Израиль
Адыгэ щэнхабзэм и махуэхэр.
Израилым ит адыгэ къуажит1ым яз Кфар-Камэ къыщызэрагъэпэщ Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалыр мы гъэми дахэу ек1уэк1ащ. Нэгъабэ абы щы1ат «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблымрэ (КъБР) «Ислъэмей» уэрэджы1ак1уэ гупымрэ (АР).
Мы гъэм Кфар-Камэ и утыкур зыгъэбжьыф1ар Анкара (Тырку Республикэ) щыщ, къэрал куэдым концерт щызыта «1уащхьэмахуэ» къэфак1уэ гупырщ. Къыдэк1уэтей щ1эблэм анэдэлъхубзэр 1урылъхьэным, адыгэ хабзэр я 1эпэгъуу къэгъэхъуным, лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным хуосакъ Израилым ис адыгэхэр. Арагъэнщ апхуэдэу жэуаплыныгъэшхуэ пылъу мы 1уэхум щ1ыбгъэдыхьэри. Абы щыхьэт тохъуэ, хэт кърагъэблагъэми, езыхэм я щ1эблэр щагъасэ «Ди псэ» ансамблыр дахэу утыку зэрадитыр, нэхъыжь гупри нэхъыщ1э гупри къэфэным зэрыхуэ1эзэр.
Фестивалыр щек1уэк1ыну махуэм ипэ къихуэу Кфар-Камэ еблэгъа къэфак1уэ гупым къуажэм и псэук1эр зрагъэлъэгъуну, дэсхэр зрагъэц1ыхуну, загъэпсэхуну хунэсащ. Журтхэм яхэс адыгэ жылэм и лъэпкъ щ1эинхэр щихъумэ Адыгэ музейм щы1ащ хьэщ1эхэр, абы къыдыхьэ туристхэм зыкърагъэлъэгъуащ, кхъухьк1э псыщхьэм тетащ, хьэщ1эхэмрэ бысымхэмрэ пщыхьэщхьэ джэгухэм къыщызэдэуджащ. Абы еблэгъа ц1ыху 58-р унагъуэхэм трагуашэри, бысым жьэгум дэсахэщ. Адыгэм сыт щыгъуи хьэщ1э и щ1асэу щытащ, иджыпстуи абык1э лъэпкъ куэдым къахощ. Ауэ Кфар-Камэ щыпсэухэм я унэ ущиск1э къыпк1элъызэрахьэ пщ1эр зыхуэбгъэдэн гъуэтыгъуейщ.
Фестивалыр щаубла махуэм къуажэ к1уэц1ым гъэлъэгъуэныгъэ ек1у къыщызэрагъэпэщат, ц1ыху 1эпщ1элъап1щ1эхэм я 1эдакъэщ1эк1хэмрэ адыгэ хьэпшып, шхын гъэщ1эгъуэнхэмрэ яхухэхауэ. К1уэаракъэ, къуажэм шхап1э, тыкуэн щызыгъэлажьэу, хьэрычэт 1уэху щызезыхьэу дэсым я 1эрык1хэр щызэхуахьэсат абдеж. Гъэлъэгъуэныгъэр ек1уэк1ыху ансамблит1ым гъуэгубгъуит1ым джэгу щащ1ащ, зыплъыхьак1уэ къахуэк1уахэм я нэгу зрагъэужьу. Абыхэм ялъагъур яф1этелъыджэт, сурэтхэр зытрагъэхырт, къэфак1уэхэм я фащэхэмрэ джэгумрэ яф1эгъэщ1эгъуэнт.
Жылэдэсхэр къахуэмыгъэсу илъэс къэс зыпэплъэ махуэщ фестиваль тхьэмахуэр. Псом хуэмыдэу ар щек1уэк1ыну пщыхьэщхьэм зи лъэ вакъэ изылъхьэр къызэхуос, уеблэмэ нэгъуэщ1 лъэпкъ къыхэк1ауэ гъунэгъу къуажэхэм, къалэхэм дэсхэр къок1уэ. А пщыхьэщхьэми арат. «1уащхьэмахуэмрэ» «Ди псэмрэ» зэгъусэу ята концерт иным ц1ыху мини 5-м нэблагъэ кърихьэл1ащ. Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ дэсхэм нэмыщ1, адыгэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыщагъэгъуэзэну хамэхэр къызэрек1уэл1ам нэхъ иныж ищ1ырт фестивалым и мыхьэнэр. Адыгэм и хабзэмрэ щэнхабзэмрэ яхъумэу, щ1эблэм ирагъащ1эу ди лъэпкъэгъухэр къызэрыгъуэгурык1уэм къыдэк1уэу, нэгъуэщ1 лъэпкъхэми къац1ыхунымк1э 1эмалыф1щ апхуэдэ зэ1ущ1эхэр, къищынэмыщ1ауэ, зэпыщ1эныгъэм, зэныбжьэгъугъэм лъабжьэ быдэ хуохъу.
Пшыхьым кърихьэл1ат Тыркум и л1ык1уэу Израилым щы1э Кемал Мустафа, Иорданием и л1ык1уэу Израилым щы1э Шлайн Эйнат, Израилым щ1ыналъэхэм зегъэужьынымк1э и министрым и къуэдзэ Къарэ 1эюб, Назарет, Афулэ, Тберие, нэгъуэщ1 гъунэгъу къалэхэм я 1этащхьэхэр, депутатхэр, министрхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий (КъБР), Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий (КъШР), Анкара Хасэм и тхьэмадэ Тхьэкъуахъуэ Дамир (Тырку), нэгъуэщ1 куэди.
Фестивалыр къызэ1уихри, къызэхуэсахэм псалъэ гуапэк1э захуигъэзащ Кфар-Камэ жылэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Закарие. Абы къыхигъэщащ дэтхэнэ зы адыгэри и зэф1эк1 къихь хуэдизк1э лъэпкъыр егъэф1эк1уэным хуэлэжьэн, зауэ-банэм зыщадзейн, лъэпкъыр хъумэн зэрыхъуейр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м хэтхэм къабгъэдэк1ыу сэлам гуапэ ярихащ фестивалыр къызэзыгъэпэщахэми абы хэтыну къек1уэл1ахэми ик1и жи1ащ адыгэхэми нэгъуэщ1 лъэпкъ щыщу къызэхуэсахэми мамырыгъэрэ зэгуры1уэныгъэрэ я зэхуаку дэлъу псэуну зэригуапэр. Израиль къэралыгъуэм зиужьыну, Кфар-Камэ еф1эк1уэну, щ1эблэ узыншэ къащ1эхъуэну хъуэхъуащ Сэхъурокъуэр.
Я утыку итык1эк1э, зы1ыгъык1эк1э, ящыгъ фащэхэмк1э куэдым къахэщ, къэрал зэмыл1эужьыгъуэхэм концерт щызыта «1уащхьэмахуэ» ансамблым хэхэс адыгэхэм я гукъыдэжыр къи1этащ а пщыхьэщхьэм, 1эгуауэшхуи хуа1этащ. Къэбэрдей щ1алэ 1эпщэ Рустам игъасэ «Ди псэ» ансамблым хэт гуп нэхъыжьми нэхъыщ1эми сыт щыгъуи хуэдэу, жыджэру я лъэгу щ1агъэплъащ къызэхуэсахэр. А ныбжьыщ1эхэр утыку иту щыплъагъук1э, Кфар-Камэ дэлъ адыгагъэмрэ лъэпкъ хъугъуэф1ыгъуэмрэ псэк1э зыхомыщ1энк1э 1эмал и1экъым, я нэхъ ц1ык1у дыдэми адыгэ щыпкъэу зи1ыгъщи. Фащэ дахэхэр зэблахъуурэ, чэзууэ утыку къихьэурэ, гупит1ым ягъэзэщ1ащ пщащэ къафэ, щ1алэ зэхыхьэ, лъапэрисэ, хьэк1улаш, гушы1э къафэ, къамэ хэсэ, нэгъуэщ1хэри. «1уащхьэмахуэ» ансамблым и къэфак1уэ 24-мрэ «Ди псэм» и ныбжьыщ1э 16-мрэ, абы нэхъыщ1э ц1ык1ухэри къахыхьэжри, Кфар-Камэ и уэрэдыр къеуэу иужьрейуэ зэдагъэзэщ1а къафэм нэри псэри итхьэкъурт, зэгъусэу къызда1этыжа адыгэ ныпыр зылъагъур гушхуэрт. Адыгэр дэнэ къыщыщ1идзми, зэкъуэтыныгъэм къызэрыригъэлынур зыхэпщ1эрт, илъэси 153-м щ1игъуауэ и хэку имысыж пэтми, адыгагъэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хамэ къэрал утыкушхуэхэм къызэрырахьэфым гур хигъахъуэрт.
«Ди псэм» и гъэсак1уэ 1эпщэ Рустам а пщыхьэщхьэр зэрек1уэк1ам теухуауэ къыдже1э:
— Илъэс къэс йоф1ак1уэ ди къызэгъэпэщык1эри, ди зэхуэсык1эри. Мы гъэми псори зыхуей хуэзэу ек1уэк1ащ. Ар и ф1ыщ1эщ Кфар-Камэ и тхьэмадэ Нэпсо Закариерэ адрей къыддэ1эпыкъуахэмрэ. Гупышхуэ къедгъэблэгъат мы гъэми. Абыхэм я гъусэу утыку итащ ди ныбжьыщ1эхэри. А ц1ык1ухэм я дежк1э мыхьэнэшхуэ и1эщ мы фестивалым, сыту жып1эмэ, адыгэбзэр зэра1урылъырщ, адыгэ къафэ къызэрыфэфырщ, адыгэ пшынэ зэреуэфырщ ахэр зыгъэадыгэр, я лъэпкъ зыхэщ1ык1ыр къэзыгъэушыр. Бысымхэми хьэщ1эхэми зэхуэдэу ягу ирихьауэ къысщохъу фестивалыр. Абы щыхьэт техъуэу зы хъыбар къыпхуэс1уэтэнщ. Нэгъуэщ1 къалэ къик1а зы журт ц1ыхубз концерт нэужьым къызбгъэдыхьэри къызжи1ащ: «Сэ ф1ы дыдэу сыщыгъуазэщ адыгэ лъэпкъым фи щхьэ кърик1уам. Кфар-Камэ дэсхэр зи хэкур залымыгъэк1э зрагъэбгынахэм къатехъук1ахэрщ, хэхэс гъащ1эр зи нат1э хъуахэрщ. Абы уимыгъэгумэщ1у къанэркъым, ауэ, мы концертым сыздеплъым, сегупсысащ: «Ярэби, мы адыгэхэр я хэку къызэрик1ар насыпыншагъэу п1эрэ, хьэмэрэ насыпыф1агъыу п1эрэ?». Шэч хэмылъу дэ насыпыф1э дызыщ1 1уэхущ ар. Фэ ди хэку фимысамэ, мыпхуэдэ телъыджэ дымылъагъунк1э хъунт, фи хабзэр, фи щэнхабзэр, фи бзэр, фи зэхэтык1эр сыту дахащэ. Фи лъэпкъым и къабзагъымк1э, щэнхабзэ беймк1э ди хэку, ди лъэпкъ зэрывгъэдахэм щхьэк1э Тхьэм фигъэпсэу! Си щхьэк1э насыпыф1э сыхъуауэ сок1уэж, лъэпкъыу фыкъызэтенэну Тхьэм солъэ1у».
Апхуэдэ псалъэхэр щыхьэт тохъуэ я пщ1э я1ыгъыжу адыгэр хамэ лъэпкъхэм зэрахэсым. Кфар-Камэ абык1э япэ итхэм ящыщщ. Израилым ис ди лъэпкъэгъухэм хуэдэу зи бзэр зыхъумэфрэ зи щ1эблэм 1урызылъхьэфрэ адыгэм я1экъым, зи хэку исыжхэри яхэту. Абык1э ахэм яхуэбгъадэ хъун щы1экъым.
Нэщ1эпыджэ Замирэ