Новости

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм гъуэгу трегъэхьэ

 Тырку Республикэм хыхьэ Бурсэ къалэм и Iэгъуэблагъэм къыщызэрагъэпэща гъэмахуэ адыгэ зыгъэпсэхупIэм кIуэну нышэдибэ ежьащ КъБР-м щыщ ныбжьыщIэ гуп.

Бурсэ щыIэ Кавказ Хасэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ 2013 гъэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, зи ныбжьыр илъэс 12 – 16 хъу щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ гъуэгу техьащ хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ щызэIущIэну, щызэрыцIыхуну лагерым щыIэну.

Тыркумрэ (сабий 40) Сириемрэ (сабии 10) щыщ цIыкIухэм я гъусэу махуипщIкIэ загъэпсэхунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ ныбжьыщIэхэм. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ Бурсэ кIуащ «Кавказ пшэплъхэр» къэфакIуэ ансамблым хэт щIалитхурэ хъыджэбзитхурэ. Абыхэм я гъусэщ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ абы и художественнэ унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Мартинрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент, «Адыгэ пщащэ-2013» дунейпсо зэпеуэм япэ вице-мисс щыхъуа Щомахуэ Залинэрэ.

Адыгэ щIэблэр нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIыну, къэрал зыбжанэм щыщ пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ зэзышэлIэну лагерым и къызэгъэпэщакIуэр Истамбыл и Баларбаш хьэблэм щыIэ Адыгэ Хасэм илъэс зыбжанэкIэ и унафэщIу щыта Нэгъуей Яшарщ.

ЦIыху 90-м нэблагъэ щызэхуэсыну лагерым ныбжьыщIэхэм я зэманыр нэгузыужьу, гукъинэжу щекIуэкIынущ. Махуэхэр программэ хэхам тету ягъэкIуэнущ.

Мы зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэр хамэ къэралхэм къыщыхъу адыгэ щIэблэм я анэдэлъхубзэр ящымыгъэгъупщэнырщ, хабзэр яIэщIэмыгъэхунырщ, къызыхэкIамрэ абы и пщIэмрэ ящIэжу къэгъэхъунырщ. Абы папщIэ къызэгъэпэщакIуэхэм бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнхэр къагупсысащ. ХэкумкIэ икIынухэм я ныбжьэгъухэм ирагъэщIэнущ адыгэ утыку итыкIэри, зыIыгъыкIэри, къэфэкIэри, уэрэд жыIэкIэри, хабзэ зехьэкIэри, апхуэдэуи анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр хэхэс сабийхэм зыхрагъэщIэфыну дащогугъ. А псом къищынэмыщIауэ, махуэ къэс екIуэкIынущ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хухэха семинархэр. БалигъыпIэ иджыри имыува ныбжьыщIэхэм псалъэмакъ купщIафIэхэр драгъэкIуэкIынущ адыгэхэм я тхыдэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ, унагъуэм щекIуэкI гъэсэныгъэм адыгэ хабзэм щиубыд увыпIэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуауэ. Лагерым щызэхуэсахэр шэрджэс къуажэхэм яшэнущ, хэхэс адыгэхэм къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм IуагъэщIэнущ, Тыркум и дахапIэхэр ирагъэлъагъунущ.

 «Адыгэ псалъэ»

 НэщIэпыджэ Замирэ

Related posts

Leave a Comment