Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IХ Конгрессым хэта лIыкIуэхэм къащта Зэрызыхуагъазэ тхыгъэхэр
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IХ Конгрессым хэта лIыкIуэхэм Урысей Федерацэм и Президентым,
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советымрэ Къэрал Думэмрэ
ЗЭРЫЗЫХУАГЪАЗЭ
Урысей Федерацэм и Президент
ПУТИН В. В. деж
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым
ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI
МАТВИЕНКЭ В. И. деж
Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым
и Къэрал Думэм и УнафэщI
НАРЫШКИН С. Е. деж
Дэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IХ Конгрессым и лэжьыгъэм хэтхэу Урысейм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ Курытымрэ, Европэм хыхьэ къэралхэм, США-м щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэу щытхэм, гузэвэгъуэ ин ди псэм телъщ цIыху мини 100-м щIигъуу Сирие Хьэрып Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм папщIэ.
Иужьрей зэманым Сирием щекIуэкI зауэм ди къуэшхэм ящыщ куэд хэкIуэдащ, мащIэкъым уIэгъэ хъуахэр, зи унэ-лъапсэхэр, лэжьапIэ IэнатIэхэр зыфIэкIуэдахэр. Псом хуэмыдэу дропIейтей Сирием щыпсэу адыгэхэр а къэралым ис лъэпкъхэр зэпэщIэзыгъэувэ Iэмэпсымэу къагъэсэбэпыну зыгуэрхэр зэрыхущIэкъум. КъищынэмыщIауэ, Сирием и къэрал кIуэцI Iуэхухэм хэIэбэ икIи абы щыIэ адыгэхэр Урысейм пэщIэзыгъэувэну хэт къарухэми я щхьэр къаIэт хъуащ.
Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр гу къабзэу къыхущытщ Урысей Федерацэм, я хэкужьым – Кавказ Ищхъэрэм – хуаIэ пыщIэныгъэхэр ягъэбыдэу. ЩытыкIэ гугъум ихуахэр Урысей Федерацэм щогугъ икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуну. Сирием щыIэ адыгэхэм ящыщу щэ бжыгъэхэр хуейщ Кавказ Ищхъэрэм къагъэзэжыну. Апхуэдэ гукъыдэж зыщI ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэм махуэ къэс хохъуэ. Сирием щыпсэу адыгэхэр я хэкужьым къагъэзэжыну зэрыхущIэкъур къагуроIуэ икIи даIыгъ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я унафэщIхэм, адыгэу дуней псом тетым.
Сирие Хьэрып Республикэм щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэр мамыру зэфIэха хъуным ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и унафэщIхэм яIэ Iуэху еплъыкIэхэр нэсу дыдоIыгъ. Абы къыдэкIуэу ди гугъэщ а къэралым щыпсэу ди лъахэгъухэр къегъэлыным и чэзур къэсауэ.
Абы къыхэкIыу дэ фэ лъэIу инкIэ зыфхудогъазэ, Сирием щыIэ адыгэхэр ди лъахэгъуу зэрыщытым щхьэкIэ, Урысей Федерацэм и дамэпкъ ахэр щIигъэувэну, ихъумэну, дэIэпыкъуну, абыхэм Урысейм къагъэзэжыну хуит ящIыну. Иджыпсту Iуэхум игъуэта щытыкIэм тепщIыхьмэ, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу зыкъытхуэзыгъэза ди лъэпкъэгъухэр пIалъэ къыхэмыгъэкIауэ Сирием къишыжын хуейщ.
Дэ быдэу ди фIэщ мэхъу апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм ди къэралым и пщIэр дуней псом нэхъри зэрыщиIэтынур, Кавказ Ищхъэрэм мамырыгъэр, шынагъуэншагъэр, зэпIэзэрытыныгъэр нэхъри зэрыщигъэбыдэнур.
Налшык къалэ.
2012 гъэ, жэпуэгъуэм и 20
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IX Конгрессым
хэтхэм адыгэ лъэпкъым
Зэрызыхуагъазэ
Дэ псори, нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри, цIыхухъухэри бзылъхугъэхэри, дызэкъуэзыгъэувэр зы бзэ зэрытIурылъырщ, зы хабзэ, зы блэкIарэ зы адэжь лъахэрэ дызэриIэрщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэрыщыIэ илъэс 21-м ди нэгу щIэкIащ зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ. Лъэпкъ зэхэщIыкIыр къыщызэщыуа, официальнэу щымыт зэхыхьэхэр къыщыхъуа зэмани щыIащ, нэхъ фIэщхъугъуей хъуэпсапIэхэри къыдэхъулIэфыну дизыгъэгугъа демократие зэхъуэкIыныгъэшхуэхэми дыхиубыдащ, лъэпкъым ифI зыхэмылъ зэпэщIэувэныгъэ кIыхьлIыхьхэм, ДАХ-м хэт жылагъуэ лэжьакIуэхэри, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м я республикэ унафэщIхэри зэгурыIуэу лъэпкъым и къэкIуэнум ирипсалъэу, зэгъусэу Iуэхухэм я хэкIыпIэр къагъуэтыфу щыщымытам, къарикIуари дгъэунэхуащ.
Нобэ ди жылагъуэ зэгухьэныгъэми, къапщтэмэ, адыгэ лъэпкъми зэрыщыту, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр къытпэщылъщ:
1. Иджырей дунейпсо цивилизацэм ди щэнхабзэ, анэдэлъхубзэ, цIыху зэхэтыкIэ зызыужьа диIэу дыхэтын хуейщ. Псори зрикIуэ зыужьыныгъэ гъуэгум зыкъыхэбгъэщхьэхукIыныр ди зэманым губзыгъагъэкъым, апхуэдабзэу фIым дыхуишэнукъым лIэщIыгъуэ куэдкIэ ди лъэпкъым зэхуихьэса псэкупсэ беягъхэр иткъухьыным, дыхуэмысакъыу ахэр зыфIэдгъэкIуэдыным. Абы къикIращи, дызэкъуэту зыужьыныгъэм и хэкIыпIэщIэхэм дылъыхъуапхъэщ.
2. Лъэпкъ кIуэцI зэхущытыкIэхэм я IуэхукIэ дэ псори – къулыкъуми увыпIэми емылъытауэ – дызэгурыIуэн хуейщ. ЗэрымыщIэкIэ къэхъуауэ е зыгуэрым къызэщIигъэстауэ жылагъуэм къыщыхъу зэпэщIэувэныгъэхэм ДАХ-ми, Адыгэ Хасэхэми, лъэпкъ щэнхабзэми, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэфIхэми я кIуэдыр къикIынкIэ шынагъуэщ. Абы къыхэкIыу, зэгурыIуэмрэ зэхэщIыкIымрэ вгъэнэхъапэу, адыгэ лъэпкъым ифI зыхэлъым сыт щыгъуи фригъуэзэну псори фыкъыхудоджэ.
3. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIафэ псори хуэунэтIащ Кавказ Ищхъэрэм, хамэ къэралхэм я унафэщIхэм ядэлэжьэным. Дэ дрителъхьэщ ди лъэпкъэгъухэр зэгурыIуэу къэгъуэгурыкIуэным, мамырыгъэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ Кавказ Ищхъэрэми, Урысей Федерацэми, КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми щыIэным.
Ди къалэн нэхъыщхьэхэр хыдолъагъуэ Урысейм щыпсэу псоми ядэщIыгъуу, ягурыIуэу адыгэ лъэпкъым зегъэужьыным, гушхуапIэрэ ехъулIэныгъэу абы бгъэдэлъ беягъхэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэным, цIыхубэ цивилизацэм ди лъэпкъым хуэфащэ хэлъхьэныгъэ хуищIыным.
Налшык къалэ. 2012 гъэ, жэпуэгъуэм и 20
Дунейпсо Адыгэ Хасэм Урысей Федерацэм ис адыгэхэм,
хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми
ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭ
Тхыдэ дахэ зиIэ, гъуэгуанэ кIыхь зэпызыча адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ ди анэдэлъхубзэр. Бзэращ лъэпкъым и псэр. Лъэпкъыр лъэ быдэкIэ увыныр, абы и тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм зиужьыныр, цIыхухэм я зэхэщIыкIым зиузэщIыныр – псори зэлъытар бзэм иIэ къарурщ. Адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр.
Анэдэлъхубзэр щIэблэм зэрырагъащIэ Iэмалхэр егъэфIэкIуэным, я бзэм дихьэхыу сабийхэм егъэджыным, адыгэхэм ябгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым ахэр ешэлIэным, хабзэр Iыгъыным хуэлэжьэн хуейщ дэтхэнэ зыри. Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэращи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ.
1936 гъэ лъандэрэ ди тхыбзэм и лъабжьэу къогъуэгурыкIуэ кириллицэр. Ипэ зэманхэм мызэ-мытIэу зэхъуэкIыныгъэ игъуэтауэ щытащ бзэм и макъхэр къызэрагъэлъагъуэ хьэрфхэм: ар зэми хьэрып тхыкIэм, зэми латин лъабжьэм хуагъэкIуауэ щытащ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм хуэпабгъэ яхэтщ нобэрей ди лъэпкъэгъухэми. Ар хуэгъэпсащ лъэпкъым и къарур хуэмурэ щIэгъэкIуэсыкIыным, адыгэр нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэгъэшыпсыхьыжыным. Зэман кIыхь лъандэрэ зы пIэмрэ зы щытыкIэмрэ иту зызыужь адыгэбзэм апхуэдэу удэджэгу хъунукъым. Дуней псом щикъухьа хъуа ди лъэпкъэгъу псори зы бзэкIэ, зы тхыкIэ зиIэ хьэрфылъэм къигъэщI бзэкIэ зэпсалъэу, я Iуэху зэрыщIэу псэун хуейщ. Кириллицэр зи лъабжьэу къэгъуэгурыкIуэ ди анэдэлъхубзэр хуолажьэ а къалэнышхуэм – дэнэкIэ щыIэ ди лъэпкъэгъухэри зэпыщIэжа хъуным.
Зы лъэпкъым щыщ цIыху псори, ахэр зыщыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, зы бзэкIэ псэлъэныр, тхыбзэ зэхуэдэ яIэныр, я алыфбейхэр зэхуэдэу щытыныр – апхуэдэ Iуэху еплъыкIэхэрщ яIэн хуейр хэкупсэу зызылъытэж псоми. Зэлъэпкъэгъу бзэхэм я алыфбейр зэтегъэхуэн, армыхъумэ зы бзэм тхыкIитI-щы къыхуэгъэщIын хуейуэ аракъым. Ар щыуагъэшхуэ хъунущ икIи адыгэу дунейм тет псори къыхудоджэ зэпэIэщIэ дызэхуэзыщIыну а Iуэхугъуэм зыщытхъумэну.
Бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ икIи абы лъандэрэ илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр ягъэлъапIэ. Ди анэдэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ, зы Iэмалщ.
Урысей Федерацэм щызекIуэ хабзэхэм уахэплъэмэ, абыхэм яхэтщ лъэпкъхэм я бзэхэм, щэнхабзэхэм заужьынымкIэ, ахэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ шэсыпIэ хъу къэрал дэфтэрхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «УФ-м и лъэпкъ егъэджэныгъэ концепцэр», «УФ-м 2020 гъэ пщIондэ игъуэтыну социально-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ» программэр, «Егъэджэныгъэм теухуауэ» къэрал хабзэр, нэгъуэщIхэри. Зи гугъу тщIы къэралпсо унэтIыныгъэхэм щIыналъэхэм къащытопщIыкIыж программэ хэхахэр: «УФ-м и лъэпкъ егъэджэныгъэ концепцэм» ипкъ иткIэ ди республикэм щаубзыхуащ «Лъэпкъыбзэхэр зэрадж тхылъхэр егъэфIэкIуэн» республикэ программэр. Абы къыщыгъэлъэгъуа унэтIыныгъэхэм я кууагъымрэ езы программэм лъэпкъхэм я дежкIэ иIэ мыхьэнэмрэ пхуэгъэлъэхъшэнукъым. Ди лъэпкъыбзэм зезыгъэужь зы Iэмалщ КъБР-м и Правительствэм къищта «ХамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэным теухуауэ» республикэ программэр. Абы ипкъ иткIэ хэкужьым щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ хамэ къэралхэм адыгэбзэр щезыгъэдж IэщIагъэлIхэм папщIэ курс щхьэхуэхэр.
Адыгэбзэращ ди тхыдэр, зетхьэ хабзэхэр, адрейхэм дакъызэрыщхьэщыкI ди лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ щIы хъурейм нэгъуэщI лъэпкъыу тетым къезыгъащIэу щыIэр.
Бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъри кIуэдыжынущ.
Дывгъэхъумэ ди анэдэлъхубзэр!
Налшык къалэ.
2012 гъэ, жэпуэгъуэм и 20