Новости

Адыгэхэм я махуэм жыджэру фыхэт!

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр иджы япэу щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ. Махуэ зыбжанэкIэ абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIынущ ди лъэпкъым и адэжь лъахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым.

 Нобэ щыщIэдзауэ республикэм и къалэхэм, районхэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щокIуэкI. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм къыщызэIуах «Адыгэхэр: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. ФокIадэм и 18-м сыхьэт 17-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ «Дэ игъащIэми шэрджэскIэ къыдоджэ» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Ар игъэхьэзыращ тхакIуэ, публицист, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

ФокIадэм и 19-м, сыхьэтыр 18-м гуфIэгъуэ зэIущIэ ин щызэхэтынущ профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм. А махуэм къыдэкIынущ «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР), «Нарт» (ДАХ), «Хасэ» (КъАХ), «Черкесское зарубежье», «Шапсугия» газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыра номер зэгуэтыр.

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ лъапIэр ДАХ-м къызэрыфIищамрэ и щIыхькIэ ирагъэкIуэкIыну пшыхьыр ирагъэхьэлIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм, ари мы мазэм къриубыдэу зэхэтынущ.

ФокIадэм и 20-р гукъинэж зыщIынухэм ящыщщ сыхьэт  12-м щIидзэу Налшык къалэ и ипподромым щекIуэкIыну шы-спорт махуэшхуэр, абы адыгэ, инджылыз-адыгэ шы лъэпкъхэр къыщызэдэжэнущ, шууей Iэзэхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ. Апхуэдэуи ди республикэмрэ гъунэгъу хэгъуэгухэмрэ щыщ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ абдеж концерт щатынущ, «Кавказ джэгухэр – 2014» фестивалым хэта спортсменхэри ипподромым къыщыфцIыхунущ.

ФокIадэм и 27-м адыгэ усыгъэм дихьэххэм папщIэ усэ пшыхь гукъинэж къызэрагъэпэщынущ.

Адыгэм и щхьэр лъагэу езыгъэIэт, и ехъулIэныгъэхэмрэ и зэфIэкI лъагэхэмрэ куэдым езыгъэцIыху зэхыхьэ куэд траухуащ фокIадэ-щэкIуэгъуэ мазэхэм. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, сурэтыщIхэу Пащты Герман, ПэтIуащIэ Феликс, Црым Руслан, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, СэвкIуий Хьэмид, Бырсыр Абдулыхь, Къат Теувэж, КIыщ Мухьэдин, Жылэ Анатолэ, Зэхъуэхъу Валерэ сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къызэрызэрагъэпэщынур.

Адыгэм куэд хуэзылэжьа, зи зэфIэкIкIэ, акъылкIэ цIэрыIуэ хъуа цIыхухэм (Ридадэ, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ, Нэгумэ Шорэ, Къэзанокъуэ Жэбагъы, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Мэлбахъуэ Тимборэ, Шыхъуэ Борис, Еутых Аскэр, МэшбащIэ Исхьэкъ, Темыркъан Юрий, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Хьэсанэ Мурат, КIуэкIуэ Валерий, Къэшэж Иннэ) я скульптурэ портретхэр ягъэхьэзырынущ, режиссер, продюсер Къандур Мухьэдин и художественнэ, документальнэ фильмхэр КъБР-м, АР-м, КъШР-м я телевиденэхэмрэ Иорданием щылажьэ «Нарт-ТВ» студиемрэ щагъэлъэгъуэнущ.

Апхуэдэ дыдэу режиссер Вэрокъуэ Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа документальнэ фильмхэр КъБР-м, КъШР-м, АР-м я телевиденэхэм щагъэлъэгъуэнущ, «Адыгэ псалъэм» и дапхъэ» серием щIэту тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр къыдагъэкIынущ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием Темыркъан Борис зи унафэщI Симфоническэ оркестрым адыгэ, урыс композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэр щигъэзэщIэну пшыхь щекIуэкIынущ.

Жэпуэгъуэм и 10-м Франджым щагъэлъэгъуэнущ «Гранд-Опера» париж театрым и прима-балеринэ Черинэ (Щэмырзэ) Людмилэ къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум ирихьэлIэу траха фильмыр. Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ лъапIэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ зыхуигъэфэщахэм щратыж пшыхь зэхэтынущ илъэсым и кIэм.

ГуфIэгъуэ махуэм и пщIэр нэхъри иIэтынущ республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ къыщызэрагъэпэщыну зэхуэсхэм, классщIыб лэжьыгъэхэм, конференцхэм. ФокIадэм и 20-м район псоми махуэшхуэ зэIущIэхэр, концертхэр щекIуэкIынущ.

Related posts

Leave a Comment