэр дуней псом адыгэу тетым, ди лъэпкъым и ныбжьэгъуфIхэм илъэс епщIанэ хъуауэ зэдыдогъэлъапIэ. Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Мы гуфIэгъуэр и дамыгьэщ лъэпкъым и щхьэ кърикIуа лъэпощхьэпохэм имыгъэдзыхэу нобэм къызэрысам, бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр зыхъумэфа ди лъэпкъым къикIуа тхыдэ гьуэгуанэм.

Нобэ адыгэхэр щIыпIэ  зэмылIэужьыгъуэхэм щопсэу икIи лъэпкъ хабзэхэр хуэсакъыу зэрахъумэр, мамырыгъэм, гуапагъэм, захуагъэм я телъхьэу зэрыщытыр дэни щагъэлъагъуэ. Адэ хэкужьым и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ лъэпкъ куэд щыпсэу Урысей Федерацэм и гъащIэм.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIэ, си щхьэкIэ гуапэу  сынывохъуэхъу нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэмкIэ —  Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкIэ! Си гуапэщ фIы куэд къытхудэкIуэну, ди лъэпкъым и зыужьыныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ ефIакIуэу, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм  зиужьу дяпэк!и дыкIуэтэну!

Узыншагъэ, мамырыгъэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну сывохъуэхъу!

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

 

 

Related posts

Leave a Comment