КъызэгъэпэщакIуэхэр зочэнджэщ
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр гъэхьэзырынымкIэ, егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зи чэзу зэIущIэр фокIадэм и 10-м зэхэтащ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ къэрал комитетым и унафэщI Дроздов Игорь, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, гуфIэгъуэ Iуэхум егъэщIылIауэ щытыну IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ фокIадэм и 20-м ягъэлъэпIэну махуэм зэрыхуэхьэзыр щIыкIэм, къалэхэмрэ районхэмрэ щекIуэкIыну зэхыхьэхэр къызэрызэрагъэпэщынум, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэуи нэхъапэкIэ яубзыхуа планым хагъэхьэжыпхъэу къалъытэ Iуэхугъуэ зыбжанэкIэ зэчэнджэщащ.
ГуфIэгъуэ зэIущIэр фокIадэм и 19-м Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм къыщызэIуахынущ. Абы хэтынущ хамэ къэрал 24-м нэблагъэм къикIа хьэщIэхэр, гъунэгъу хэгъуэгухэм, республикэм и къалэхэм, щIыналъэхэм щыпсэухэр.
ЗэраубзыхуамкIэ, республикэ ипподромым деж щегъэжьауэ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм нэс, адыгэ бэракъым тет вагъуэ 12-м я нэщэнэу, адыгэ фащэ зыщыгъ шууей 12 къыдэкIуеинущ. Абдеж хьэщIэхэм щаIущIэнущ ЦIыпIынэхэ Идаррэ Уэздемыррэ. Адыгэ унагъуэм и щыIэкIэ-псэукIэмрэ хьэщIэхуэфIу зэрыщытымрэ къагъэлъагъуэу, ди лъэпкъэгъухэм ижь-ижьыж лъандэрэ къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ зыщIэлъ пщыIэ къызэрагъэпэщынущ зэкъуэшхэм, къахуеблагъэхэм махъсымэбжьэкIэ япежьэу.
ХьэщIэхэми бысымхэми я нэгу зезыгъэужьынухэм ящыщщ ипподромым щекIуэкIыну шыгъажэмрэ шууейхэм ягъэлъэгъуэну Iэзагъымрэ, а зэпеуэхэр щызэпагъэукIэ, ди республикэмрэ гъунэгъу щIыналъэхэмрэ я уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ концерт ятынущ, «Кавказ Джэгухэр-2014» фестивалым хэта ди щIалэхэми я зэфIэкI ягъэнэIуэнущ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и архивым щыщ экспонатхэм я гъэлъэгъуэныгъэр фокIадэм и 18-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ. Жэпуэгъуэм и 10-м Франджым щагъэлъэгъуэнущ а къэралым щыпсэуа балеринэ Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ теухуауэ Къэзанш Людмилэ триха фильмыр. ФокIадэм и 17-м Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и лэжьэгъуэр къызэIуихыжынущ «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ» спектаклымкIэ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.