Новости

Осташкэ Андрей адыгэхэм фIыщIэ хуащI

 

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Осташкэ Андрей ирет «Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ ирокъу» медалыр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къригъэблэгъауэ мы махуэхэм Налшык щохьэщIэ Осташкэ Андрей. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Севастопольская волна» программэм адыгэхэм я тхыдэмрэ я хабзэмрэ ятеухуауэ игъэхьэзыра нэтыным ди лъэпкъым и къекIуэкIыкIам убгъуауэ щытепсэлъыхьащ Украинэм щыщ щIалэр. Ар зыбжанэрэ къигъэлъэгъуэжащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалми.

Адыгэ лъэпкъыр къызэрежьам, зэрихьа диным, щыпсэуа щIыпIэхэм, Уэсмэн къэралыгъуэм адыгэхэр зэрыкIуа щIыкIэм, нэгъуэщI куэдми тепсэлъыхьащ Осташкэ Анд­рей. Илъэс 37-рэ хъу украин щIалэр а Iуэхум дихьэ­ха зэрыхъуам, и гупсысэхэм я тегъэщIа­пIэм, нэгъуэщIхэми зыщыдгъэгъуэ­зэн щхьэусы­гъуэкIэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэ­хъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ди хьэщIэщым къригъэблагъэри, журналистхэм яхуигъэзащ.

ЗэIущIэм и пэщIэдзэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хьэщIэм фIыщIэ хуищIащ апхуэдиз лэжьыгъэ зэрыригъэкIуэкIам папщIэ икIи, щыуагъэ закъуэтIакъуэхэр хэтами, адыгэхэм я къе­кIуэкIыкIар IупщIу къызэригъэлъэгъуэжам арэзы зэрытехъуэр къыхигъэщащ.

УщIэхэм жэуап щаритым, Андрей жиIащ и къэхутэныгъэхэр телевизионнэ нэтын хъуныр езым и жэрдэму зэрыщытыр.

— И щхьэусыгъуэр сэр дыдэм сщIэжыр­къым, ауэ сызэрыцIыкIурэ Кавказым сыдехьэх, – жиIащ Осташкэ. – Адыгэхэр къапщтэ­мэ, абы и «дунейм» сыхэзышар си ныб­жьэгъу, Мейкъуапэ щыщ Iэщын Iэдэму жыпIэ хъунущ.

Андрей зытепсэлъыхьахэм ящыщу журналистхэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнахэм къытеувыIащ, и гупсысэхэр Iуэху пыухыкIахэмкIэ щIигъэбыдэу. ЩIалэр дэзыхьэха лэжьыгъэм дяпэкIэ хуиIэ мурадхэм, тхылъу къыдигъэ­кIынрэ-къыдимыгъэкIынрэ дыщыщIэупщIэм, жиIащ иджыри тхыгъэ зыбжанэ зэриIэр, ахэр псори зэбгъэуIужмэ, тхылъ зэрыхъунур. Ауэ и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр документальнэ фильм трихыну зэрыхуейрщ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хьэщIэм иритащ адыгэхэм, абыхэм я тхыдэм теухуа тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр, ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэр зыдэлъ альбомыр.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Сайт «Адыгэ псалъэ»

 

 

Related posts

Leave a Comment