Гур зыхуеIэм Iэр лъоIэс
«Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIащ Израилым щыIэ Кфар-Камэ адыгэ жылэм илъэситху хъуауэ щыпсэу Iэпщэ Рустамрэ и унагъуэмрэ. Ди газетым и зы тхыгъэм къызэрыщыхэдгъэщащи, Кфар-Камэ къуажэм и уэрамхэм адыгэбзэкIэ фIэщыгъэ зырыз иратыжащ. Ар хъуэпсэгъуэкъэ-тIэ: Iуащхьэмахуэ, Адыгэ, Сосрыкъуэ, Къэбэрдей, Хьэтыкъуей, Налшык, Натыхъуей, Шапсыгъ, Бжьэдыгъу нэгъуэщI адыгэцIэхэри уи уэрамхэм тету плъагъуну!
— Уэрамхэм адыгэцIэ етыныр зигу къэкIыу лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIар Гъуэркъуэжь Аднанщ (ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар дунейм ехыжащ), – къыддогуашэ Рустам. – Лъэпкъ Iуэхухэм гудзакъэ хуиIэу, ди анэдэлъхубзэр хамэщI щыхъума зэрыхъунум тегузэвыхьу, IуэхуфIхэр къызэригъэпэщу псэуащ Гъуэркъуэжьыр, ищIар псапэу Алыхьым къритыж! Къапщтэмэ, иужьрей зэманым нэхъ зыкъаужьыжауэ Кфар-Камэ жылэми Рихьэниеми лэжьыгъэ хъарзынэхэр щрагъэкIуэкI. Апхуэдэ IуэхущIафэхэр нэгъэса хъуныр куэдкIэ елъытащ къуажэ, хасэ тхьэмадэм. Кфар-Камэ и Iэтащхьэ Нэпсо Зэчреи абы и лъэныкъуэкIэ лъэкI къигъанэркъым. Мы къуажэм нэхъыбэу зэрыщыпсалъэр шапсыгъыбзэрщ. Адыгэхэм сахэплъэнщ, я щыIэкIэ-псэукIэр зэзгъэщIэнщ жысIэу япэ дыдэ абы сыщыкIуам, мащIэуи сыкъэуIэбжьат, адыгэбзэ зэхэсх хуэдэт, ауэ зыри къызгурыIуэртэкъым. Хуэм-хуэмурэ абы сыхэгъуэзащ, симыгугъэххауэ, лэжьыгъэ IэнатIэ къыщысхуагъэлъагъуэми, жылэм сыкъыщынащ. Кфар-Камэ инкъым, ауэ абы дыхьэу хъуар хьэщыкъ ещI. Псом хуэмыдэу журтхэм яфIэгъэщIэгъуэныщэу зыщаплъыхь къуажэм дэт музеишхуэм. КъызэрапщытамкIэ, илъэсым и кIуэцIым абы зыплъыхьакIуэ цIыху мини 150-рэ къокIуалIэ, мынэхъыбэмэ.
Рустам ныбжьыщIэ 200-м нэблагъэ лъэпкъ къэфэкIэхэм хуегъасэ. ЕхъулIэныгъэхэр зэпымыууэ къегъэлъагъуэ «Ди псэ» къэфакIуэ гупми. Абы игъасэ цIыкIухэм я Iуэхуи хэтщ Iэпщэр гъуэгуанэ къыщIытехьа щхьэусыгъуэхэм. Ар хуейт и гъэсэнхэр программэ гуэркIэ Хэкум къишэу я зэфIэкI игъэлъэгъуэну, щIэблэр зэхигъэплъэну, зэрыIыгъ ищIыну.
Ди хэкуэгъум зэрыжиIэмкIэ, бзэми гулъытэ хуащIу, куууэ ирагъэджыну иджы нэхъ иужь щихьащ Кфар-Камэ. «Илъэситху-хы ипэкIэ Мейкъуапэ къыщыдэкIа «Адыгэ хабзэ» тхылъыр тегъэщIапIэ ящIмэ нэхъ яфIэкъабылщ», – жеIэ абы.
Iэпщэм и гъусэт и щхьэгъусэ Нурэрэ ипхъу цIыкIу Нилирэ. Ахэри абы нэхъ гъунэгъуу дигъэцIыхуащ. Бзылъхугъэр Натхъуэхэ япхъущ. Зэгуэрым Натхъуэ зэшитI Тыркум и Измир лъэныкъуэкIэ къикIри Кфар-Камэ щетIысэхауэ арат. Хуэмурэ лъэпкъыр къэтэджащ, Нурэ и адэр зэкъуэшиблрэ зы шыпхъурэ хъууэ щытащ. Унэгуащэм и Iыхьлы дыдэщ Къэзан и «Рубин» футбол командэм хэта, иджы ЦСКА-м щыджэгу Натхъуэ Бейбэрс. Нурэ зэрыжиIэмкIэ, дяпэкIэ лъэпкъ IэщIагъэхэм гъунэгъу зыхуищIынущ, Кфар-Камэ жылэм дэрбзэрхэр щагъэхьэзыр гуп къыщызэрагъэпэщауэ зэхихащи, абы зыхригъэтхэну игу илъщ.
— Лъэпкъыу дыкъэнэн папщIэ, ди бзэ, щэнхабзэ тхъумэн хуейщ. Израилым щыIэ Кфар-Камэ, Рихьэние адыгэ жылитIым абыкIэ хьэкъ къызытранэркъым, илъэс къэс адыгэ щэнхабзэм ехьэлIауэ фестивалхэри къызэрагъэпэщ, накъыгъэм и 21-ри зыщагъэгъупщэркъым, – жеIэ Рустам. – Хэкум никIыурэ къуажэхэм нахуеблагъэ къэфакIуэ гупхэри («Нал цIыкIу», «Нэху», «Налмэс» ансамблхэр, нэгъуэщIхэри), дауи, сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэнщи, абыхэми Израилым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми фIыщIэ яхузощI.
Iэпщэ Рустамрэ абы и унагъуэмрэ уащыIуплъэкIэ, мурад куэд зэраIэм, гукъыдэж зэрахэлъым, адыгэ Iуэхум хэлIыфIыхьыну я гур зэреIэм гу лъыботэри, я IуэхуфIхэр къайхъулIэну ди гуапэщ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сайт «Адыгэ псалъэ»