ЗыкъэзыщIэж ди лъэпкъым хуэфэщэн хуэдлэжьмэ
Жэпуэгъуэм и 20 – 21 махуэхэм Налшык къалэ щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IX Зэхуэсышхуэр. Фигу къыдогъэкIыж: илъэсищым зэ зэхуэсурэ а пIалъэм къриубыдэу яхузэфIэкIар къыщапщытэжыр, лIыкIуэхэм къагъэув Iуэхухэм щыхэплъэр, къалэнхэр щагъэбелджылыр, ДАХ-м и тхьэмадэр, Советымрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ щыхахыр мыпхуэдэ зэхыхьэращ. ДАХ-м къызэщIеубыдэ адыгэхэр нэхъ зэуIуу щыпсэу республикэхэм, къэралхэм, щIыналъэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэр. Ахэр – Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Шапсыгъым, Тыркум, Иорданием, Сирием, Германием, США-м, Израилым, Абхъазым щыIэ Адыгэ Хасэхэращ. ФщIэн щхьэкIэ: Абхъаз Республикэм щыпсэу адыгэхэмрэ шэрджэс лъэпкъ зэщIэхъееныгъэр зыфIэкъабыл абхъазхэмрэ къызэрагъэпэща Адыгэ Хасэр ДАХ-м къыщыхыхьар 2009 гъэращ – Дунейпсо Адыгэ Хасэм и VIII Конгрессыр Мейкъуапэ щекIуэкIыу.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ икIи къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен.
— Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщам адыгэ лъэпкъым и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ. Нобэ ар зэфIэкI зыбгъэдэлъ, пщIэ зыхуащI дунейпсо зэгухьэныгъэ зэрыхъуар жыпIэмэ, егъэлея хэлъкъым. Псори дызыщыгъуазэ гугъуехьхэм щхьэкIи къэмынэу, ДАХ-р хуолажьэ мамырыгъэмрэ цIыхур фIыуэ лъагъунымрэ яхуэгъэза мурадхэм. Ар икIи гурыIуэгъуэщ: апхуэдэ плъапIэхэрщ адыгэ щэнхабзэмрэ адыгэ цивилизацэмрэ сыт щыгъуи я лъабжьэр. Адыгэхэм я тхыдэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр и тегъэщIапIэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэр Iэдэбу икIи тэмакъкIыхьу толажьэ лъэпкъым и зэхэщIыкIыр къэIэтыным, абы и бзэмрэ и хабзэмрэ хъумэным, тхыдэм и пэжыпIэр убзыхужыным. ДАХ-м иригъэкIуэкI апхуэдэ Iуэху хъарзынэхэр мымащIэми, абыхэм къадэкIуэу къыхэзгъэщынут адыгэхэм я щэнхабзэр къэгъэщIэрэщIэжыным, лъэпкъым и псэупIэ-экономикэ зыужьыныгъэм теухуауэ тщIэн хуейуэ ди къалэным дэ иджыри гъунэ зэридмылъар, – жиIащ Къанокъуэм.
АдэкIэ и псалъэр зытеухуауэ щытар щIапхъэу къилъытэрщ.
— Япэрауэ, – къыхигъэщащ абы, – къаруушхуэ ехьэлIапхъэщ адыгэхэр зэкъуэзыуд Iуэхухэр къызэнэкIыным. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ, псоми я зэхуэдэ хабзэ мардэхэм тету, ди щIыналъэми Урысей къэралым ис лъэпкъ псоми я сэбэп зыхэлъхэр фIэкIыпIэ имыIэу къэлъытауэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я къэрал, жылагъуэ, къинэмыщI IуэхущIапIэхэр адэкIи зэпэгъунэгъу щIыным. ЕтIуанэрауэ, адыгэ лъэпкъым къыпэщыт тхыдэ къалэнхэр щытхудэгъэкIынур демократиемрэ федерализмымрэ зегъэужьыным и гъуэгум тету Урысей къэралыгъуэр дгъэбыдэмэщ. Апхуэдэ лэжьыгъэм хэтыныр адыгэхэм я дежкIэ щыIэкIэ-псэукIэ, политикэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэну щытыпхъэщ, сыту жыпIэмэ Урысейм хуэдэу лъэпкъ куэд щыпсэу къэрал иным цIыхум и хуитыныгъэхэр щыхъумэнымкIэ, лъэпкъхэм я бзэр, щэнхабзэр, хабзэр къызэтегъэнэнымкIэ шэсыпIэр демократиемрэ федерализмымрэщ. Ещанэрауэ, Урыс-Кавказ зауэм кърикIуахэр, абы щыщу нэхъыщхьэ дыдэр – адыгэхэм я нэхъыбэр хамэ къэралхэм зэбгрыдза зэрыщыхъуар – нэсу псоми къыщалъытэнкIэ хъунур, дуней-псо хабзэхэм къадэкIуэу, Урысей Федерацэм и законодательствэмрэ ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу къэралхэм я законодательствэмрэ ткIийуэ дытет нэужьщ, – жиIащ Къанокъуэ Арсен икIи и псалъэм къихигъэщащ ДАХ-м и лэжьыгъэр лъэпкъыр зэщIэгъэуIуэжынымрэ зэкъуэгъэувэжынымрэ хуэунэтIауэ щытыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Къанокъуэм и псалъэм къыхигъэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм Iуэху гъэбелджыла иIэу мылъку щхьэкIэ къанэмэ, сыткIи къыдэIэпыкъуну зэрыхьэзырыр.
ПсэлъапIэм къытехьащ ДАХ-м и Президент Ажахъуэ Къанщобий.
Абы и псалъэр кIыхь ищIакъым, «Дэфтэр хъумапIэхэмрэ жылагъуэхэмрэ» журналым и 23-нэ къыдэкIыгъуэр зэрыщыту ДАХ-м 2009 – 2012 гъэхэм ищIахэм траухуэри зэхуэсым хэтыну лIыкIуэхэм ипэIуэкIэ хуагуэшати. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, мы щIэныгъэ-узэщIакIуэ журналыр 2006 гъэ лъандэрэ къыдокI «Бум-Банк» банкым и мылъкукIэ.
Къанщобий Iуэхугъуищ къыхигъэщащ, езым гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэу къилъытэм щыщу. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэ лъэпкъым и Iуэхур зытетыр щIэныгъэ бгъэдыхьэкIэкIэ къызумыгъэпщмэ, псалъэмакъ лейкIэ укIуэтэфынукъым. ЕтIуанэрауэ, ДАХ-ри щIыналъэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэри я къалэнхэм зэрыпэлъэщын къызэгъэпэщыкIэ яIэн хуейщ. Ещанэрауэ, ДАХ-р, Адыгэ Хасэр здэщыIэ къэралхэм, дуней псом щызекIуэ Iуэхугъуэхэм зэрыхэтыфыну щIыкIэр гъэбел-джылауэ зэрыщытыпхъэрщ.
Езым япэ IуэхумкIэ куэд яхузэфIэмыкIауэ къилъытащ, тхылъ закъуэтIакъуэхэр къызэрыдагъэкIар мыхъумэ. «ЕтIуанэм и гугъу пщIымэ, ДАХ-м IуэхущIапIэ иIэ хъуащ, цIыхуитху щылажьэу. Ещанэм теухуауэ жытIэфынури мащIэщ. Къыхэбгъэщмэ, УФ-м и Къэрал Думэм дэри ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм лIыкIуэ къащIахэри зэ дынэсыфауэ аращ, апхуэдэ зэхуэзэм пытщэну дызэгурыIуами, тхузэфIэкIакъым», – жиIащ Къанщобий.
Абы адыгэ Iуэхур зыгъэкIуэтэн нэщэнэфIу къилъытащ Сирием ди лъэп- къэгъухэр къишыным теухуауэ ФедерацэмкIэ Советым зэрыщызэпсэлъар, Матвиенкэ Валентинэ и унафэкIэ сенатор гуп Дамаск зэрагъэкIуар. Сирием къыщыхъея зауэм ди лъэпкъэгъухэр къыхэшыным, а къэралыр зыбгынахэм егъэзыпIэ къахузэгъэпэщыным дуней псом щикъухьа адыгэхэр зэрахузэфIэкIкIэ зэрытелажьэр Ажахъуэм къыхигъэщащ икIи къилъытащ ар ди лъэпкъыр зэрызэкъуэтым и щапхъэу.
Къанщобий жиIащ адыгэ лъэпкъыр зыуэ къалъытэным («черкес» псалъэм зэрипхыу) щIэныгъэ лъабжьэ къызэрыхузэрагъэпэщар. Зи гугъу ищIыр 2010 гъэм гъатхэпэм и 29-м ДАХ-м и тхьэмадэ Ажахъуэ Къанщобий РАН-м Этнологиемрэ АнтропологиемкIэ и институтым Кавказым и лъэпкъхэмкIэ и къудамэм зыхуигъэзауэ зэрыщытаращ убыххэр, шапсыгъхэр, адыгейхэр, шэрджэсхэр, къэбэрдейхэр зы лъэпкъым и къудамэу убж хъун-мыхъуным теухуауэ щIэныгъэлIхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр жригъэIэну хуейуэ. МахуипщIым къриубыдэу ДАХ-м къыIэрыхьэжащ и упщIэм и жэуап, РАН-м и член-корреспондент, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Арутюнов С. А. и Iэ щIэлъу. Абы къызэритхымкIэ, адыгэ-черкесхэр зы лъэпкъщ. Абы щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэри щIэныгъэлIым IупщIу къитхащ.
Ажахъуэм къыхигъэщащ зы лъэпкъыу дуней псом дыкъыщалъытэнымкIэ щIэныгъэ лъабжьэ щыIэ щыхъуакIэ, а лэжьыгъэм пыщэн хуейуэ, иджырей политикхэри абы еувэлIэн папщIэ.
«Зи лъабжьэ дгъэтIылъа Iуэхухэр инщ, илъэсищкIи илъэсиблкIи пхуэмыухыну. ДАХ-м щIыналъэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэр зригъэуIунращ и къалэн нэхъыщхьэр. Дэ дылэжьэнумэ, ДАХ-м и Уставри къэралым щызекIуэ хабзэхэри зэран къытхуэхъуркъым, ди гупсысэкIэр тхъуэжын хуейуэ аращ. ДАХ-р зэхуэсрэ унафэ къищтэмэ, ар зыгъэзэщIэн хуейр нэгъуэщI хуэдэу къэзыщыхъу хэтщ Хасэм. Дэтхэнэри дылэжьэн хуейуэ аращ, зыми зыкIи дыщымыгугъыу.
Зыгуэр тщIэфамэ, ар я фIыщIэщ ДАХ-м и IуэхущIапIэм щылажьэ цIыхуитхум, щIыналъэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм, ФедерацэмкIэ Советым щыIэ Къэжэр Альберт, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ я Правительствэхэм жылагъуэ организацэхэмкIэ я къудамэхэм. КъБР-р къапщтэмэ, ар Пащты Борис зи унафэщI комитетращ. ФIыщIэ хузощI КъБР-м и Архив къулыкъум и унафэщI Къарэ Арсен, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий, ди лъэпкъэгъу къэзыгъэзэжахэм къызэрагъэпэща «Пэрыт» организацэм, адыгэ жылагъуэ организацэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу Советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий сымэ. Зи цIэ къизмыIуа къэнамэ, ахэмрэ мы зи гугъу сщIахэмрэщ зи фIыщIэр зыгуэр тхузэфIэкIыххамэ. ФIыщIэ фхузощI псоми», – жиIащ Ажахъуэм.
Псалъэ иратащ Иорданием и ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэКъардэн Самир. Абы фIыщIэ хуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. «Адыгэ псоми уазэрылъэIэсыфым, уазэрыдэIэпыкъум щхьэкIэ фIыщIэ пхудощI», – жиIащ Къардэным, икIи зи лIыкIуэ Хасэм и дамыгъэр Къанокъуэм иритащ. А дамыгъэ дыдэр иритащ Ажахъуэ Къанщобии, илъэсищым хузэфIэкIар, гугъу зэрызригъэхьар къалъытэу. Къардэным и гугъу ищIащ Сирием икIыу Иорданием кIуа адыгэхэм я Iуэхур зытетым. Къыхигъэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм ди лъэпкъэгъухэр хэкум къишэжыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ къызэрыпэщытыр.
Тыркум щыIэ Хасэхэм я зэгухьэныгъэм (КАФФЕД) и унафэщI Шыгъэлыгъуэ Уэджит зыгъэгузавэу зи гугъу ищIар Сирием къикI адыгэхэр аргуэру зэрызэбгрыкIырщ. «Тыркум къихьа зы адыги шэтырым щIэдгъэсакъым, фэтэрхэу къахуэтщта унэхэм щIэсщ». Квотэр яухауэ жаIэри, Урысейм кърагъэхьэркъым. Мыхэр зауэм кърихужьащ, щхьэ квотэм хиубыдэн хуей? – жиIащ Уэджит икIи лъэIуащ ДАХ-м и унафэщIу хахынум мы Iуэхур псом япэ иригъэщу телэжьэну.
Конгрессым и лэжьыгъэм хэтщ адыгэ щIалэгъуалэм я лIыкIуэхэри.
Сирием и ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Гугу (Исхьэкъ) Акрэми зытепсэлъыхьар я къэралым илъ гузэвэгъуэращ. Ауэ абы и пэкIэ Къанокъуэ Арсен фIыщIэ хуищIащ. «Сирием уныщыкIуам къыдэпта доллар мини 160-мкIэ Хасэм и унэ, сабийхэм адыгэбзэ щедгъэджын школ диIэ хъуащ. Дызыхэс лъэпкъыр нэгъуэщI нэкIэ къыдэплъащ, президент зиIэ зы лъэпкъым дызэрыщыщыр, ди щIыбагъ ди хэку къызэрыдэтыр къагурыIуати», – жиIащ Акрэм. Ар тегузэвыхьащ Сирием къикIыжыну хуей адыгэхэм Урысей посольствэу Дамаск щыIэм визэ къызэрыщрамытыжым, Налшык къэсыжыфахэм я документыр зэфIэмыхьэурэ мазищ пIалъэр зэрикIым, а щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу, адыгэхэр нэгъуэщI къэралхэм кIуэн хуей зэрыхъум.
КIэлъыкIуэу къэпсэлъащ щIыналъэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Тэм-жьыкъуэ Умар-Фарукъ (Германие),ХьэфIыцIэ Мухьэмэд (зи гугъу ищIар Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрыхъум етщIылIэну Iуэхухэр гъэбелджылын зэрыхуейрщ), КIэкIыхъу Мэжид(Краснодар край, Шапсыгъ), Шэрджэс Мухьэмэд (КъШР), КIэрмыт Мухьдин, Едыдж Бэтрай (Адыгей),Шурдым Гюнсель (Истамбыл) сымэ. Мы псоми жаIам нэхъыщхьэу хэлъыр хэхэсхэр ХасэхэмкIэ, адыгэбзэ щадж школхэмкIэ хъума зэрымыхъурщ, ахэр зэрыхэшэпсыхьыжырщ, хэкум щыпсэу адыгэхэр зы литературэбзэм дыхуэмыкIуэфмэ, зы алыфбейм дытехьэ щIэмыхъурщ, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм я парла-ментхэм я ассоциацэ къызэгъэпэщыныр зэрафIэигъуэрщ.
ДАХ-м и къэпщытакIуэ гупым хэт МэшхуэфI Нэждэт кIэщIу тепсэлъыхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм иужьрей илъэсищ пIалъэм ахъшэу къыхэхъуамрэ къигъэсэбэпамрэ.
Конгрессым хихащ къыкIэлъыкIуэ илъэсищым ДАХ-м и тхьэмадэу, абы и къуэдзэу щытынухэр, Советымрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтынухэмрэ (ахэр щхьэхуэу тыдодзэ). АбыкIэ иухащ Зэхуэсышхуэм и япэ лэжьэгъуэ махуэр.
ЕтIуанэ махуэм лIыкIуэхэр тепсэлъыхьащ ДАХ-м и Уставым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн хуейуэ къызэрагъэувам. ЗэгурыIуащ, гуныкъуэгъуэ щыIэхэр къэлъытауэ, ГъэзэщIакIуэ гупым и лэжьэкIэм зебгъэхъуэжмэ, Уставым уемыIусэу Iуэхур зэфIэкIыну.
ЕтIуанэу зи гугъу ящIар Сочэ щекIуэкIыну Олимпиадэм а щIыналъэр зей адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къыщыгъэлъэгъуа зэрыхъуну щIыкIэрщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ ДАХ-м и иужьрей унафэщIхэр а Iуэхум емызэшыжу зэрыпылъар, къэрал къулыкъущIэ зэхуэмыдэхэм хуатхамрэ жэуапу къаIэрыхьамрэ зыгуэр къикIыххэнумэ.
2010 гъэм гъатхэпэм и 10-м УФ-м и Президент Медведев Д. А. хуатхам и жэуап къратыжащ Президентым и Администрацэм цIыхухэмрэ организацэхэмрэ къатххэм елэжь и Управленэм, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «Оргкомитет Сочи 2014» АНО-м и вице-президент Вульф А. Ю. сымэ къабгъэдэкIыу. Пэжщ, мыхэм ящыщ зыми пыухыкIауэ жиIакъым Олимпиадэр къыщызэIуах-щызэхуащIыжкIэ а щIыналъэр зей адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ сыт хуэдэу къыхэщынуми. Аращ аргуэру а Iуэхур къаIэтын хуей щIэхъуари.
ДАХ-м Абхъаз Хасэр къыхэгъэхьэжыным (ахэр зэгъусащ къыщызэрагъэпэщым щыгъуэ) тепсэлъыхьащ Тыркум щыпсэу абхъазхэм лIыкIуэ къащIам къыхилъхьэри. АрщхьэкIэ ядакъым, Абхъаз Республикэм щыпсэухэм апхуэдэ Iуэху зэрахуэу зэрыщымыгъуазэм, Тыркум, Сирием, адрей къэралхэми Кавказ Ищхъэрэм икIауэ щыIэ лъэпкъхэр зэрызэхэтымрэ хэкум исхэмрэ я Iуэхур зэрызэхуэмыдэр жаIэри. Къыхагъэщащ бзэм и Iуэхури. Конгрессым къакIуэ абхъазхэмрэ абазэхэмрэ гукъеуэ яIэт ар адыгэбзэкIэ зэрекIуэкIыр: зы Хасэм щыхэткIэ, я бзэмкIи лэжьэну хуейт. Ауэ адыгэхэмкIэ ар хьэлъэ хъут. Пэжыр жыпIэмэ, дэнэ къэрал къикIа адыгэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ и анэдэлъхубзэмкIэ Iуэхум тепсэлъыхьу унафэ ищIыным. УащыкIэлъыплъкIэ, болъагъу, я бзэр зэрагъэлажьэм я гур зэрыхигъахъуэр, езыхэми я бзэр кIуэ пэтми нэхъ бей зэрыхъужыр. Зи къэралыгъуэ зыгъуэтыжа абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ къалэну къапэщытхэмкIэ зэщхьэщыкIа зэрыхъуари Iуэхум къыхэлъытапхъэщ. Аращи, щIыналъэ адыгэ, абазэ, абхъаз Хасэхэр зэдэлэжьэнымкIэ пэрыуэгъу яIэкъым, ДАХ-м къыхыхьэжыным ущIытепсэлъыхьын щхьэусыгъуи щымыIэу къалъытащ.
ЩIалэгъуалэм зэрадэлэжьэну щIыкIэр гъэбелджылын хуейуэ къыхалъхьами, абы кIыхьу тепсэлъыхьакъым, ГъэзэщIакIуэ гупым программэ зэхилъхьэну къалэн зэрыщащIамкIэ а Iуэхур яухащ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зи чэзу Зэхуэсыр иухащ. Илъэсищ блэкIам нэхъыщхьэу хузэфIэкIар ДАХ-м унэ IуэхущIапIэ езым ейуэ иIэ зэрыхъуар, Сирием щыпсэу адыгэхэм къалъыкъуэкIа гузэвэгъуэм псынщIэу зэрыхэлIыфIыхьар, ди лъэпкъ икъухьар экономикэкIи, щэнхабзэкIи, щIэныгъэкIи, благъэ зэрыгъуэтыжкIи нэхъри зэпха зэрыхъуар арагъэнщ. Ари зы жылагъуэ организацэм дежкIэ мащIэкъым, унафэ зытепщIыхьыну узыхуей Iуэхур къэрал къулыкъущIэхэм епхауэ, уеблэмэ дунейпсо политикэми ухэIэбэну къызэрыпхуихуэр къэплъытэмэ.
Лъэныкъуэ къаплъэу ДАХ-м укъеплъмэ, абы псом япэ иригъэщыпхъэр и фондым ахъшэ нэхъыбэ къакIуэу щIын зэрыхуейрщ, Хасэхэм къат хэтыпщIэмкIэ абы мащIэщ хузэфIэкIынур, уеблэмэ ДАХ-м и IуэхущIапIэм щылажьэхэм ар улахэу яхуримыкъунри хэлъщ. Адыгэу зыкъэзылъытэж псоми илъэс къэс зы доллар ДАХ-м и фондым дгъэкIуэну дэнэкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр (цIыкIуи ини) къыхураджамэ, ар зы унагъуи къытехьэлъэну къыщIэкIынтэкъым, мылъкум къыдэкIуэу, дэри дызэры-хъур зыкъэдбжыжынт.
Дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр къэплъытэмэ, залымыгъэм къыхэкIыу зи хэкумкIэ къеIэжын иджыри щыIэну къыщIэкIынущ. Сирием къыщыхъуам зыри хуэмыхьэзыру (Урысей Федерацэри, адыгэхэр щыпсэу республикэхэри, ДАХ-ри) къызэрыщIэкIам епха гугъуехьхэр зыхуэдэм фIыуэ дыщыгъуазэщ, къытедмыгъэзэжми хъуну. А псор къэплъытэу пхужыIэнущ: илъэсищкIэ ДАХ-м и лэжьыгъэр зыунэтIыну зи къалэн хъуахэм къэрал, лъэпкъ Iуэхугъуэ ин дыдэхэм хэтыну, я псалъэ халъхьэну, я зэфIэкI къагъэлъэгъуэну къапэщылъщ.
УсакIуэхэр жыжьэ плъэуэ жаIэ. Мы тхыгъэм щхьэщIэдзапIэ хуэсщIар Бещтокъуэ Хьэбас и «Адыгэ уситIым» къыхэсхащ. Лъэпкъым и нобэмрэ пщэдеймрэ хуэгузавэ усакIуэм и псалъэр дэтхэнэми къытпкърыхьамэ, Iуэхур нэхъ кIуэтэну пIэрэт жызоIэ:
Адыгэ уситI
I
Уэ уадыгэщ, дэнэ ущымыIэми,
Дунейр уи мылъкуми,
зы апэсы уимыIэми,
Уэ уадыгэщи – уи лъахэмкIэ еплъэкI,
ЕплъэкIи хуэщIэ къыумыгъанэу плъэкI.
Уэ уадыгэщ, зи гур уз уи лъапсэм
И теплъэм дэнэ къикIри зрегъэхъуапсэ,
Къехъуапсэм ищIэркъым
ди щIыр зыщIыр пшэр:
Лъы ящIэтарщ дядэжь, зытахэм псэр.
Уэ уадыгэщ. Ермоловым, щIыгъуахэм
Щысхьрабгъу ямыIэу зи
лъыр ягъэгъуахэм,
УраIыхьлы-лыджанэщ, улIэужьщ,
УпсэухункIэ ахэри псэунщ.
Лъы защIэщ, гуауэщ адыгэм
диIэр тхыдэу,
Нэхъ мащIэу дефэу,
нэхъ мащIэури дышхыдэу,
ЗыкъэзыщIэж ди лъэпкъым
хуэщхьэпэн
Хуэдлэжьмэ, хэкум псэуэ къыхэнэнщ.
II
Ди къуэпсыр куущ, ди тхыдэри
лъы защIэщ,
КъэткIуа гъуэгуанэм
къытхинэжари мащIэщ,
ИтIани псэуныгъэ – мурад гуащIэр
Адыгэ хэкум ену хуэлэжьэху,
Уэрэду, щIакхъуэ Iыхьэу, гъатхэ псынэу,
ЩIэныгъэм ич лъэбакъуэу, е псэупIэу,
Сабий щыгъыныр зыгъэбыдэ дыпIэу
Ди шэрджэс гъащIэм
ныхэтлъхьэхукIэ Iуэху,
Хьэршым кIуэжахэм я псэр
нэхъ зэгъэнущ,
Къызыхуеплъых ди гъащIэр
нэхъ гъэгъэнущ,
Псэум ди къалэн тэмэмри арагъэнущ,
Дехуэхыу – ди псэр хьэршым изэгъэху.
Ширдий Маринэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Хьэзрит и къуэр
Аруан районым хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъущыкъуей) къуажэм 1951 гъэм накъыгъэм и 27-м къыщалъхуащ. Абы къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, ВИГИС-м и аспирантурэр (Москва). Ар ветеринар щIэныгъэхэм я кандидатщ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, ЩIДАА-м и академикщ.
Сэхъурокъуэр къэрал IэнатIэ иIыгъыу къекIуэкIащ. Ар щытащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министру.
2011 гъэм щыщIэдзауэ «Ветеринар, фитосанитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ Федеральнэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центр» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIщ.
Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и орден.
УФ-м и Президентым фIыщIэ къыхуищIащ и лэжьыгъэм папщIэ. КъБР-м и ЩIыхь тхылъ иIэщ. Абы зэрехьэ КъБР-м и «ЦIыхухэм хуэIухуэщIэ яхузэфIэзых IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр. «ЛэжьыгъэкIэ псэемыблэжхэр. Урысей» ЩIыхь дамыгъэр зэрехьэ. Сэхъурокъуэм къыхуагъэфэщащ УФ-м и министерствэ зыбжанэм я ЩIыхь тхылъхэр.
ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Къэжэр Артур Гусмэн и къуэр
1971 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Алътуд къуажэм къыщалъхуащ, аращ къыщиухари курыт еджапIэр. И IэщIагъэкIэ тхыдэтхщ, 1995 гъэм абы КъБКъУ-р къиухащ. Абы лъандэрэ а университетым щолажьэ, Урысейм и тхыдэмкIэ кафедрэм и ассистент, егъэ-джакIуэ нэхъыжь, доцент IэнатIэхэр и къулыкъуу щытащ. 2009 – 2012 гъэхэм Артур и деканщ хамэ къэралхэм къикIауэ КъБКъУ-м щеджэхэм ядэлэжьэнымкIэ факультетым, 2012 гъэм и гъатхэпэм щыщIэдзауэ ар проректорщ егъэджэныгъэм епха лэжьыгъэмкIэ. 2001 гъэ лъандэрэ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, щIэныгъэ лэжьыгъэу 70-м нэс иIэщ.
ДАХ-м и Зэхуэсышхуэм хэтахэм я Iуэху еплъыкIэ
Дызэкъуэтмэ – дылъэщщ
Шыгъэлыгъуэ Уэджит, Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм (КАФФЕД) и тхьэмадэ:
— Илъэс 20-м щIигъуауэ мэлажьэ КАФФЕД-р, абы и пэкIэ КАФДЕР цIэр зэрихьэу щытащ. Хасэ 62-рэ къызэщIэзыубыдэ федерацэм и къалэн нэхъыщхьэр зи хэку имысыж адыгэхэр зэрыгъэцIыхунырщ, зэрыгъэщIэнырщ, хэхэсхэм къащIэхъуэ щIэблэм я анэдэлъхубзэр ящымыгъэгъупщэнырщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм гугъапIэшхуэхэр идопх хамэ къэрал щыпсэухэм. Сыту жыпIэмэ, иджыри къэс дызэрылэжьам хуэдэу фIэкIа емыкIуэкIмэ, ди гуащIэм хэдмыгъахъуэмэ, илъэси 150-рэ и пэкIэ зи хэку ирахуа адыгэхэм къытщыщIынур нобэкIэ нэрылъагъущ. КъыдэкIуэтей ди щIэблэм бзэр ящIэжыркъым, хэкум, тхыдэм, щэнхабзэм щыгъуазэкъым. Дэнэ щыIэ адыгэми, я нэхъ мащIэрамэ, и адыгагъэр щыгъупщэжынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым.
Иджы щIэуэ зэхыхьа Хасащхьэм дызэрыщыгугъым я нэхъыщхьэр Сирием къикIыж ди къуэшхэм дазэрыдэIэпыкъуну Iэмалыр дгъэпсын зэрыхуейрщ. Пэжщ, мыр хэкум исхэм я закъуэ я пщэ дэтлъхьэркъым, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу дэри тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым, ауэ нэхъыбэм я етIысэхыпIэ хъунур хэкуращи, абы телэжьэн хуейщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Урысейм къэкIуэжыну зэрыгугъум къыхэкIкIэ, Тыркум куэд ноIэпхъуэ. Дэ ди Iэр къызыпекIуэкI зы Iуэхуи къэдгъанэркъым дыхэмыIэбэу. Федерацэм и фIыгъэкIэ, ди лъэпкъэгъухэр Сирием нэхъ и гъунэгъу къалэхэм унагъуэ унагъуэурэ дэдгъэтIысхьащ, ахэр зэкIэ цIыху 200-м ноблагъэ, дяпэкIэ къэIэпхъуэнухэми я тхылъхэр къагъэхьащ. ЗэкIэ хъарзынэу дыполъэщ къытлъыкъуэкIа гугъуехьым, ауэ дызыгъэгузавэр СХьР-м Iуэхур щызэщIэплъэрэ къакIуэр нэхъыбэ хъумэ, дызыхэхуэну бэлыхьырщ.
ЕтIуанэу къэзгъэлъэгъуэну сызыхуейр зэхуэсми щыжысIащ – илъэситI дэкIмэ, Сочэ щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм ди цIэр зэрыщыдгъэIуным, ди гуащIэ зэретхьэлIэным и хэкIыпIэхэр къыдэхынырщ. Абы папщIэ жытIэхэр нэгъуэщIу къагурыIуэну дыхуейкъым къызэгъэпэщакIуэхэм. Спортым дуней псом гъэщIэгъуэну зыщеужь, дэ ар евмыгъэкIуэкI жытIэу зыми пэдубыдыркъым, атIэ ар щекIуэкIыну щIыналъэр ди лъэпкъым ейуэ зэрыщытам ипкъ иткIэ, ди цIэр, ди пщIэр щытIэтыну дыхуейуэ аркъудейщ. Зыми пэщIэувэн Iуэху зетхуэркъым, зауэ-банэкIэ къызэрыпхуэмыхьынуIар дэ нэхърэ нэхъыфIу зыгъэунэхуа щыIэ хъункъым. Адыгэ лъэпкъ зэрыщыIэр, ар ижь-ижьыж лъандэрэ мы щIыналъэм зэрисыр дунейм къедгъэщIэн къудей щхьэкIэщ дыщIэпсалъэр.
ФIыщIэ хуэфащэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен, ди зэIущIэм зэрыхэтам папщIэ. Ари къыддэIэпыкъуну дыкъигъэгугъащи, ди мурадхэр къыддэхъуну согугъэ.
Мы зэIущIэм къыщыхэслъхьахэм ящыщщ абазэ-абхъаз хасэхэм ядэлэжьэныр, ДАХ-м къыхэгъэхьэжыныр. Апхуэдэ си гупсысэм лъабжьэ хуэхъур хамэ къэралхэм щикъухьа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ къуэш пэлъытэу зэрызэхущытырщ, зы Iэм пыт Iэпхъуамбэхэм хуэдэу, зэрызабжыжырщ. Дызэкъуэтмэ – дылъэщщ, жиIакъэ адыгэм.
Пэжыр жыпIэмэ, ДАХ-м гугъусыгъу куэд къыпэщылъщ иджыпсту, адыгэм Iуэху куэд хузэтрихьащи. Ауэ, зи лъэпкъым гууз-лыуз хузиIэ, зи щхьэ Iуэху зезыхуэжыф щIалэхэщ хахахэри, нэхъыфIым дыщогугъ. ДАХ-м и тхьэмадэ хъуа Сэхъурокъуэ Хьэутий и лэжьыгъэу щытахэмрэ Iуэхум зэрыбгъэдыхьэ щIыкIэхэмрэ зыщыдгъэгъуэзащи, пашэ хъуну къыдолъытэ. ЖиIамрэ и къалэнымрэ имыгъэзащIэу ддэнукъым, сэ си деж жэуап къызэрыщалъыхъуэм хуэдэу, сэри Хьэутий къызэрыпысхыным иужь ситынущ. Пэжщ, Сэхъурокъуэ Хьэутий тхьэмадэу хэтхащ жытIэу, дэ лъэныкъуэ зедгъэзынукъым, ар баш цIыкIукIэ Iэнэм теуIэмэ, зыхуей псор къэхутэнукъым, дэращ абыкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун хуейри, ди къару деблэжынукъым. ДызэгурыIуэмэ, дызэкъуэувэмэ, си фIэщ мэхъу илъэсищ къэкIуэнум ди Iуэхур зэрефIэкIуэнур.
Лъэпкъ Iуэхур япэ изгъэщынущ
Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ:
— Мыпхуэдэ дзыхь къызэрызагъэзар пщIэшхуэу къызолъытэ, къалэнышхуэу зэрыщытри къызгуроIуэ. Сэ мы Iуэхум сыпэжыжьэу сыкъекIуэкIауэ схужыIэнукъым. 1990 гъэхэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм сыпэрыту Къэбэрдей Хасэм и лэжьыгъэм сыхэтащ, лъэпкъми, адыгэгу зыкIуэцIылъхэми сащымыщу зэи зызбжакъым. Адыгэ Iуэху зепхуэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу Хасэм ухэтын хуейуэ аракъым, атIэ, узыпэрыт къулыкъу, лэжьыгъэ, IэнатIэ елъытауэ дэIэпыкъуэгъу ухъуфынращ нэхъыщхьэр.
Лъэпкъым и цIэр, и пщIэр къыдэхыжыныр, дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр зэгъэуIужыныр аращ Хасэм и къалэн нэхъыщхьэри, зэрытхузэфIэкIкIэ абы дытелэжьэнщ. Ягури я псэри етауэ щIалэ куэд хэтщ ДАХ-ми, си гугъэщ хъер къыпэкIуэу дызэдэлэжьэфыну. Зэхуэсым щыжаIащ блэкIа илъэсхэм къаймыхъулIа куэд зэрыщыIэр, къищынэмыщIауэ, IуэхугъуэщIэхэр махуэ къэс къызэрыкъуэкIыр. Сэ сызэреплъымкIэ, илъэс 21-р щIэтпщытыкIыжу, къыдэмыхъулIамрэ къыщIыдэмыхъулIам и щхьэусыгъуэмрэ зэхэдгъэкIыу, дяпэкIэ зи ужь дитынухэр дубзыхун хуейщ.
Си пщэм къыдалъхьа къалэным пылъ жэуаплыныгъэр къызгуроIуэ, ауэ сщIэн хуейхэр жаIэурэ лъэныкъуэкIэ еувэкIыжхэм сахуейкъым, къызбгъурыувэу къыздэлэжьэнщ сызыхуэныкъуэр. Абы папщIэ къэрал, хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр къыхэтхащ. Шэч хэмылъу, Iуэхур къыщежьэр гуращэрщ, мурадырщ, псалъэрщ. Ауэ апхуэдиз бэлыхь зытелъа лъэпкъым и лIыгъэр къызэкъуихыу Iуэхум иужь ихьэну игъуэ хъуащ. АбыкIэ сэбэп къытхуэхъунущ ди республикэм и Iэтащхьэри.
ИрагъэкIуэкI политикэкIи, экономикэкIи, щэнхабзэкIи, ди лъэпкъэгъухэм къазэрыхущыткIи зэщхьу зы къэрал зэрыщымыIэр дощIэ. А псори къэлъытауэ, а къэралхэм я лIыкIуэу ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм быдэу ядэлэжьапхъэщ. Зы щIыналъэ, зы бзэ, зы хэку, зы хабзэ диIэжу дыпсэунрат нэхъыфIыр, ауэ тхузэфIэкIыр зэдгъэхъулIэурэ дыбэкъуэнщ, ДАХ-р хэхэс псори зэрыгушхуэ зэгухьэныгъэу щыдгъэIэнщ.
Куэдрэ сыгупсысащ мы Iуэхум сытегушхуэн и пэ. Си арэзыныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуащ сэри лъэпкъым сызэрыщыщыр, акъыл балигъкIэ Iуэхум сызэрыхэлIыфIыхьыфынур, КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен си щIыбагъ къыщыдэткIэ, куэд щIауэ лъэпкъ Iуэхум иужь ит, ДАХ-м и япэ вице-президенту щыта, КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хуэдэ щIалэхэр чэнджэщэгъуу, гъуэгугъэлъагъуэу сыщигъусэкIэ, купщIафIэу дызэрылэжьэным шэч къызэрытезмыхьэр.
Iуэху куэд къытпэщылъщ, абы папщIэ тлъэкI къэдмыгъанэу дылэжьэнущ, си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, си Iуэху псори езгъэкIуэтэкIынурэ, лъэпкъ Iуэхур япэ изгъэщынущ.
Дызэзыпх лъэмыж
ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ, Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ:
— Германием щыIэ хасэхэми, Европэм и адрей къэралхэм щыIэхэми зэгъэуIуауэ зы федерацэм, сэ сызитхьэмадэм, лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэу къэзгъэлъэгъуэнур дэтхэнэ зы хэхэсми и гур зэрыгъурщ – хамэ лъэпкъхэм дахэмышыпсыхьыжын, зытцIыхужын, зытхъумэжын папщIэ быдэу зэдэлэжьэнырщ. Абы папщIэ, сэ сызэреплъымкIэ, щIалэгъуалэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэщIын хуейщ. Ахэращ дэ ди ужь къиувэнур, къетхьэжьэ Iуэхухэр и кIэм нэзыгъэсынур. Европэм щылажьэ хасэхэм я лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъури арауэ жыпIэ хъунущ – ди хэкужь, лъэпкъыжь, хабзэжь я купщIэр я гум, я псэм нэтхьэсынырщ, ди блэкIам хэдгъэгъуазэрэ ди къэкIуэнум хуэдущийуэ.
ДАХ-м и гугъу пщIымэ, илъэс 21-рэ къызэринэкIащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу абы зыIэригъэхьа лъагапIэхэр тхъумэн, ипэкIэ дыкIуэтэн, зыдужьын хуейщ. Ар дуней псор зэпызыщIэ лъэпкъ лъэмыжу къыдолъытэ дэ, хэхэс адыгэхэм. Сыту жыпIэмэ, ди гугъапIэхэри плъапIэхэри зэпхар аращ. Зы хасэ цIыкIум и гуащIэкIэ е цIыху щхьэхуэм и къарукIэ тхузэфIэкIынур зыхуэдизыр зыри дыщызэкIэлъымыкIуэф, дыщызэрымыщIэ лъэхъэнэ гугъум дгъэунэхуащ. Иджы нэгъуэщI зэманщи, къытлъыкъуэкIа Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу, дызэрыубыдын, дызэдэбэкъуэн хуейщ. АбыкIэ къалэнышхуэ хуэгъэзэщIэнущ къэрал куэдым къикIа ди къуэшхэр нобэ зэхуэзышэса Дунейпсо Адыгэ Хасэм.
Зэманым зихъуэжурэ, цIыхухэм абы зыдащIурэщ гъащIэр зэрекIуэкIыр. АтIэ апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ ди акъылрэ къарурэ зыпэлъэщынухэмрэ къэдвгъэгъэсэбэпи, ди лъэпкъ Iуэхур дывгъэгъэкIуатэ, адыгэ псоми ди зэхуэдэ гурылъым – зы дыхъужыным – дыхуэвгъэлажьэ. Нобэ а Iуэхум иужь итхэм дымылъагъункIи хъунщ абы кърикIуэнур, ауэ дяпэкIэ къытщIэхъуэнухэм я нэгу щIэкIыну тхьэм жиIэ. Илъэси 150-рэ и пэкIэ ди адэжьхэм къащыщIар щхьэузу зиIэ дэ къетхьэжьа Iуэхум щIэблэр щымыгуфIыкIыну пIэрэ, апхуэдиз пIалъэ дэкIмэ?! Абы къикIыр сыт? ДАХ-м хузэфIэкI щыIэкъым, жытIэу ди Iэр зэтедзауэ дыщывмыгъэсу, дывгъэлажьэ, ди къэкIуэнурщ ар нэрылъагъу щыхъунур.
Хасэм и мыхьэнэр зыхэслъагъуэр
Думэн Умит, Истамбыл Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ:
— Ди зэгухьэныгъэр Тыркум хасэу щыIэм я адэу, я анэу убж хъунущ. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 60 зэрырикъур мы гъэм догъэлъапIэ, программэ щхьэхуэм тету Iуэхугъуэ куэд идогъэкIуэкI. Иджыпсту адыгэхэр нэхъыбэ дыдэу зыдэс къалэ хъуащ Истамбыл. Нэхъапэм къуажэ цIыкIухэм Iуву щызэхэсу, я анэдэлъхубзэкIэ зэпсэлъэжу щыта ди лъэпкъэгъухэр къалэм къэIэпхъуащ. Абы ипкъ иткIэ, ди къалэн нэхъыщхьэу къэслъытэр ди щIэблэм бзэр яIурытлъхьэнырщ. Абы теухуауэ хъыбарыфI диIэщ. Мы гъэм щыщIэдзауэ 5-нэ классым щегъэжьауэ я анэдэлъхубзэр школхэм щрагъэджынущ ди сабийхэм. Абы папщIэ тхылъхэр зэдгъэпэщащ, CD дискхэр, хэкурысхэр зыдэдгъэIэпыкъуу, едгъэтхыну ди мурадщ. Дэтхэнэ хэхэс адыгэми гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIыпхъэр бзэр хъумэнырщ, сыту жыпIэмэ бзэ зыIурымылъыж лъэпкъыр щымыIэжу аращ. Тыркум щыпсэухэр къапщтэмэ, илъэс 35 – 40 зи ныбжьхэрщ адыгэбзэр зыгъэшэрыуэр, ди щIалэгъуалэм зэраIэщIэхужыр хуабжьу ди жагъуэ мэхъу. Ауэ, си фIэщ мэхъу, абы и хэкIыпIэхэр щIэх дыдэу къызэрыдгъуэтынур.
Нобэ екIуэкIа Iуэхур къэплъытэмэ, ди гур егъэушэ, гукъыдэж къыдет, нэхъыбэм дытрегъэгушхуэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и цIэр ин дыдэщ, апхуэдиз зэфIэкIи къылъыкъуэкIтэмэ, дэнэ къэрали щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм лей къазэрытемыхьэнур шэчыншэт. ДАХ-м и тхьэмадэр, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтынухэр щIэуэ хэтхащ. Сэ сызэреплъымкIэ, дяпэкIэ нэхъыбэу дытелэжьэн хуейщ Европэм ди псалъэр нэхъ щыкIуэцIрыгъэкIыным, демократиер къэдгъэсэбэпу, ди Iуэху дэдгъэкIыным. Абы папщIэ, сэ къызолъытэ, Европэм деж ДАХ-м и нэIэ щIэт зы къудамэ гуэр щыдгъэлэжьэн хуейуэ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ IуэхущIапIэхэми дэлэжьэфу, щызэхахыу. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм япэ игъэщыпхъэщ, псоми къызэрыхагъэщащи, Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я псэр къегъэлыныр, зауэм зи гур ириуда ди къуэшхэм ядэIэпыкъуныр, зи хабзэхэр ткIий Урысейм хэкум и хуабагъыр щызыхегъэщIэныр.
Сэ си хъуэпсапIэхэм ящыщщ, дуней псом щызэбгрыпхъа адыгэхэм паспортитI яIэныр – щыпсэу къэралымрэ адэжь щIыналъэу къалъытэ Урысеймрэ яйр. ИтIанэ ди Iуэхур тынш хъунут, зы хэгъуэгу дызэдимысми, нэхъ гъунэгъу дызэхуэхъунут. Сыту жыпIэмэ, къэкIуэну хуейр тыншу къихьэрэ икIыжу, пIалъэкIэ щыпсэуну жэрдэм зиIэр къанэу, къэIэпхъуэжыпэну тезыухуэхэр гугъуехь хэмыту къэкIуэжынут. Мис абы иужь итын хуейщ ДАХ-р.
Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ блэкIа илъэс 20-м хузэфIэкIар мащIэкъым, къытпэщылъхэри нэхъыбэжщ. Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыпсалъэм жиIащ «Iуэху куэд къытпэщылъщи, абы хуэфэщэн къарурэ зэфIэкIрэ едмыхьэлIэу хъунукъым» жиIэри. ДяпэкIэ догугъэ ди гурылъхэр нэхъ псынщIэу, тыншу къыддэхъуну! Ди гугъэр кIуэдмэ, Хасэ щIыщыIэм и мыхьэнэр сыт?
Зытхыжар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.