Дунейпсо Адыгэ Хасэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Зэрызыхуагъазэр
ПщIэ зыхуэтщI Владимир Владимир и къуэ!
Сирие Хьэрып Республикэм илъэсым щIигъуауэ политикэ зэпэщIэувэныгъэр щызэщIоплъэ. Правительствэм и дзэмрэ оппозицэ зэщIэузэдамрэ я зэныкъуэкъум хокIуадэ Урысейм и хэкуэгъуу Сирием щыпсэухэм ящыщ куэд, абыхэм яхэтщ адыгэхэри.
УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и лIыкIуэ гуп Сирием щыIащ щытыкIэр зрагъэлъагъун, УФ-м и хэкуэгъухэмрэ ди лъэпкъэгъухэмрэ яхуэзэн папщIэ. Абыхэм яхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, правительствэм емыпха зэгухьэныгъэхэми я лIыкIуэхэр. СХьР-м щекIуэкIыр зи нэкIэ зылъэгъуа лIыщхьэхэм жаIауэ щытащ Урысейм и хэкуэгъухэри ди лъэпкъэгъухэри щытыкIэ гугъу къызэрихутар, абыхэм ящыщ куэдым Урысей Федерацэм къэIэпхъуэжыну гупыж зэраIэр.
СХьР-м щыщ ди лъэпкъэгъухэр зэрыхуа щытыкIэр зыхуэдэми ахэр адэжь щIыналъэм къэкIуэжыну зэрыхуейми УФ-м и Жылагъуэ палатэм щытепсэлъыхьауэ щытащ. Абы къыщагъэлъэгъуа чэнджэщхэр хуагъэхьащ УФ-м и Президентми, щIыналъэ властхэм я органхэми.
Зи ныбжь хэкIуэта, бзылъхугъэ, сабий куэд нобэ гугъу щохь Сирием. Лажьэ лъэпкъ зимыIэ цIыхухэр хокIуадэ, мин бжыгъэм лей къатохьэ. ЗэщIэузэда къарухэм я зэпэщIэувэныгъэхэм я зэранкIэ, ди хэкуэгъухэр а къэралым къикIыжу Урысейм къагъэзэжыну Iэмал ягъуэтыркъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ цIыхубэмрэ я жэрдэмкIэ ди лъэпкъэгъухэм зэрызащIэдгъэкъуэн Iэмалхэр къызэдгъэпэщри, языныкъуэхэм хэкум къагъэзэжащ. Ауэ, зауэр щызэщIэплъэ къэралым ди хэкуэгъухэр дяпэкIи къитшыжын папщIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ дызэрыхуейр нэрылъагъущ.
ПщIэ зыхуэтщI Владимир Владимир и къуэ!
Урысей Федерацэм ис цIыхубэм щыщ лъэпкъхэр къызэрыпщыгугъым и кууагъымрэ жэуаплыныгъэмрэ зыхэтщIэу, дынолъэIу, Сирием щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэр къегъэлыным, адэжь лъахэм къэшэжыным пыщIа Iуэхухэм я хэкIыпIэхэр бубзыхуну.
Ажахъуэ Къэнщобий, ДАХ-м и тхьэмадэ
Источник: газета «Адыгэ псалъэ»