Адыгэбзэ

Узэкъуэтмэ-улъэщщ

Къущхьэ Iимад и гъэсэнхэр щIыгъуу. СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ: Индрис Сибай, Кифри Iэдгъэн, Къущхьэ Iимад, Талъостэн Сипсэ, Хьэтукъ Нурэ

 

Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэ­щIэщым къытхуеблэгъащ Сирием къикIыжу адэжь хэкум щыпсэуну къэ­кIуэжа, СХьР-м дзюдом­кIэ и чемпион Талъостэн (Къуэшрокъуэ) Сипсэрэ абы и гъэсакIуэ Къущхьэ Iимадрэ. Я щыIэкIэ-псэукIэм, дяпэкIэ ящIэ­ну я мурадхэм дыщы­щIэупщIэм, ди хэкуэгъу­хэр я гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ. Абыхэм жаIащ хэкум къэкIуэжыну куэд щIауэ зэры­щIэ­хъуэпсыр, ауэ гугъусыгъу гуэрхэм ирихьэ­лIэурэ я Iуэхур кIыхь­лIыхь зэрыхъуар. ЩIэ­щы­гъуэ тщыхъуа хьэщIэ­хэм упщIэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэмкIэ захуэдгъэзащ, дауи, дымыгъэ­щIа­гъуэу къэнакъым, дзюдом дихьэхым и мыза­къуэу, а спорт лIэужьы­гъуэмкIэ чемпион хъуа адыгэ пщащэ зэкIужым и хъыбарыр.

 

 

  — Сипсэ, уи цIэ дахэр, гъэщIэгъуэныр хэт къып­­­­­фIища?

— Си анэшхуэм къыс­фIи­щащ. И хэкур, лъэпкъыр егъэлеяуэ фIыуэ илъагъурт, уеблэмэ, мы жэнэт щIыналъэм зэи дызэрыщымыIам хуэдэу, дэри дигъэлъагъун хузэ­фIэкIащ. Си адыгэ унэ­цIэр Къуэшрокъуэщ. Си адэ-анэм къызжаIэ зэпытт Кавказыр ди лъахэу зэрыщытыр, абы и дахагъэм щIэмычэу тепсэлъыхьхэрт. Ди хабзэхэм къытхутепсэлъы­хьым и мызакъуэу, дызэрагъэсар, къытхалъ­хьар адыгэ хьэл-щэнырщ, дуней тетыкIэрщ. Иджы хуабжьу сыщогуфIы­кIыж абы. Я хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр, я гум        хуилъ хуабагъэр сысейми къралъхьэфащ. Сызэрыадыгэр сщагъэгъупща­къым. Си адэр хуиту адыгэбзэкIэ мэпсэлъэф, сэ иджыри фIы дыдэу сщIэркъым. НобэкIэ си мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ анэдэлъхубзэр адыгэм зэрищIэн хуейм хуэдэу зэзгъэщIэныр. Ар лъапIэныгъэшхуэу сэ къызолъытэ.

— Иджы япэу Къэбэрдейм укъэкIуауэ ара? Сыт гъэщIэгъуэну щыплъэгъуар? Узыпэмыплъа гуэрхэм уаIущIа?

 — Пэжыр жысIэнщи, иджыри къэс слъэгъуа псори сигу ирихьащ. ГъэщIэгъуэнщ, мы щIы­пIэр зэрыдахэр къыз­жа­Iэрт, ауэ си нэкIэ слъэ­гъуа иужькIэщ хьэкъыу щыспхыкIар. Хьэрып къэ­ралхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щыпсэухэм я хабзэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, дауи, зэте­хуэркъым. Ауэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я деж зэщхьэщыкIыны­гъэш­хуэ щыслъагъур­къым. ЗэрыжысIащи, дэ дызыхуагъэса, дызыщIапIыкIаращ мыбыкIи щытепщэр, ар уи гуапэ мыхъуу къанэркъым. Адыгэлъ зэрысщIэтыр нэсу къыщызгурыIуар адэжь хэкум и хьэуа къабзэмкIэ си гум щызу сыбэуа нэужьщ. Мыбы зэ къэкIуэжам игъэзэжын мурад иIэну си фIэщ хъуркъым. Гуми, псэми, акъылми зыщигъэпсэху, арэзы щыхъу щIыпIэщ мыр.

 

Хьэтукъ Нурэрэ Талъостэн Сипсэрэ

 

— Къэбэрдей-Балъкъэрым фыкъэкIуэнымкIэ хэт сэбэп къыфхуэхъуа?

— Сирием къыщыщIэ­дза­уэ мыбы къэс ди Iуэху дэзыгъэкIар, сыткIи зы­къыт­щIэзыгъэкъуар «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэщ. Икъу­кIэ фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ къалэнышхуэ я пщэ зэрыдэлъым, лъэпкъым зэрыхуэлажьэм щхьэкIэ. Ахэр «пэрыт» дыдэщ. Дэнэ дыкIуэн хуейми ди япэ иту макIуэ, йопса­лъэ, дэ дащIыгъу къудейщ.

 

— Бзылъхугъэр дэзы­хьэх Iуэхугъуэ зэмы­лIэу­жьыгъуэ куэд щы­Iэщ, спортым ухыхьа зэрыхъуам утезгъэпсэлъыхьынут.

— Спортыр сызэры-цIыкIу­ри фIыуэ солъагъу. Дзюдом хуагъасэу клуб гуэр щыIэу зэхэсхати, абы сыкIуэн щIэздза иужьщ къыщысщIар ар сысейуэ зэрыщытыр, зан­щIэуи сыдихьэхащ. Къару гъэпщкIуахэр къызы­къуэсхыу си гъусэхэм ящыщ къытездзэф, хэз­гъа­щIэ щыхъум сыдихьэ­хыпащ. А спорт лIэужьы­гъуэм хэтхэм я ехъулIэ­ныгъэхэм сакIэлъыплъ, садэплъей, сехъуапсэ хъуащ, ар спортыр си пкъынэлъынэм хыхьэу щIидзауэ арат (мэды­хьэшх).

— Сыт хуэдиз гугъуехь дэпшэча уи текIуэны­гъэхэм, сыт а псом нэхъ хьэлъэ дыдэу хэтар, хэт дэIэпыкъуэгъу къыпхуэ­хъуа текIуэныгъэхэр зыIэрыбгъэхьэнымкIэ?

— Шэч хэмылъу, фIы­щIэр зейр си гъэса­кIуэрщ. Аращ сыт щы­гъуи сытезыгъэгушхуэр, къыздэIэпыкъур. Спор­тыр фIыуэ сигъэлъагъури, нэхъри сыдригъэхьэхыжащ. Абы и гумызэ­гъа­гъым къысхуихьауэ къысщохъу сэ нобэ ехъу­­лIэныгъэу сиIэр. Дауи, сэри текIуэныгъэм сы­щIэ­хъуэпсырт, къэз­мыхь­мэ, Iимад игу къызэреуэнур, зэрыгузэвэнур сщIэрти, нэхъ ерыщу сызауэрт. ЗыгуэркIэ къызэмыхъулIамэ, дызэпсэлъэжырт, си щыуагъэхэм гу лъызигъэтэжырти, адэкIэ дылажьэрт.

Къущхьэ Iимад: Илъэсибл мэхъу Сипсэ дэлэжьэн зэрыщIэздзэрэ. Илъэ­сипщI ныбжьым иту къэсщтауэ щытащ. Ди гъэсапIэ унэм и нэ­хъыщхьэр сэращ. Адыгэ щIалэхэри пщащэхэри къокIуалIэ, абыхэм ехъу­лIэныгъэфIхэр яIэщи, дегъэгуфIэ.

— Iимад, текIуэныгъэ къызэрихьынумкIэ гугъэ уигъэщIу зыгуэркIэ адрейхэм къащхьэщыкIрэт Сипсэ?

— Псом япэращи, Сипсэ дзюдор фIыуэ илъэ­гъуащ. ЦIыхум ищIэ Iуэ­хур фIыуэ щилъагъум деж къемыхъулIэнкIэ Iэ­мал иIэкъым. Хъыджэбз­хэр къэгъэнауэ, щIалэ­хэм ебэну щIидзэри, къытридзэ, къриуд хъуащ, и къарум, зэфIэ­кIым уа­гъэгуфIэу хэхъуэ зэпытт. ИлъэсищкIэ иджыри дыздэлажьэри, утыку дихьэ хъуащ. Япэу Сириерат и зэфIэкI щигъэлъэгъуар, езыр ныбжькIэ зыхуэ­кIуэр нэхъ цIыкIухэра­ти, абыхэм я деж щыте­кIуащ. ИлъэситI дэкIа нэужьи, и ныбжьхэм яте­кIуащ, итIанэ щIалэ­гъуа­лэ гупми пашэ щыхъуащ. Абы и ужькIэ Къухьэ­пIэм­кIэ щыIэ къэралхэм я спортсменхэр зыхэт зэхьэзэхуэ дыкIуати, абы етхуанэ увыпIэр къыщихьащ. Тыркум щекIуэкIа зэпеуэм щыIати, япэр щызыIэригъэхьащ. Школ нэужьым, университетым и пэ ит еджапIэм щIэ­тIысхьэри, еджэным къыкIэрымыхун папщIэ, дзюдор тIэкIу къызэтед­гъэу­выIащ. ЖысIэну сыхуейт Сипсэ еджэнми фIы дыдэу зэрыхэзагъэр, а лъэныкъуэри къызэ­рехъулIэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди къэралыр зыхэт хьэлэбэлыкъхэм ди Iуэхур къызэтрагъэу­выIащ, Сипсэ и адэжь хэкум къигъэзэжащ, университетым и инджылызыбзэ къудамэм щIэ­тIысхьэну и мураду.

— Сипсэ, еджапIэ нэ­хъыщхьэр къэбухмэ, СХьР-м бгъэзэжыну уи мурад хьэмэрэ укъанэмэ нэхъ къапщтэрэ?

— Ди лъабжьэр, ди унэр Къэбэрдейращ. Дыкъэ­кIуэжын папщIэ гугъуехь куэдым дыхэтащ, «Гъуэгу техьэ къытенэркъым», – жеIэ адыгэм, мурад тщIар къыдэхъу­лIащ. ДыкъэкIуэжыну Iэмал щыдгъуэтакIэ, мыращ дыщыпсэунур.

— Спортым нэмыщI, нэ­гъуэщI сытым уди­хьэх­рэ?

— Еджэныр фIыуэ со­лъагъу. Си къару пэлъэщыху зызужьын мурад сиIэщ.

— ДяпэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр уиIэ, дэнэ лъэ­ныкъуэкIэ хэбгъахъуэмэ нэхъ къапщтэрэ?

— Шэч хэмылъу, дзюдом сыкъыхэкIыжынукъым, ар сэ сщыщ гуэр хъуащ. Къарууэ сиIэр есхьэлIэ­нущ, щапхъэ схуэхъуахэм салъэщIыхьэн, итIа­нэ нэхъыфIыж сыхъун папщIэ. ЛъагапIэщIэхэм сахуэпабгъэ зэпытщ. Дауи, сэ къызгуроIуэ, спорт ехъулIэныгъэхэми нэгъуэщI Iуэхугъуэ псоми щIэныгъэр я лъабжьэу щытын зэрыхуейр. Зыр фIыуэ солъагъу жыпIэу а зы лъэныкъуэм фIэкIа утемылажьэу упсэу хъунукъым. Плъыфэ куэду зэхэлъ гъащIэм къыщыпщхьэпэжынур пщIэну­къым…

— Iимад, щIэблэр ирибгъасэу щэху гуэр уиIэ?

— ЩIалэгъуалэр си деж япэу къызэрыщIыхьэу къыщIэкIуам и щхьэу­сыгъуэмкIэ соупщI: «Уи зэш тебгъэуну ара хьэмэрэ чемпион ухъун мурад уиIэ?». Дызэдэлэ­жьэн щIэддза иужь сахо­плъэри, нэхъыфIу джэгухэр къахызох. ИтIанэ яжызоIэ нэхъыфIу зы­къэзыгъэлъагъуэхэр къыхэсхыу нэхъыбэрэ сазэрыдэлэжьэнур, зэхьэзэхуэхэм зэрахуэзгъэхьэзырынур. ЩIалэгъуалэр абы къызэщIегъаплъэри, жэуаплыныгъэ нэхъыбэ яхэлъу загъасэу щIадзэ. Адрейхэм къахэжаныкI, зэхьэзэхуэхэм япэ увы­пIэхэр щызыIэрызыгъэ­хьэ, Сипсэ хуэдэу сиIэ гъэсэнхэр щапхъэу къахузохь, «Фэри абыхэм ещхь фыхъунущ», – жыс­Iэурэ тызогъэгушхуэ. Тегушхуэныгъэ яIэн  хуейщ гъэсэнхэм. Зэры­те­кIуэ­нур езыхэм я фIэщ хъужмэ, ар лъагапIэш­хуэ­хэм я къежьапIэу къы­­золъытэ.

— Уэ езым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр уиIэ спорт и лъэныкъуэкIэ?

— Бгырыпх фIыцIэм и еплIанэ нагъыщэр сиIэщ. Спортым къищынэмы­щIауэ, спорт зэхьэзэ­хуэхэм я къызэгъэпэщынри къызохъулIэ, зэдэджэгунухэр убзыхун, зэхуэгъэзэн ехьэлIауэ нэгъуэщI лэжьыгъэ зэ­хуэмыдэхэри изогъэ­кIуэкI. Апхуэдэу сэрэ нэгъуэщI зы щIалэрэщ Сирием исыр. 2006 гъэм япэ классым и тренер сыхъуащ. Судьяуи солажьэ. Мыбдежми, лъэныкъуэ куэдкIэ сыщылэжьэфынущ хэплъыхь сымыщIу, Хэкужьым зы­гуэркIэ сыкъыхуэсэбэпыну сщIэмэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ди хэку дисыжщ.

 *   *   *

Ди хьэщIэхэм хэхэс гъащIэм я Iур ткIыбжь къищIами, зэнзэныпсу къабзэу хэкум къыщыщIэж псым и зы Iубыгъуэм ящигъэгъупщэжащ.

Гугъущ лъабжьэншэу, щIэрыщIэу псори щызэбгъэпэщыжым и деж. Абы текIуадэ лэжьы­гъэм, къарум къищынэ­мы­щIа­уэ, шыIэныгъэшхуэ, гу­гъэшхуэ, лъэпкъ лъагъуныгъэ куу уиIэн хуейщ. Я къарур зэрымыкIуэ­щIам, лIыгъэ зэрахэлъым уеплъ пэтми, защыбгъэнщIыркъым мыбыхэм. «Ха­мэ хэку сыщытхъэ нэхърэ – си хэкужь сы­щылIэ» жызыIа хэхэсым и псэм щыщIар уигу къе­гъэкI ди хьэщIэхэм уа­щыIуплъэкIэ. Быдэу ди фIэщ мэхъу хамэ къэ- рал къикIыжа ди лъэп­къэ­гъухэр адыгэм и цIэр фIыкIэ Iуным, бэгъуэным зэрыхуэлэжьэнур. Дэри абыкIэ сэбэп да-зэрыхуэхъуным, дазэ-          ры­­къуэувэным яужь дитынщ. Ауэ жаIакъым: «Узэкъуэтмэ – улъэщщ!»

 Сайт «Адыгэ псалъэ»

Щомахуэ Залинэ

Related posts

Leave a Comment