Адыгэбзэ

Дунейпсо Адыгэ зэхуэсым и Унафэ

  •  Дэ, адыгэ лъэпкъым и лIы­кIуэ­хэр, Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсым хэтхэр икъукIэ дытогузэвыхь Сирие Хьэрып Республикэм (СХьР) иджыпсту щекIуэкIхэм. Правительствэм и дзэхэмрэ оппозицэмрэ Iэщэ яIыгъыу илъэситIым щIи­гъуауэ зэрызэпэщIэтым къы­хэкIыу цIыху куэд хэкIуэ­дащ, зэтекъутэныгъэ инхэр щы­Iэщ. ЦIыху минищэхэм псэ­упIэрэ мылъкурэ ямыIэжу къанэри, IэмалыншагъэкIэ къэралым икIын хуей хъуащ. Дунейпсо хабзэхэр къызэпауд, къы­зэ­рыгуэкI цIыхухэм зэраныгъэ емытынымкIэ конвенцэхэр ягъэзащIэркъым. Къы­зэ­­ры­гуэкI цIыхууи дзэм хэтхэм ­ящыщуи хэкIуадэхэр зэпымыууэ нэхъыбэ мэхъу. 
  • Апхуэдэ щытыкIэм Сирием щыпсэу адыгэу ди хэкуэгъуу къэтлъытэхэр зэрыщыту те­кIуэдэнкIэ хъунущ. Ахэр а къэралым щыпсэу лъэпкъ нэхъ цIыкIухэм ящыщщи, зэпэ­щIэу­вауэ зэзауэ лъэныкъуитIми зы­кIи кърадзэркъым. Псом хуэмыдэу уегъэгузавэ СХьР-ми зэрыщыту КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми лъэпкъ зэпэщIэ­ты­ныгъэр щызэщIэгъэстыным­кIэ адыгэхэр къагъэсэбэпыну зэрыхущIэкъум. Зауэм зэрызиубгъум къыхэкIыу, ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэм шына­гъуэшхуэ къытохьэ.
  • Урысей, дунейпсо зэгухьэныгъэхэм Сирием иджыпсту щекIуэкIхэр гуманитар гу­зэвэгъуэшхуэу къалъытэ. ООН-м къихь бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, нобэм ирихьэ­лIэу СХьР-м и цIыхуу дэIэпы­къу­ныгъэ хуэныкъуэхэм я бжы­гъэр мелуани 8-м нобла­гъэ. Къэралым и адрей цIыху­хэми хуэдэу, ди лъэпкъэгъухэм ерыскъыр, зэфэну псыр, хущхъуэхэр, сабий шхынхэр, Iэбэм нэхъ зыхуеину хьэпшыпхэр яхурикъуркъым.
  •  Дэ сыт и лъэныкъуэкIи ды­до­Iыгъ Сирием щыIэ щыты­кIэм залымыгъэ хэмыту зэпэщ щIы­жы­ным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм иригъэкIуэкI по­литикэр. Дэ шэч къытет­хьэр­къым Сирием и къэрал кIуэцI зэныкъуэкъум нэгъуэщI къэралхэм я дзэхэр хэмыхьэу къызэрынар Урысейм и уна­фэщI­хэм зэпэлъытауэ икIи текI имы­Iэу ирагъэкIуэкI по­ли­тикэм зэ­рифIыщIэм. Ар фIэ­кIыпIэ зи­мыIэ Iуэхущ, зэ­ны­къуэкъухэр ди­п­ломатием и IэмалхэмкIэ зэ­гъэкIужыным и лъэныкъуэкIэ.
  •  Дэ Дамаск щылажьэ Адыгэ ФIы­щIэ Хасэм хуабжьу дыхуэ­арэзыщ зауэр щекIуэкI щIы­пIэ­хэм къиIэпхъукIын хуей хъуа ди лъэпкъэгъухэм махуэ къэс зэ­ра­дэIэпыкъум папщIэ. Дэ икъу­кIэ пщIэшхуэ худощI щта­пIэ ихьэжа адыгэхэм ядэIэ­пы­къу­нымкIэ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм, Тыркум и Кавказ зэгухьэныгъэхэм я фе­дерацэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.
  •  Дэ Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Рес­публикэм я унафэщIхэм икъукIэ фIыщIэшхуэ яхудощI Сирием щыIэ адыгэ диаспорэм и гузэвэгъуэр къазэрыгу­ры­Iуэм икIи зауэр къызэры­хъей лъандэрэ зи адэ щIына­лъэм къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм зэрадэIэпыкъум папщIэ.
  • Гуманитар гузэвэгъуэшхуэм щыхэхуа мы лъэхъэнэм Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэр Урысей Федерацэм, Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм я унафэщIхэр, дунейпсо зэгу­хьэ­ныгъэхэр, урысей цIыху­бэр, адыгэ псори ядэIэпы­къу­ну къытщогугъ.
  •  Дэ, Дунейпсо Адыгэ Зэхуэсым хэтхэм:
  •  Сирием щекIуэкI зауэм нэхъри зэрызиубгъур къыдо­гъэлъагъуэ;
  •  Сирием щыщ ди лъэп­къэгъу­хэм я Iуэху зыIутым хэ­хауэ дытогузэвыхь;
  •  Урысей Федерацэм и цIыху­хэу дэ ди лъэпкъэгъуу Сирием щыпсэухэм дадэIэпыкъуну тхыдэ къалэн къызэрыдбгъэдэхуэр къыдгуроIуэ икIи цIы­хум и хуитыныгъэ нэхъыщ­хьэм – псэуну иIэ хуитыны­гъэм тещIыхьауэ – лъэIукIэ за­ху­догъазэ
  •  Урысей Федерацэм и уна­фэщIхэм:
  •  Сирием щыщ ди лъэп­къэгъу­хэу Урысей Федерацэм къэ­Iэпхъуэжыну хущIэкъухэм зыщIагъэкъуэну;
  •  абыхэм Урысей Федерацэм нэхъ тыншу кърагъэхьэ­ным­кIэ, урысей визэхэр къаху­зэ­Iу­хынымкIэ икIи Урысейм и граж­данствэ етынымкIэ, щта­пIэ ихьэжахэм я статус яхуэ­гъэу­вынымкIэ ядэIэпыкъуну.
  •  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм я унафэщI­хэм:
  •  нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъуу зи адэжь щIы­налъэм къэIэпхъуэжыну хущIэкъухэм ядэIэпыкъуным­кIэ республикэ, край программэхэр къащтэну;
  •  ЮНЕСКО-м, Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм, ЩтапIэ ихьэжахэм я IуэхухэмкIэ ООН-м и комиссар нэхъыщхьэм:
  •  Сирием и жылагъуэхэмрэ щтапIэ ихьэжахэм я тедза­пIэ­хэмрэ зэрадэIэпыкъун хьэпшыпхэр, ерыскъыпхъэхэр хуа­шэн папщIэ гуманитар ­гъуэгухэр къызэгъэпэщы­ным­кIэ сэбэп хъуну.
  •  Дэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къабгъэдэкIыу ФедерацэмкIэ Советым хэтхэмрэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэмрэ къыхудоджэ:
  •  Сирием щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм зыхуеину дэIэпы­къу­ныгъэ яхуэшэныр къызэ­гъэ­­пэщынымкIэ;
  •  СХьР-м щыпсэу ди лъэп­къэ­гъуу зи адэжь щIы­налъэм къэ­Iэп­хъуэжыну хущIэкъу­хэм я Iуэхухэр дэгъэ­кIы­нымкIэ сэбэп хъуну.
  •  Дэ захудогъазэ:
  •  адыгэ лъэпкъым, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм, Урысей Федерацэм ис лъэпкъ псоми – Сирием щыщ ди лъэпкъэгъухэм дэIэпыкъуныгъэ иратыну. Нобэм ирихьэлIэу Сирием щыпсэу адыгэхэмрэ абыхэм ящыщу зи адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ ядэ­Iэ­пыкъун папщIэ счет щхьэхуэ къызэIуахащ;
  •  адыгэ лъэпкъхэм я зэгу­хьэ­ныгъэхэм, жылагъуэ, цIы­хубз, щIалэгъуалэ организацэхэм зи адэжь щIы­налъэм къы­зыгъэзэжа ди лъэп­къэ­гъухэм гулъытэ хуа­щIыну;
  •  IуэхущIапIэхэм я унафэщI­хэм, бизнесым и IэнатIэм пэрытхэм – Сирием къиIэпхъу­кIы­жахэм папщIэ лэжьапIэ Iэна­тIэхэр иратыну.
  •  Дэ пIалъэ пыухыкIам темы­щIы­хьауэ мылъку, ахъшэ зэ­хуэтхьэсынущ Сирием щыпсэу адыгэхэмрэ абыхэм ящыщу зи адэжь щIыналъэм къэ­зы­гъэзэжахэмрэ гуманитар дэIэ­пыкъуныгъэ еттын пап­щIэ.
  •  Дунейпсо Адыгэ  зэхуэсым къыщащтащ.
  •  Налшык къалэ, 2013 гъэ, мэкъуауэгъуэм и 29

Related posts

Leave a Comment