Новости

Псом нэхъыщхьэ

 

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий Ефэнды Джылахъстэн егъэлъапIэ

Хасащхьэм и лэжьыгъэм щIидзэн ипэ къихуэу, къызэхуэсахэр ехъуэхъуащ зэIущIэм кърагъэблэгъа нэхъыжьыфI, къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, илъэс 25-кIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къалэ къудамэм и тхьэмадэ, мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуа Ефэнды Джылахъстэн. Хъуэхъу псалъэ гуапэхэм иужькIэ Сэхъурокъуэм ДАХ-м и щыхь тхылъымрэ саугъэтымрэ абы иритащ. КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Додуев Аскэррэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонидрэ ехъуэхъуащ Ефэндым икIи УФ-м и Лермонтов комитетым къыбгъэдэкIыу ЩоджэнцIыкIу Алий и медалыр иратащ.

Зэхуэсыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм ящыщу зэфIагъэкIахэр къыщапщытэжым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъу махуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэрызэфIэкIам, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр къызэрызэрагъэпэщам, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум ехьэлIа Iуэхухэр зэрекIуэкIам. Абыхэм теухуа фильм кIэщIым къызэхуэсахэр еплъащ. 2014 гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ щыта Iуэху псори Къэбэрдей-Балъкъэрми, адыгэ зэрыс адрей хэгъуэгухэми, нэгъуэщI къэралхэми щекIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, Сочэ къалэм и махуэр щагъэлъапIэм, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрырагъэблэгъар, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и цIэкIэ саугъэт УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Козак Дмитрий зэрыритар жиIащ ХьэфIыцIэм.

Накъыгъэм и 21-м теухуауэ КАФФЕД-м Истамбыл щыгъуэ пэкIу ин зэрыщызэхишар, абы ДАХ-м къыбгъэдэкIыу КъБР-м, КъШР-м, АР-м щыIэ хасэхэм я лIыкIуэхэр зэрыхэтар жиIащ къэпсэлъам. Абыхэм ятеухуа репортажхэр Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм къызэрыщагъэлъэгъуэжар, тхыгъэхэри «Адыгэ псалъэ» газетым зэрытетар къыхигъэщащ.

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къытеувыIащ Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум теухуауэ ягъэпса программэр процент 20 нэхъ къэмынэу зэрагъэзэщIам, адрейхэри ахъшэ къазэрыIэрыхьэу зэрызэфIагъэкIыжынум.

— Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м, КъБР-м я къэрал саугъэтхэм я лауреат КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум ехьэлIа зэIущIэхэр щемыкIуэкIа жылэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иткъым жыпIэмэ, ущыуэнукъым, курыт школхэми, еджапIэм нэхъыщхьэхэми, библиотекэхэми, музейхэми хъарзынэу къыщызэрагъэпэщащ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм КIыщокъуэр зыцIыхуу щыта, и тхыгъэхэм щыгъуазэ тхакIуэхэр, литературэджхэр, критикхэр кърихьэлIэу пшыхь дахи зэхишащ, – къыпищащ адэкIэ ХьэфIыцIэм. – ДАХ-мрэ КъАХ-мрэ я жэрдэмкIэ Шэджэм къуэладжэм и зы бгы щыгу абы и цIэр фIащын папщIэ дэкIуеящ альпинистхэр, журналистхэр, къалэ унафэщIхэм ящыщхэр. Апхуэдэуи Алим и тхыгъэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса тхылъ урысыбзэкIэ къыдэдгъэкIащ.

Адыгэхэм (шэрджэсэм) я махуэр Iэтауэ ди республикэм зэрыщекIуэкIам фыщыгъуазэщ, ар ягъэлъэпIащ нэгъуэщI хэгъуэгухэми. Ауэ адыгэ зэрыс адрей хэгъуэгухэми къыддащтэну я тхьэмадэхэм захуэдгъэзащи, дяпэкIэ нэхъ куууэ, убгъуауэ зэрекIуэкIынум шэч хэлъкъым.

Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир Мухьэмэд и псалъэхэр диIыгъыу жиIащ а махуэр дахэу Аммани зэрыщекIуэкIар, дяпэкIэ махуэшхуэм и лъабжьэр нэхъ щIэгъэбыдауэ дэни къызэрыщызэрагъэпэщынур. А махуэр фокIадэм и 20-м щIытрагъэхуам и щхьэусыгъуэм щIэупщIэ куэд зэрыщыIэр щыжиIэм, абы и жэуапу Сэхъурокъуэ Хьэутий

— Япэрауэ, ди адэжьхэм хьэцэпэцэр Iухыжын, гъавэр къехьэлIэжын яуха нэужь, тхьэлъэIушхуэ ящIу гушхуэу зэхыхьэу щытащ фокIадэм. «Гъатхэ унэр гъуанэщ» – жаIэрти, илъэсыр къазэрехъулIэнур ямыщIэу джэгу яублэу щытакъым. Хуабэр блэкIауэ, щIыIэр къэмысауэ, гъавэм и ныкъуэр кърахьэлIэжарэ, и ныкъуэр губгъуэм илъу, къызыхахынри яIэу, зыщыгугъри нэхъыбэжу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрт а лъэхъэнэм.

КъищынэмыщIауэ, Адыгэхэм я махуэр балигъхэм я закъуэкъым зытещIыхьар. Абы Iэмал имыIэу хэтын хуейхэм ящыщщ сабий гъэсапIэхэм, курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэри. Гъэмахуэ мазэхэр блэкIауэ, зызыгъэпсэхуахэри къекIуэлIэжауэ, къаруущIэрэ мурадыщIэрэ яIэу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къэтлъытащ. Апхуэдэуи ди тхыдэм Iуэху дахэ куэд къыхощыж фокIадэ мазэм адыгэм къехъулIауэ.

Хасащхьэм и зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ Сирием къикIыжу зи адэжь щIыналъэ къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм нобэ я Iуэху зыIутымрэ ДАХ-р зэрадэIэпыкъумрэ. Абы ехьэлIауэ къэпсэлъащ Хасащхьэм хэт ГубэщIыкI Владимир:

— Фызэрыщыгъуазэщи, илъэсищым щIигъуауэ Сирием щекIуэкI гузэвэгъуэм кърихужьэжауэ зы мин ныкъуэ хуэдиз къэIэпхъуащ ди республикэм, – жиIащ абы. – Апхуэдэуи Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щетIысэхащ, Тыркум зыунэтIахэри куэд мэхъу. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, ахэр зы махуи гулъытэншэу къэнакъым. КъБР-м и Правительствэри Дунейпсо Адыгэ Хасэри хуабжьу ядоIэпыкъу, нэхъыщхьэращи, республикэрысхэм я гулъытэм гъунэ имыIэу хъарзынэу зыщIагъакъуэ. ЗэманкIэ тIэкIу кIыхьлIыхь хъуами, я псэупIэкIэ, унэкIэ, лъапсэкIэ ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхур иджы и кIэм ноблагъэ. Сириер мамыр хъужмэ, ягъэзэжыну я мураду щытами, иджы я гур нэхъ ягъэтIылъащ. Нобэр къыздэсым унагъуэ 52-м унэ-лъапсэхэр къащэхуащ. Иджыри унагъуэ 20 хуэдиз къэнащи, ахэри куэд дэмыкIыу Iэпхъуэжын хуэдэу къызыдогъэпэщ. Пэжщ, абдежым щиухыркъым ди пщэ къыдалъхьа къалэныр. УнагъуэщIэу тIысар куэдым хуэныкъуэщи, ди къарур нэхъри зэщIэдгъэуIуэу дадэIэпыкъун хуейщ. Зиужь дитыпхъэхэм ящыщщ лэжьапIэ IэнатIэ къахуэгъуэтынри.

Ди лъахэгъухэм унэ къахуэщэхуным иужь ита, ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Ажахъуэ Къанщобий къыхигъэщащ нэхъыбэр Iэпхъуауэ щхьэж и щхьэ Iуэху зэрызэрихуэжыр, адрей къэнахэми я Iуэхур щIэх дыдэу зэрызэфIэкIынур. «Унагъуэ 16, 20 здэIэпхъуа къуажэхэр щыIэщ, адрейхэм тIурытI-щырыщурэ дэтIысхьахэщ, езыхэм къызэрыха-хам хуэдэу», – дыщIигъуащ Ажахъуэм.

Сирием щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Гугу Акрэм убгъуауэ тепсэлъыхьащ нобэкIэ я къэралым щекIуэкIымрэ дяпэкIэ зыщыгугъхэмрэ.

— ЯпэщIыкIэ къыхэзгъэщыну сыхуейт ДАХ-мрэ «1КъБР» республикэ телевиденэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща телемарафоным къыхэкIа ахъшэр Сирием и кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэ дыщIэту хуэныкъуэхэм зэраIэрыдгъэхьэжар, – жиIащ къэпсалъэм. – Нэхъыбэу ар зэттар зи унэ къэуахэу щыпсэун зимыIэжхэрщ. Ахъшэр ятедгуэшащ зы цIыхум лирэ 1500-рэ хуэзэу. Ар хасэ къудамэхэм къыхатхыкIри, тхылъ хэхакIэ яхуэдгуэшащи, псори дэфтэрым хуэгъэкIуауэ сIыгъщ.

Гугу Акрэм фIыщIэ яхуищIащ республикэхэм, къэралхэм я унафэщIхэмрэ хасэ тхьэмадэхэмрэ мафIэм зи щхьэр къыхэзыхахэр зэрызэрашэлIам, зэрадэIэпыкъуам папщIэ.

— Сирием щыIа адыгэ къуажэхэм я нэхъыбэр къагъэуащ, зэтракъутащ, жылэ зыбжанэм зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIырти, зыкъызэщIакъуэри къыдэкIащ ди къуэшхэр. Дэ нэIэ щIэту хамэ къэралхэм Iэпхъуащ цIыхухэм я нэхъыбэр, иджыпсту ди Хасэм унагъуэ мини 9-м щIигъум шхынкIэ, щыгъынкIэ, тепIэнщIэлъынкIэ защIегъакъуэ, – къыпищащ Акрэм. – Дигу зэрыгъухэм ящыщщ дяпэкIэ Урысейм къихьэхэм паспорт къратын щхьэкIэ урысыбзэр ящIэн, экзамен ятын хуейуэ къызэрагъэувар. Дэ дыщIолъэIу Урысей къэралышхуэм и унафэм адыгэбзэр зыщIэхэри къэзэуатыншэу къригъэхьэжыну и унафэм хигъэхьэну. УФ-м и Премьер-министрым и къуэдзэ Козак Дмитрий Сочэ къыщыджиIат Сирием къикIхэм папщIэ визэр трахыжыну, УФ-м и МЧС-р сэбэп къытхуагъэхъуну, ауэ зэкIэ зыри зэфIэкIакъым. Хамэ къэралхэм щыпсэу урыс лъэпкъым щыщхэр къэкIуэжыну хуеймэ, дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум теухуа унафэ щыIэщ, ауэ адыгэхэм къахуэсэбэпыркъым. Апхуэдэ ди лъэIухэр къэрал унафэщIхэм я деж нахьэсыну делъэIуну сыхуейт УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым щыIэ ди сенаторхэмрэ Къэрал Думэм хэт ди депутатхэмрэ. Уни, жьэгуи, IэнатIи ямыIэжу, хэкум къэкIуэжыну хуейр куэдщи, Iэмал иIэмэ, гъуэгу къытхуэвгъуэт, паспортыр къыдэхыным и Iуэхур нэхъ тынш тхуэфщI, урысыбзэкIэ экзамен Iуэху хэмыту.

Адыгэ Республикэм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Бэгъущэ Iэдэм жиIащ мы илъэсыр къызэрихьэрэ Сирием къикIыжыну зыфIэигъуэхэм я тхылъхэр къэрал IуэхущIапIэхэм Iамыхыу 150-рэ хуэдиз къызэрагъэувыIар, Олимп Джэгухэр зэфIэкIыху абыхэм я Iуэху зэрызэрамыхуар.

— Иджыри къэс ди республикэм къэкIуэжахэм къэралым къыбгъэдэкIыу зы сом ятекIуэдакъым, цIыхухэм зэхуахьэса ахъшэращ зэрызащIэдгъакъуэр. Ауэ Украинэм къикIахэм мелуан бжыгъэкIэ трагъэкIуадэ. Дэ, адыгэхэр, къэралым сыт щыгъуи дыкъуэтащ, и текIуэныгъэхэм дыхэлIыфIыхьащ, иджы, гузэвэгъуэ къыщытлъыкъуэкIам, къытпыкъуэкIыну дыщогугъ. Сэ сыхуейт ДАХ-м и лIыкIуэхэр Москва дыкIуэу, ди сенаторхэмрэ депутатхэмрэ ди гъусэу къэрал унафэщIхэм захуэдгъэзэну, жэуап гуэр къапытхыну.

Бэгъущэм къыхигъэщащ Адыгэ Республикэм къэIэпхъуэжахэм ящыщу унагъуэ 22-м унэ зэрыратар, Хасэм деж бзэр щрагъащIэ курсхэр къызэIуахауэ, цIыху 60 къызэрекIуалIэр.

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Сирием къикIыжу Iэпхъуа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутыр къигъэлъэгъуащ Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд.

— Зауэм кърихужьэжа ди къуэшхэм республикитIми гулъытэ хъарзынэ щагъуэтри, абы хэлIыфIыхь псоми фIыщIэ фхузощI, – жиIащ Мухьэмэд. – Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди хэгъуэгум Iуэхур зэрынэхъ щыгугъур. Унэ, мылъку и лъэныкъуэкIэ ди хьэрычэтыщIэхэр хъарзынэу сэбэп хъуащ, АР-ми КъБР-ми ди къуэшхэм щхьэкIэ унэ къыщызыщэхуахэр щыIэщ. Шэрджэс Хасэм цIыхуи 100 хуэдизым зыкъытхуагъэзати, 30-ращ дызыдэIэпыкъуфар, адрейхэр къуэш республикэхэмрэ Абхъазымрэ Iэпхъуащ.

Къыхалъхьа Iуэхум щытепсэлъыхьым, Тыркум щыIэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар къыхигъэщащ, Iуэхур гугъуми, я деж къекIуалIэ дэтхэнэ зы адыгэри гулъытэншэ ямыщIыну зэрыхэтыр.

— Сирием къикIауэ мелуани 2-м щIигъу щопсэу Тыркум, – жиIащ абы. – Дэ цIыху мини 3-м щIигъум дадэIэпыкъуащ, КАФФЕД-м къепха Хасэхэм къуажэхэм дагъэтIысхьауэ зыхуейхэмкIэ зыщIагъакъуэу мэпсэу. Бэлыхьыр ятелъу нэгъуэщI къэралхэм икIуадэ нэхърэ ди хэкужь дгъэкIуэжмэ нэхъыфIщ жыдоIэ, арщхьэкIэ ар хуабжьу Iуэху гугъущ. Аддэ щыIэри, мыдэ щыIэри зэрощIэ, зопсалъэри, мыбы къэзыгъэзэжахэри гугъу зэрехьыр ящIэри, къэкIуэжыну дзыхь ящIыркъым, я гур хэкумкIэ щыIэми. Политикэ и лъэныкъуэкIэ куэду зэлэжьын хуей Iуэхущ мыр. Хэкужьым зы комитет хэха къыщызэрагъэпэщауэ, мыбыхэм я Iуэху зэрахуатэмэ, дызыгъэпIейтейр нэхъ мащIэ зэрыхъунум шэч къытесхьэртэкъым.

Хамэ къэрал къикIыжхэр тыншу хэкум къихьэжынымкIэ, дэфтэр Iуэхухэр хабзэм къезэгъыу зэфIахынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къыхэщу къэпсэлъащ КАФФЕД-м хэт Думэн Iумит, Къущхьэ Догъэн, Европэм щыIэ Хасэхэм я Федерацэм и унафэщI ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ, нэгъуэщIхэри.

ЖаIа псоми едэIуа нэужь, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэжей Артем къыхигъэщащ къэрал властымрэ Хасэмрэ зэгурыIуэмэ, зэрыIыгъыу зэдэлажьэмэ, къагъэлъэгъуа Iуэхухэм я хэкIыпIэхэри наIуэ зэрыхъунур.

Зыуэ щыт адыгэ литературэбзэр зэхэлъхьэным и Iуэхум тепсэлъыхьащ Хасащхьэм хэт МэшхуэфI Нэждэт:

— ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэр адыгэу дунейм тетыр зэшэлIэжыныр, етIуанэр ахэр зы литературэбзэкIэ псалъэу зэтеухуэныр аращ, – жиIащ Нэждэт. – Абы и лъэныкъуэкIэ хъарзынэ хъунут адыгэ алыфбейхэм хэплъэу нэхъ езэгърабгъур зэхэгъэувэным елэжьын гуп зэхэтшэну.

Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис къыхигъэщащ 1999 гъэм бзэ щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр зэхуэсу а Iуэхум тепсэлъыхьауэ зэрыщытар.

— Ди тхыбзэр нэхъ зэкIуалIэ тщIыныр арат абы щыгъуэ зиужь дитар, – пищащ БищIом. – КъыщыщIэдзэн хуейр, дауи, алыфбейрщ. Къэбэрдеибзэмрэ кIахэм яймрэ зэмыщхьу хэтыр хьэрфищ къудейщ: жь, щ, щI. Абы нэмыщIу тхыбзэр зэщхь хъун щхьэкIэ, алыфбейм и закъуэкъым зэбгъэзэхуэн хуейр, атIэ пэжырытхэми елэжьыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, дэ «уэ» жыхуэтIэр, кIахэм «о»-кIэ къагъэлъагъуэ. Апхуэдэ зыбжанэри кIахэм я тхыкIэм нэхъ техуэу дубзыхури, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий и Iэр щIэлъу 2001 гъэм ди республикэм унафэ къыщыдэкIауэ щытащ. Ауэ абы щыгъуэм Iэмал имыIэу Адыгейми къащтэн хуейт ар, итIанэт гъэзэщIэн щыщIадзэнур, ауэ ар пхыкIакъым. Иджы фэ зи гугъу фщIыр къывэхъулIэн папщIэ, ар къэфIэтыжу АР-мрэ КъБР-мрэ къызэдащтэн хуейщ. Абы куэдкIэ дызэришэлIэнущ, зым и тхыкIэм адрейр къеджэфу хъунущ. Ауэ зы бзэ техьэныр зыкъомкIэ нэхъ гугъущ. Зи гугъу сщIы зэIущIэми къыщыхалъхьауэ щытат ар, ауэ щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм мыхъуну къалъытащ. Абы тегушхуэр а Iуэхум нэхъ хэзымыщIыкI, бзэм иримылажьэхэрауэ къысщохъу.

Зы лъэпкъи щыIэкъым диалект зыбжанэм иримыпсалъэ, ахэр зэгуроIуэри зы бзэм хуокIуэ. Дауэ къызэрыхахыр? Япэрауэ, нэхъыбэ зэрыпсалъэ бзэращ япэ ирагъэщыр. Абы тепщIыхьмэ, дэ дызыхуэкIуэн хуейр къэбэрдеибзэращ. ЕтIуанэрауэ, нэхъ тыншращ къыхахыр. КIахэм я псэлъэкIэмрэ дэрэ нэхъ дызэрызэтемыхуэр макъхэращ, дэ димыIэу макъи 9 хэтщ абыхэм я бзэм. КIахэм ямыIэу дэ диIэр кхъ, кхъу, ху хьэрфищращ. Абы и лъэныкъуэкIи нэхъ тынш хъунур къэбэрдеибзэрщ. А макъищыр тыншу тхухэгъэкIынущ ди бзэм, кхъ, кхъу-р псалъэ зыбгъупщIым хэтуращ, ху-р кIахэм я къэпсэлъыкIэ ф-м хуэдгъакIуэми къиин хъунукъым. Мис абыхэмкIэ лъэпкъхэр зэгурыIуэн хуейщ псом япэу, зы тхыбзэ, литературэбзэ диIэн щхьэкIэ.

ДАХ-м и мылъку зегъэкIуэкIэм, и Хабзэм (Уставым) хэлъхьапхъэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дыщIыгъужыныгъэхэмрэ щытепсэлъыхьым, КъэпщытакIуэ гупым и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ жиIащ ди къэралым къыщыдэкIа унафэщIэм ипкъ иткIэ, Хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн зэрыхуейр. Абы папщIэ дэтхэнэ зы хасэ къудамэми езым и Хабзэр зэригъэзэхуэжын, зэхуэс къызэрагъэпэщу щIагъэбыдэжын зэрыхуейр яжриIащ.

Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир къыщыпсалъэм къыхигъэщащ ДАХ-м иригъэкIуэкI Iуэху дахэхэм дяпэкIи къыпащэну зэригуапэр, хамэ къэралхэм къикIыурэ хэкужьым зыщызыгъэпсэху сабийхэр, адэжь лъахэм къагъакIуэурэ щрагъаджэ студентхэр хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэшэлIэным, гурэ псэкIэ нэхъ гъунэгъу зэхуэщIынымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур.

— Иорданиемрэ Урысей Федерацэмрэ я зэхуаку зэпыщIэныгъэфIхэр дэлъщ, ар дэри къэдвгъэгъэсэбэп. Иджыблагъэ ди къэралым лэжьыгъэ IуэхукIэ неблэгъащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и лIыкIуэхэр. Абы КъБР-м и сенатор Къанокъуэ Арсени яхэтти, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм едгъэблагъэри, ди Iуэху зытетыр яжетIащ, ди псэукIэр зыхуэдэм щыдгъэгъуэзащ. Си гугъэщ апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр сэбэп къытхуэхъуну, Сирием къиIэпхъукIыж ди къуэшхэм я Iуэхури нэхъ псынщIэу зэфIэкIынымкIэ къэдгъэсэбэпыфыну.

ЗэIущIэм и кIэухым ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэр зэгурыIуащ къыкIэлъыкIуэ зэхуэсыр гъатхэпэм (мартым) и пэщIэдзэм КъШР-м и къалащхьэ Черкесск щрагъэкIуэкIыну.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

 

Related posts

Leave a Comment