Хьэгъундокъуэ Яшар аргуэру хахыж
Тырку Республикэм щылажьэ шэрджэс Хасэхэм я Зэхуэсышхуэ щэкIуэгъуэм и 29-м Анкара къалэ щекIуэкIащ. ЦIыху 870-м нэблагъэ щызэхуэса пэшым щIэсащ Тырку Меджлисым (Парламентым) и лIыкIуэхэри, парт унафэщIхэри, къалэ, вилайет зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэри, хэкум икIа хьэщIэхэри.
Зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэр арати, КАФФЕД-м и тхьэмадэр хахыжащ. А къулыкъур иджыри зэ пщэрылъ щащIащ Хьэгъундокъуэ Яшар, езыри абы дэщIыгъу гупри тэмэму зэрылэжьар къалъытэри. КАФФЕД-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтынухэри къагъэлъэгъуащ. «Мызыгъуэгум щIалэгъуалэ нэхъыби, бзылъхугъэ зыбжани хэдгъэхьащ лэжьакIуэ гупым, си гугъэщ абыхэм я гупсысэщIэхэмрэ жыджэрагъымрэ ди Iуэхур ягъэкIуэтэну», – къыджиIащ ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырс Реджаи.
КАФФЕД-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и япэ зэIущIэм тхьэмадэ къуэдзэу щытынухэр щыхахынущ, къудамэхэр ягъэпсынущ, абы щылэжьэнухэр ягъэнэIуэнущ.
ЗэIущIэм хэтахэм Хьэгъундокъуэ Яшар фIыщIэ яхуищIащ я дзыхь къызэрырагъэзам папщIэ икIи жиIащ, и гъусэу хахахэр и дэIэпыкъуэгъуу, Тыркум щыпсэу шэрджэсхэм я Iуэху дэкIын, я бзэр, хабзэр, щэнхабзэр яхъумэжу псэун папщIэ хузэфIэкI зыри къызэримыгъэнэнур, апхуэдэуи Дунейпсо Адыгэ Хасэм купщIафIэу дэлэжьэну зэримурадыр къыхигъэщащ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр гуапэу дохъуэхъу Хьэгъундокъуэ Яшар Тыркум щызэхэт Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я федерацэм и тхьэмадэу зэрыхахам папщ1э!
Дяпэк1и адыгэбзэр, хабзэр, лъэпкъ культурэр Тыркум щыхъумэным, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хилъхьэ гуащIэдэкIыр нэхъ ин хъуну, ехъул1эныгъэшхуэхэр и1эну, и лэжьыгъэм и хъер илъагъуну Тхьэм жи1э!