Адыгэбзэ

Анэ­дэлъху­бзэм и дунейпсо махуэм теухуауэ

Ар къызэригъэпэщат IуэхущIа­пIэм и лъахэхутэ къудамэм, лэ­жьы­гъэр зыубзыху-методикэ къудамэр и дэIэпы­къуэгъуу. Иужьрейм и лэжьакIуэ Атэлыкъ – Парзиевэ Мирэ къызэхуэсахэм хьэщIэхэр яригъэцIыхуащ. Апхуэдэт «Нюр» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат, а журналым и редколлегием хэт,  КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэны­гъэм и унафэщIым и къуэдзэ Шаваевэ Разият, Налшык и курыт еджапIэ     №9-м адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ и егъэ­джакIуэ­хэр, абыхэм я гъэсэн   ны­б­­жьыщIэ­хэр. Мирэ тепсэлъыхьащ адыгэ­бзэр фIыуэ езы­гъэлъэгъуа цIыху­хэм, анэдэлъхубзэм и къе­жьапIэр унагъуэр зэрыарам, нэ­гъуэщIхэми. «Анэдэлъхубзэр сабийхэм егъэджыныр адэ-анэм я хьэкъщ. Зи бзэм ирипсалъэ сабийр адрейхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ къулейщ», – жиIащ Мирэ.

Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэрызэпхам, абы ирипсалъэхэм, иритхэхэм я зэпыщIэныгъэм и щапхъэу Мирэ къеджащ КIыщокъуэ Алим и «Псалъэ», Кулиев Къайсын и «Ученому языковеду» усэхэм. А тхакIуэшхуитIыр Хэку зауэшхуэм щызэрыцIыхуауэ зэрыщытам, Кулиевыр уIэгъэ щыхъуам Алим къызэрыригъэлам, ныбжьэгъу пэж зэхуэхъуу псэухукIэ зэрылъытэу зэры­зэдэгъуэгурыкIуам тепсэлъыхьащ. КIыщокъуэми Кулиевми яIэщ а зэныб­жьэгъугъэр къызыхэщ усэхэр. Шэч хэмылъу, иджыпсту къекIуэкI лъэпкъ зэхэгъэж Iуэху еплъыкIэм пэIэщIэщ ар, зыдэплъеин хуейри нэхъыжь Iущхэм къытхуагъэна тхыгъэхэм уэсят палъэу къыхэщ гупсысэрщ.

— Анэдэлъхубзэр тхъумэн хуейуэ ди къалэнщ нобэ псэу, лажьэ цIыхухэм, – жиIащ Атэлыкъ – Парзиевэм. – Те­гъэщIапIэ тщIыри «Нур», «Нюр», «Солнышко» сабий журналхэрщ. Сыту жыпIэмэ, цIыкIу щIыкIэ къамыщта, фIыуэ ямылъэгъуа бзэм балигъ хъуа иужь гу хуащIыжынукъым, и курыхыр, и IэфIыр зыхащIэжынукъым.

АдэкIэ Мирэ псалъэр иритащ лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Жолабовэ Ларисэ. Ар кIэщIу тепсэлъыхьащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм и тхыдэм, ар илъэс зыбжанэ хъуауэ зэра­гъэлъапIэм, дунейм тет бзэ мин бжы­гъэхэм щыщу дэтхэнэри абы ирипса­лъэхэм дежкIэ зэрылъапIэм.

ЗэIущIэр ягъэдэхащ, щIэщыгъуэ ­ящIащ Налшык къалэм и 9-нэ курыт еджапIэм и гъэсэнхэм. Алмэ Марие иригъаджэхэм ящыщу ПщыукI Алинэрэ Пекъуэ Инарэрэ гъэхуауэ къеджащ адыгэ усэхэм. Чочаевэ Анжелэ ири­гъаджэ Биттировэ ФатIимэ къызэхуэсахэр иригъэдэIуащ езым итха усэм. Балъкъэр усэ къеджащ Эристаевэ Аминэ (егъэджакIуэр Бозиевэ Саниятщ.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ едэIуащ Мусукаевэ Сэкинат и гукъэкIыжхэм. Ар тепсэлъыхьащ и сабиигъуэм, нэхъыжьхэм Iущыгъэу ядилъэгъуам, къыщалъхуа къуажэм, хьэблэм дэлъа хабзэ дахэхэм. Сэкинат бзэр зэригъэIурыщIэм, усакIуэ зэры­хъуам и лъабжьэу къилъытэр зыщIа­пIыкIа а хабзэ-нэмысырщ.

 

КIУЭКIУЭ ХьэIишэт.

«Адыгэ псалъэ»

 

 

 

 

Related posts

Leave a Comment