Адыгэбзэ

Сирием щыпсэу адыгэхэм я закъуэкъым!

Сирием щыпсэу адыгэхэм хэкIыпIэ закъуэу яIэр я хэкужьу я адэжь щIы­налъэм къагъэзэжынырщ. Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм зыгуэру щыхэ­лIыфIыхь дэтхэнэри еувэ­лIапхъэщ адыгэхэм я хэкужь ягъэзэжыну хуитыныгъэ зэ­раIэм, зы фIэгъэнапIи щхьэусыгъуи емыпхауэ. Тыркум щыIэ Кавказ хасэхэм я федерацэм мыбы теухуауэ зыбжанэрэ зыхуигъэзащ Урысей Федерацэм, тхыдэми къэралышхуэу зэрыщытми пщэрылъ къыщащI цIыхугъэ къалэнхэр езым и къэрал хабзэ нэхъыщхьэм тету, пэрыуэгъурэ фIэ­гъэ­напIэрэ къимылъыхъуэу игъэзэщIэну, Сирием, нэ­гъуэщI щIыпIэхэми щыпсэу адыгэ псоми я хэку ягъэзэжыныр ящигъэпсынщIэну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъу­щи, гузэвэ­гъуэр нахуэу ­илъагъу, ар зэ­тригъэу­вы­Iэфыну гуащIэрэ Iэмалрэ иIэ пэт, иджыри адыгэхэм я гуIэ макъ зэхихыр­къым.

 А щхьэусыгъуэращ адыгэ­ хэхэсхэм пэкIухэр ира­гъэ­кIуэ­кIыныр къызыхэкIыр. Абыхэм ящыщ зыщ 2013 гъэм щIышылэм и 5-м Анкара, УФ-м и лIы­кIуэм и IуэхущIапIэм и бжэ­Iупэм, Тыркум щыIэ Кавказ хасэхэм я федерацэм щри­гъэ­кIуэкIа пэкIур. Абы хэтащ Тыркум и къалэ куэдым къи­кIаи, анкарадэсхэм ящыщи, Сирием щекIуэкI зауэм зэхэзехуэн ищIахэм ящыщу мы къэралыр зэкIэ щхьэегъэзыпIэ зыхуэхъуахэри.

ПэкIум къекIуэлIахэм зэ­ды­жаIэм, ину тхауэ яIыгъ псалъэ шэрыуэхэм къагъэ­лъагъуэрт цIыхухэр щIызэ­хуэсар:

«Зумыущэху, зегъэIэт уи ма­къым, зэ­рыплъэкIкIэ пэув ­зауэм!»

«Шэрджэсым и бжэр шэр­джэсхэм яхузэ­хуэ­щIащ. Ар дауэ?!»

«Шэрджэсым и бжэр шэр­джэсхэм къахузэIуфх!»

«Сирием щыпсэу адыгэхэм я за­къуэкъым!»

«Шэрджэсхэм хэхэсыныр яух!»

Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Шыгъэлыгъуэ Уэджид къыщыпсалъэм жи­Iащ зэпэщIэува лъэны­къуитI­ми ящымыщу, зауэр зымыдэ цIыху хей къызэры­гуэкI­хэр абы зэ­ры­хэкIуадэр, зауэр икIэ­щIыпIэкIэ гъэу­выIэн, лей къызытехьэ ады­гэ­хэм я хэку ягъэзэжыну хуит щIын зэрыхуейр.

Уэджид къеджащ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и Джэ псалъэм.

Абы итщ мыпхуэдэу.

«ИлъэситIым нэблэгъащ Сирием зауэшхуэ зэрыщаублэрэ. Лъыгъажэр махуэ къэс хьэ­кIэкхъуэкIагъэм нэсу нэхъ ткIий, нэхъ пщтыр ­хъууэрэ йокIуэкI. Зауэ псоми зэрыщыхъу хабзэу, Сирием ще­кIуэкIми и фэбжь зылъысхэр, хэкIуадэ­хэр лажьэ зимыIэ цIыху къызэ­рыгуэкIхэрщ. Ауэ гугъэ-гурылъ щэху фIы­цIэхэр зэ­дэзыIыгъ къарууэ дуней псоми къуэ­кIыпIэ курытми щы­зэдэжэхэм къра­дзэркъым абы ще­кIуэкI гузэвэ­гъуэр, лъыгъажэр, хьэдэ зэте­кIу­та­хэр…

Абыхэм ялъа­гъур щIы­дагъэ бжьамийхэрщ, я Iэщэ зэращэнырщ, я фейдэ къызы­хэ­кIын проекты­шхуэ­хэрщ… Лъапсэрыхыр, уи хэку урахуныр зищIы­сыр фIы дыдэу зыщIэ адыгэхэр хуей­къым зауэ, абы сыт хуэ­дэ щхьэусыгъуэ хуащI­ми.

Сирием щыпсэу адыгэхэр лажьэншэу зэрыхэкIуадэм дуней цIыхубэр щыгъуазэ­къым. Урыс пащтыхьы­гъуэм, Уэсмэн империем, Британие пащтыхьыгъуэм, а лъэхъэнэм тепщэу щыта нэгъуэщI къэрал лъэщхэм я зэгурыIуэ-зэдэ­щIэ­кIэ я хэкужьым ирахуа адыгэ­хэм я щIэблэщ Сирием щыпсэу адыгэ­хэр. Адыгэ псоми хуэ­дэу, абыхэми я хэкущ, я адэжь щIы­налъэщ Шэрджэсыр. А пэжыр зыми хущIэ­хъу­­­мэ­ну­къым. Дунеишхуэр яху­зэры­мы­гъэ­гуэшу зэпэ­щIэт къарухэм я зэпэщIэувэм зи хэку зыфIи­гъэ­кIуэда ады­гэ­хэр ­хуейкъым дяпэкIэ ап­хуэдэ джэгухэм хэтыну, Сирием, Тыр­кум, нэ­гъуэщI щIы­пIэхэми щып­ха­гъэкI проектхэм Iэдэ-уадэ щахуэ­хъуну.

Сирие адыгэхэр, езым зэ­щIа­мы­гъэна мафIитIым яку дэтщ, лIэн-псэун бэнэныгъэм хэхуащ. Адыгэ къуажэхэм бомбэхэр дадзащ, цIыху куэд абы хэкIуэдащ, щэ бжыгъэхэр уIэгъэ хъуащ, мин бжы­гъэ­хэр шхыни тепIэн-щIэ­лъыни ямыIэжу щIыунэхэм щIэ­зэ­рыгуауэ щIэсщ, я псэр дзапэкIэ яIы­гъыу. Мин бжы­гъэхэри щIэпхъуащ хамэ къэрал гъунэгъухэм, Тыркум, Иор­­данием, Ливаным щхьэ­егъэ­зыпIэ къыщалъыхъуэу, я Iуэху зэрыхъунури зыхуэзэнури ямыщIэу. Мин хуэдизым ди хэкужьым, ди адэжь щIы­на­лъэм, абы щыIэ ди республикэхэм ягъэ­зэжыфа пэтми,  гугъу йохь. ЩIыпIэрыс ди хэкуэгъухэм я дэIэпыкъу­ны­гъэкIэ я шхын ерагъыу ягъуэт­ къудейуэ аращ. Адыгэ­хэм я тхьэлъэIу нэхъыщхьэр мып­хуэ­дэщ: «Тхьэм цIыху псори щхьэхуиту, бейтхъэжу игъэпсэу! Ауэ адыгэхэри ящремыгъупщэ!» Аращи, цIыху­гъэм, мамырыгъэм, зэкъуэшыныгъэм худиIэ фIэщхъу­ныгъэ быдэм, ди хабзэхэм, демократие бзыпхъэхэм дазэрыхуэпэжым Урысей федерацэмрэ Тырку республикэмрэ, щIыхьрэ зэфIэкIрэ зиIэ къэралхэм, гуащIэ зиIэ псоми захудогъазэ Сирием щекIуэкI гузэвэгъуэр зыхащIэну, дунеишхуэм цIыхум хуэфэщэну щызэдащта хуитыныгъэхэр я лъабжьэу мы Iуэхум бгъэдыхьэну, зауэр икIэщIыпIэкIэ ягъэувыIэну. Хэхауэ Урысей Федерацэм зыхудогъазэ: тхыдэм, цIыхугъэм, къэралышхуэу зэрыщытым абы и пщэм кърилъхьэ къалэнхэм защимыдзеину;

квотэ, визэ, вид на жительствэ хуэдэ бюрократ фIэ­гъэ­напIэ жьгъейхэр щхьэусыгъуэ имыщIэну;

Сирием щыпсэу адыгэхэм, нэ­гъуэщI къэралхэм щыхэхэс адыгэхэм я хэку ягъэзэжыну гъуэгу къа­ху­зэIуихыну, абы­кIэ игъэгу­фIэну, Сирие ады­гэ­хэри, Косовэ адыгэхэм хуэ­дэу, зришэ­лIэ­жыну;

Хэку­жьым зыгъэзэжахэми дяпэ­кIэ зы­гъэзэжынухэми яхудичыхыну, федерацэ бюджетым щыщу фонд яху­хи­хыну, зэ­бгъэ­тIы­лъэкI мы­хъу­ну Iуэху гузэвэ­гъуэхэр ири­­зэ­фIихын пап­щIэ;

зыщIэсын, я шхын, я узын­шагъэ, я еджэн хуэ­дэхэмкIэ ядэIэ­пы­къуу щIи­дзэну, ахэр хэгъуэгум зэрыхэгъуэзэжыным телажьэ программэхэр яхузэхигъэувэну, апхуэдэурэ, илъэ­си 148-рэ хъуауэ адыгэ­хэм я нэхъыбэр зэрыхэхэсым кIэ иритыну».

Кавказ Хасэхэм я федерацэм ири­гъэкIуэкIа мы Iуэху­гъуэр а махуэм и пщыхьэщхьэмрэ къыкIэлъыкIуэ ма­хуэмрэ къыдэкIа журналхэм, газетхэм ягъэкIуащ мыпхуэдэ фIэщыгъэ­цIэ­хэр яIэу:

«Сирие адыгэхэм я закъуэ­къым», «Урысейм адыгэхэм квотэ къахуе­гъэув», «Адыгэхэм пэкIу ирагъэ­кIуэ­кIащ, я хэкужьым ягъэзэжыну», «Адыгэхэр я лъэпкъэгъухэм папщIэ Урысей посольствэм Iутахэщ», «Адыгэхэм Анкара пэкIу щащIащ», нэгъуэщIхэри.

ПэкIур Iэуэлъауэншэу, Iэдэ­бу яухри, къекIуэлIахэр зэбг­рыкIыжащ Урысейм къыщыгугъхэу.

«Адыгэ псалъэ»

Хъуажь Фахъри.

Related posts

Leave a Comment