Новости

Тырку Республикэм щылажьэ «КАФФЕД» шэрджэс хасэхэм я Зэхуэсышхуэм хэт ди лъэпкъэгъухэм я деж

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI фIэхъус гуапэкIэ зыфхудогъазэ КАФФЕД-м и Зэхуэсышхуэм кърихьэлIа псоми. Иджыри зы лэжьэгъуэ пIалъэ къызэвнэкIри, лъэпкъ Iуэхур адэкIэ зыгъэкIуэтэн гуп хэфхыну фызэхуэсащ нобэ. КАФФЕД-р сыт щыгъуи иужь итщ Тыркум ис ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ  хамэ лъэпкъым хэмышыпсыхьыжынымкIэ, я бзэр, я хабзэр яIэщIэмыхуу къэгъуэгурыкIуэнымкIэ, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр хамэ щIыналъэм щахъумэнымкIэ Iэмалхэр къызэгъэпэщыным.

БлэкIа пIалъэм КАФФЕД-м  и тхьэмадэ къулыкъур зыIэщIэлъа Хьэгъундокъуэ Яшари, лэжьыгъэм пэрыта гупми я гуащIэрэ акъылрэ халъхьащ дызыхэпсэукI зэман мытыншым Тыркум щыIэ шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я къарур зрагъэуIуу лъэпкъым и псэкупсэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, зегъэужьыным, адэжь щIыналъэм  хуаIэ пыщIэныгъэр егъэфIэкIуным, адыгэм къылъыкъуэкI лъэпощхьэпохэр къиин къыхэмыкIыу зэфIэхыным, нэгъуэщI куэдми.

Си гугъэщ щIэкIуэгъуэм и 29-м  хэфхыну унафэщIымрэ  гъэзэщIакIуэ гупымрэ КАФФЕД-м и Хабзэм къигъэув къалэнхэм пэлъэщ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и мурадхэр дэзыIыгъ, лъэпкъым и IуэхуфIхэр зыгъэкIуатэ, и гукъеуэхэр  зэфIэзых къару лъэщу къыткъуэувэну. «Зэманым декIур лIыфIщ», — жеIэ адыгэм. Сыт хуэдэ Iуэху къедмыхьэжьами, дызыхэпсэукI зэманым дедгъэкIуфрэ дыщыпсэу къэралхэм зедгъэзэгъыфу дыкъызэдэгъуэгурыкIуэмэ, ди мурадхэр къызэрыдэхъулIэнум шэч къытесхьэркъым.

Фэ зэрыфщIэщи, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и япэ зэIущIэр Анкара щедгъэкIуэкIыну дызэгурыIуауэ щытащ. Ауэ махуэ зыбжанэ и пэкIэ Тыркумрэ Урысеймрэ я зэхуаку къыдэхъуа щIэщхъум ди мурадхэр къызэпиудащ. Аращ дунейм и хабзэр — политикэ иным и зегъэкIуэкIэмрэ къэралыгъуэхэм я зэхущытыкIэмрэ лъэпкъ мащIэхэр щыхилъафэ щыIэщ. Дэ иджыпсту дыкIэлъоплъ къэрал лIыщхьэхэм къахь унафэхэмрэ дунейм мамырыгъэр щызэтегъэувэжыным теухуауэ ящIэхэмрэ. Дыщогугъ Тыркумрэ Урысеймрэ я зэныкъуэкъур куу мыхъуу, къэралитIми я сэбэпынагъ зыпылъ хэкIыпIэ  къагъуэтыну. Анкарарэ Мэзкуурэ я зэхущытыкIэм ди лъэпкъ Iуэхури елъытауэ щыщыткIэ,  дримыгузэвэн тлъэкIыркъым. ФIыр зи плъапIэрщ фIы къызэхъулIэр. Ар ди гъуазэу, щытыкIэр щыгугъу лъэхъэнэм къриубыдэу хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ ди къару псори къызэкъуэдывгъэхи, гу къабзэкIэ лъэпкъ Iуэхум дыхуэвгъэлажьэ!

 

ПщIэ къыфхуэзыщI

Сэхъурокъуэ Хьэутий,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Налшык къалэ, 2015 гъэ, щэкIуэгъуэм и 27.

Related posts

Leave a Comment