Адыгэбзэ

Адыгэхэр (шэрджэсхэр) Берлин щекIуэкIа культурэхэм я карнавалым хэтащ

Ди щыпхъу лъап1эхэ, ди къуэщ лъап1эхэ!

Гъэ къэс Берлин щек1уэк1 Културхэм я Карнавалым мелуаным нэс ц1ыху къок1уал1э, ищ1-бгъущ1ым нэс гупхэр хэтхэщ. Мыгъэм дэри ещанэу 45 нэрыбгэк1э Културхэм я Карнавалым дыхэтащ. «Езанэ радио» (Radio eins) къызэрыжи1амк1э адыгэхэри Култур’хэм я Карнавалым «хэпща» хъуащ.

Мы гъэм унафэ тщ1ат ди гупым хэтынухэм 1эмал имы1эу е фащэ е адыгэ тхыпхъэхэр къэзыгъэлъагъуэ щыгъыныгъуэр зыщат1эгъэн зэрыхуейр. Мы ди унафэр дгъэзэщ1эным мазэ зыбжанэк1э тхущ1экъуащ, адыгэ джанэр едгъэдащ, бгырыпххэр тщ1ащ, фащэ зи1эхэмрэ хасэм и фащэхэмрэ къэдгъэсэбэпащ, адыгэ тхыпхъэхэр къэзыгъэлъагъуэ щыгъыныгъуэхэр дгъэхьэзыращ. Тк1ийуэ къэтщта мы ди унафэм ехьэл1ауэ мыгъэм ди гупым хэтахэм я бжыгъэр хэщ1ами, видеохэм, сурэтхэм, телевидениэм къагъэлъэгъуахэм уахэплъэмэ къагъэлъагъуэ ди унафэр тэмэму гъэзэщ1а зэрыхъуар. Псалъэм папщ1э АЛЕКС-ТВ-р (ALEX-TV) к1эщ1у нарт эпосым тепсэлъыхьа иужк1э абы къыщыжа1э » … я щытык1эм, я 1эпкълъэпкъ зехьэк1эм, я къафэк1эм, я фащэхэм адыгэ лъэпкъым «уэркъ» теплъэгъуэ и1эщ».

 Ди лъэпкъыр зищ1ысымрэ, ди щэнхабзэмрэ к1эщ1у зэрыт 5000 хъууэ тредгъэдза тхыгъэхэр дыугуэщащ, телевидением интервью яттащ (псори къамыгъэлъэгъуами щыгъуэ махуэми дытепсэлъыхьащ), дыкъэзымыц1ыхуу къыдэупщ1а 1эджэми дызэрыадыгэр (черкес) яжет1ащ, ди лъэпкъым теухуауэ интерес зи1эу къыдэупщ1ахэми контакт адресхэр яттащ, радио-телевидэние-интернет гъуэгук1э мелуан бжыгъэк1э ц1ыхухэм далъэ1эсащ. Электроника гъуэгук1э сурэтхэр къытхуезыгъэхьыжахэр, ди къафэхэм теухуауэ упщ1э зи1эхэр, ди пщыналъэхэр зигу ирихьауэ зригъэщ1эн щхьэк1э ди пщыналъэхэм я нотэхэм щ1эупщ1эхэр къахэк1ахэщ. Мы псори ди лъэпкъымрэ ди шэнхабзэмрэ хамэхэм ябгъэщ1эн, ялъэбгъэ1эсын щхьэк1э Културхэм я Карнавалыр зэрыамал гъэщ1эгъуэным и нэщанэхэщ.

Ди гугъэщ ц1ыху зыбжанэм япщэ дэлъ ди хасэм и къарумк1э мы 1уэхугъэм ухэплъэмэ къэлэну дипщэ итлъхьар гъэзэщ1а хъуауэ. Ди гупым хэтахэщ Кельн, Мюнхен, Дюссельдорф, Хьэнофер (Ганновер), Любек, Лион къалэхэм къик1а ди щыпхъу, ди къуэщхэр. Мы ф1агъэр мы 1уэхугъэм хэта, хэлэжьыхьа псэуми яйщ. Аращи сыт илъэныкъуэк1и дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъуа, къытхэта псэуми ф1ыщ1эщхуэ яхудощ, Тхьэ аразы къахухъу яжыдо1э.

Аращи дызэкъуэтмэ дылъэщщ.

© Берлин Адыгэ Хасэ

© Circassian sites eLot.ru

 

 

Related posts

One Thought to “Адыгэхэр (шэрджэсхэр) Берлин щекIуэкIа культурэхэм я карнавалым хэтащ”

  1. Alij

    Тхьэшхуэ ф1ык1э къыфхуэупсэ фи адыгэ напэри, теплъэри зэыфхъумэм папщ1эк1э! Хьет жевгъы1э ди къуэш, ди шыпхъуф1хэ!

    Налшык щыщ адыгэ.

Добавить комментарий для Alij Отменить ответ