Документы

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа дауэдапщэхэр гъэхьэзырынымрэ ахэр зэщIэгъэуIуауэ егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2014 гъэм фокIадэм и 9-м                         Налшык къалэ

 №559-рп

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа дауэдапщэхэр ягъэхьэзырын икIи зэщIэгъэуIуауэ ирагъэкIуэкIын папщIэ:

1. Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа дауэдапщэхэр гъэхьэзырынымрэ ахэр зэщIэгъэуIуауэ егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр къэщтэн, мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.

2. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым хуэгъэувын Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ зэфIагъэкIынухэм я планыр зэхилъхьэу къищтэну.

3. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Фырэ Р. Б.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр

зыгъэзащIэ                              Алътуд Юрий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм

2014 гъэм фокIадэм и 9-м къыдигъэкIа

унафэ №599-рп-мкIэ къищтащ

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа дауэдапщэхэр гъэхьэзырынымрэ ахэр зэщIэгъэуIуауэ егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр

 

Фырэ Р. Б. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и тхьэмадэщ)

Къумахуэ М. Л. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрыр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым и тхьэмадэм и къуэдзэщ)

Аттаев Ж. Ж. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэтыр (зэгурыIуауэ)

АфIэунэ А. М. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм спортымкIэ и министрыр

Ахъуэхъу Къ. М. – Шэджэм муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Беппаев С. У. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ щыIэ комиссэм жэуап зыхь и секретарыр (зэгурыIуауэ)

Васильев С. В. – къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр (зэгурыIуауэ)

Гергоков Дж. Б. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр

Говоров С. А. – Прохладнэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Джатэ Р. Хь. – Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Дзэмыхь Къ. ФI. – Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институт федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)

Дроздов И. П. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщIыр

Емуз Н. Гъу. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэ-джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр

Къарэмырзэ Б. С. – «Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» профессиональнэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и ректорыр (зэгурыIуауэ)

Карчаевэ А. Хь. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэр (къызэгъэпэщакIуэ комитетым жэуап зыхь и секретарщ)

Къуэдзокъуэ М. М. – Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Куэшей А. Д. – Аруан муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Пэнагуэ М. А. – Тэрч муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Семэн П. Г. – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Архив къулыкъущIапIэм и унафэщIыр

Сыжажэ Хь. Л. – Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)

Сэхъурокъуэ Хь. Хь. – Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президентыр (зэгурыIуауэ)

Темыркъан Г. Ж. – «Урысейм и Художникхэм я союз» урысейпсо творческэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэм – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Художникхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)

ХьэфIыцIэ М. М. – «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэр, «Адыгэ Хасэ» Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)

 

 

Related posts

Leave a Comment