Адыгэбзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхыгъэхэм я дэфтэр

Мурадхэр

Адыгэ, Къэбэрдей-Балъ­къэр, Къэрэшей-Шэрджэс рес­­­пуб­ликэхэм, къищынэ­мы­­щIауэ ди лъэпкъэгъухэр щы­п­­сэу къэралхэм (Тыркум, Си­рием, Иорданием, США-м, Гер­манием, нэ­гъуэщI­хэми) адыгэ литературэм, лъэ­пкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, щIэны­гъэм, егъэджэныгъэм, спор­тым зы­щегъэужьыным хуэщхьэпэн.

Къалэнхэр

ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Iэ­на­­тIэ­хэм ехъу­лIэныгъэш­хуэ­­хэр иужь­рей илъэсхэм щы­­зыIэ­ры­зыгъэхьа цIыху зэчиифIэхэр (е гуп щхьэ­хуэ­­хэр) гъэ­лъэ­­пIэн.

УнэтIыныгъэхэр

ДАХ-м игъэува тыгъэхэр зы­хуэ­фащэхэр къыщыхах унэ­­тIы­ны­гъэ­хэр:

– адыгэ тхыдэр къызыхэщ литературэ тхыгъэ (роман, повесть, рассказ, новеллэ, пьесэ, поэмэ, усэ Iэрамэ);

– театрым, кином, телевиденэм щагъэува, щытраха теплъэ­гъуэхэр;

– къэфакIуэ гупхэм я зы­къэ­­гъэлъэгъуэныгъэхэр;

– адыгэхэм ятеухуа тхыдэ, художественнэ къы­дэ­кIы­гъуэ зэ­ры­Iыгъхэр;

– макъамэ, сурэтыщI гъуаз­джэ IэдакъэщIэкIхэр;

– тхыдэ, этнографие, бзэ­щIэ­­­н­ыгъэ къэхутэныгъэхэр;

– спортымкIэ ехъулIэ­ны­гъэ инхэр.

Къызэрыхах мардэхэр

Тыгъэ лъапIэ зыхуагъэфащэхэр къыхах лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, щIэныгъэм, егъэ­джэ­ны­гъэм, спортым зэфIэ­кIы­ш­хуэ къы­­щы­зы­гъэ­лъэ­гъуа­хэм (дэ­т­­хэнэ IэнатIэми щы­щу цIы­ху зырыз).

Хэтынухэр

ДАХ-м игъэува тыгъэхэр зы­хуа­­гъэфэщэнухэр къыхах Адыгэ Хасэм и щIыпIэ къудамэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щыIэ творческэ зэгухьэ­ны­гъэ­хэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щыIэ хасэхэм къата тхы­лъхэм­кIэ. Абыхэм къы­щы­­гъэ­лъэ­гъуауэ щытып­хъэщ ады­гэ­бзэм, лъэпкъ тхыдэм, цIыху зэхэтыкIэ-псэукIэм теухуауэ щэнхабзэ, литературэ, щIэ­­ныгъэ-къэхутэныгъэ лэ­жьы­­гъэшхуэхэр, спорт ехъу­­­­­­лIэ­ныгъэшхуэхэр зиIэ цIы­ху щхьэ­­хуэ­хэм е гупхэм я зэфIэкIыр.

Унафэ къызэращтэр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тыгъэхэр зыхуэфащэр ДАХ-м и къэп­щы­та­кIуэ гупым къыхех. А гупым хыхьэхэми я зэ­­фIэкI зэ­пеуэм къы­ща­­гъэ­­лъэгъуэну хуитщ, къэп­щы­та­кIуэхэм къа­зэры­хэ­кIы­жымкIэ лъэIу тхы­лъ нэ­хъа­пэкIэ къитамэ.

НэхъыфIу къалъытахэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ лъа­пIэрэ щIыхь тхылърэ ират, зыкъыщи­гъэ­лъэгъуа унэ­тIыныгъэм ипкъ ит щIы­хьы­­цIэ къы­фIащ. Дамыгъэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ щр­а­тыж ДАХ-м и Гъэзэ­щIа­кIуэ гупым, Хасащхьэм, Зэхуэсы­ш­­хуэм­ я зи чэзу зэхыхьэхэм.

ПIалъэхэр

Иджырей зэпеуэр 2013 гъэм мазаем щIедзэри, илъэс къакIуэм и гъатхэпэм еух.

Тхылъыр къызэрат щIыкIэр  

Зэпеуэм зи зэфIэкI щызы­гъэ­­лъэгъуэнухэм ятеухуа тхылъхэр ДАХ-м и IуэхущIа­пIэм езыхэм къахь е пощт­кIэ къы­Iэ­ра­гъэ­хьэ. Ягъэу­ва пIа­лъэм (2014 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 31-м)  фIэ­кIауэ къата тхылъхэм зыри хэплъэ­ну­­къым.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэр: Къэбэрдей-Балъ­къэр Республикэ, Налшык къалэ, Що­джэн­цIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ уэрам, 6-нэ унэ. Пощт индексыр: 360000.

Iуэхум нэхъыфIу зыщы­зы­гъэгъуэзэну хуейхэр  мыпхуэдэ телефонхэмкIэ фы­щIэуп­щIэ хъунущ: (88662) 47-31-83, 47-22-63,  42-58-34. Электрон пощтым и адресыр: dahkbr@mail.ru; adyghe@mail.ru, къи­щы­­нэ­мыщIауэ Iуэхум теухуа хъы­ба­р­егъащIэ къыщывгъуэтынущ ДАХ-мрэ   «Адыгэ пса­лъэ» газетымрэ я сайтхэм www. intercircass.org; www. adyg­hep­sa­le.ru.

 

Related posts

Leave a Comment