Публицистика

ТхылъыщIэ. «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: IуэхущIафэхэмрэ хъуэпсапIэхэм­рэ»

Налшык и «Тетраграф» ООО-м и бжыгъэр зы мин хъууэ къыщыдэкIащ ­«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъы­щхьэм и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Ширдий Маринэ и тхылъыщIэ. «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: Iуэху­щIафэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ» художественно-публицистикэ къыдэкIыгъуэм и редакторыр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.

 Лэжьыгъэм щызэхуэхьэсыжащ ДАХ-м и зэхуэсибгъуми щыжаIахэмрэ къыщыхалъхьахэмрэ зи лъабжьэ тхы­гъэ­хэр, а зэIущIэхэм кърихьэлIахэм, хэхэс адыгэхэм ящыщу хэкужьым щыхьэщIахэм, апхуэдэуи зэман зэхуэмыдэхэм лъахэм къитIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм къыIаха интервьюхэр, абыхэм я Iуэху еплъыкIэхэмрэ я мурадхэмрэ, гурыгъухэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа Iэда­къэщIэкIхэр, нэгъуэщIхэри. Хэхэс гъащIэм игъэгулэз ди тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ тегъэщIапIэ щищIащ Ширдий Маринэ.

 Псоми я лъабжьэр, нэхъыщхьэу къыхэщыр зыщ: ди лъэпкъыр зэуIу хъужынырщ, ди цIыхухэм я фэм дэкIар ящызыгъэгъупщэн нэплъэжыгъуэ ягъуэтынырщ, а лъэныкъуэмкIэ къэралыр къакъуэувэу, езыхэми яхузэфIэкI халъхьэу гурэ псэкIэ зэпха щIыналъэм къитIысхьэжы­нырщ. Къэдгъэлъэгъуам ди дзэр Iузыудын хэт?! ДифI къызыхэкIынрэ лъэпкъым зыкъезыгъэIэтынрэ фIэкIа хэплъагъуэркъыми, мис ахэр унафэрэ къэралым щызекIуэ хабзэкIэ щIегъэгъэбыдэныр ди хъуэпсапIэщ. Тхылъым къыщыIэта гупсысэ нэхъыщхьэри аращ.

«Дунейпсо Адыгэ Хасэ: IуэхущIафэхэмрэ хъуэпсапIэхэм­рэ» тхылъыр къулейщ сурэт гъэщIэгъуэнхэмкIэ. ЗэIущIэхэм щытрахауэ абы итщ Хасэм и Iуэхузехьэхэм, абы зи псалъэ щыжызыIахэм, и лэжьыгъэм хэлIыфIыхьахэм, къапщтэмэ, адыгэм и Iуэхум игъэгузавэ цIыху телъыджэу къэрал куэдым щыпсэухэм я сурэтхэр. Абыхэм нэхъри наIуэу уи нэгу къыщIагъэувэ ди лъэпкъыр зэрылъэщыр, акъылкIи IэпкълъэпкъкIи Iэчлъэч апхуэдэ цIыхухъухэмрэ цIыхубз Iущхэмрэ диIэу лъэпкъыр зэрымыкIуэдынур.

   Лэжьыгъэр зэхуещIыж Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президенту щытахэм ятеухуа тхыгъэ кIэщIхэмкIэ. Апхуэдэхэу Къалмыкъ Юрэ, Щхьэлахъуэ Абубэчыр, Акъбащ Борис, Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий, Сэхъурокъуэ Хьэутий сымэ я цIэхэм епхащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хузэфIэкIар, и къарум къихьыр, и хъуэпсапIэхэм зэрылъэIэсынур.

   Ширдий Маринэ фIыщIэ яхуещI тхылъыр зи мылъкукIэ къыдэкIа «Бум-Банк» коммерцэ банкым и унафэщI Ажахъуэ Къанщобий, ар гъэхьэзырынымкIэ къыдэIэ­пыкъуа псоми.

  «Адыгэ псалъэ».  ИСТЭПАН Залинэ.

 

Related posts

Leave a Comment