Новости

НОБЭ ЗИ ХЭКУ КЪЭЗЫГЪЭЗЭЖА АДЫГЭХЭМ Я МАХУЭЩ

Адэжь щ1ыналъэм ущыпсэунырщ хэк1ып1эр

Урыс-Кавказ зауэжьым лъэпсэрыхыр къызыхуихьа адыгэхэр хамэ къэрал куэдым зэбгрыдза щыхъуащ. Нэгъуэщ1 лъэпкъхэм яхэт1ысхьа ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ 1эмалрэ зэф1эк1ыу я1эр ирахьэл1ащ я бзэмрэ хабзэмрэ яхъумэным. Сыт хуэдиз бэлыхь я псэм дэлъу псэуами, абыхэм яхузэф1эк1ащ лъэпкъ зыхэщ1ык1ыр ямыгъэк1уэдыну, къащ1эхъуэ щ1эблэр зыщыщ лъэпкъыр ищ1эу къагъэхъуну.

Хэкумк1э зигу къэгъэза ди лъэпкъэгъухэм я 1уэхур нэхъ тынш хъуащ 1990 гъэхэм къэрал гъунапкъэхэр зэ1уаха нэужь. Мис а илъэсхэм щегъэжьауэ хэхэс адыгэхэр я хэку нэхъ къихьэж хъуащ, зрагъэлъагъуну, зыщаплъыхьыну, я адэжьхэм я уэсят ягъэзэщ1эну. Абы щыгъуэм къэ1эпхъуэжыпэну тегушхуахэри щы1эщ. Пэжщ, абы лъандэрэ къэзыгъэзэжар мащIэ дыдэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъищри зэгъусэу къапщтэмэ, мин зыбжанэ ирикъуну аращ. Ар икъук1э мащ1эщ мелуаниблым щ1игъу лъэпкъым дежк1э.

Мыбдежым губгъэн яхуэпщ1ыну къезэгъкъым зи 1уэхурэ лъапсэрэ хамэ къэралхэм щызэтраухуауэ щыпсэухэм занщ1эу зыкъащтэу къызэрымы1эпхъуэжыфымк1э. Ауэ адыгэпсэмрэ адэжь хэкумрэ къызэрыримышэжьэжыр умыгъэщ1эгъуэн плъэк1ыркъым. Дауи, нэхъыбэ къетшэл1эжыфыну къыщ1эк1ынт, къэрал унафэ щы1эу, ар зи лъабжьэ программэ гуэр лажьэу щытамэ. Абы и щапхъи тлъэгъуащ.  Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта Джарым Аслъэн,  къэрал 1уэху ищ1ри, Косовэ къришыжащ ди лъэпкъэгъухэр, къуажэ щхьэхуэуи игъэт1ысыжащ. Абы иужьк1э апхуэдэу зэры1ыгъыу къытхуэмышэжами, къэк1уэж зэрыщы1эм, зи хэкужь зэзыгъэгъуэтыжхэр къызэрытхэтым и ф1ыгъэк1э Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр догъэлъап1э. Дыщыгугъынщ дяпэк1э нэхъыбэм къагъэзэжыну, я лъэпкъхэм, къуэшхэм яхэт1ысхьэжыну.

Иужьрей илъэсхэм, СХьР-м зауэ къызэрыщыхъейрэ, адыгэ зэрыс республикищым къэк1уэжа щы1эхэщ. Ауэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Сирием къыщызэщ1эплъа маф1эращ. Абыхэм я бжыгъэращ къэк1уэжахэр нэхъыбэ зыщ1ар. Уимыгъэгуф1эу къанэркъым ахэр зыдэт1ысхьа къужэхэм зэрахэзэгъам, лъахэм щыщы1э псэук1эм зэресэжам. Дэ мызэ-мыт1эу дыщы1ащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм унэ къахуищэхуу Кременчуг-Константиновкэ, Благовещенкэ, Урыху, Арщыдан, Ерокъуэ, Жэмтхьэлэ, нэгъуэщ1 жылэхэм дэт1ысхьэжа унагъуэхэм я деж. Хьэрыпхэм яхэсу еса ц1ыхухэр гурэ-псэк1э адыгэу къыщ1эк1ащ ик1и адыгэ гъащ1эм техьэжыным гугъу дехьауэ пхужы1энукъым. Ахэр зыхуей-зыхуэф1хэмк1э къызэгъэпэщынымк1э ц1ыху щхьэхуэхэри ядэ1эпыкъуащ, зыхэт1ысхьахэрати, гъунэгъу гумащ1эу къыщ1эк1ри, куэдк1э сэбэп къахуэхъуащ. Иджы абыхэм былымхэр, джэд-къазхэр ягъашхэ, хадэ ящ1э, гъавэ ягъэк1, 1энат1э пэрытщ. Сабийхэр хъарзынэу гъэсап1эхэм, еджап1эхэм щ1эзэгъащ, бзэхэр зрагъэщ1ащ, ныбжьэгъухэр я1э хъуащ.

Къэк1уэжар мащ1эми, махуэ хэха ди1эщ. А махуэр Адыгэ Республикэм къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмк1э,  2010 гъэ лъандэрэ егъэлъап1э, апхуэдэщ Къэрэшей-Шэрджэсри.  Нобэк1э къапщтэу щытмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием щыщу ц1ыху 2500-рэ къэк1уэжащ, Тыркум ц1ыху 268-рэ къик1ыжащ, Иорданием щыщу  35-м къагъэзэжащ; Адыгэ Республикэм ц1ыху 2000-м нэблагъэ щопсэу Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм къик1ыжауэ; Къэрэшей-Шэрджэсым мы илъэсхэм Сирием къик1ыжри къэк1уэжащ ц1ыху 34-рэ.

Куэдкъым, бжыгъэхэм уеплъмэ. Нэхъ гущ1ыхьэщ хамэ хэку куэдрэ узэрыщымыадыгэфынур. Хэхэсымрэ хэкурысымрэ зэи зэхуэдэ хъунукъым. Уи анэдэлъхубзэр пщ1эжу, укъызыхэк1ам урибыну укъэнэну ухуеймэ, хэк1ып1эр хэкум ущыпсэунырщ. Дыгугъэнщ дяпэк1э адэжь лъахэм къэгъэзэжын жэрдэм нэхъыбэм я1эну, ди къэралри абы зэрыхэл1ыф1ыхьын зэф1эк1 къызэкъуихыну.

Нэщ1эпыджэ Замирэ,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ,

Адыгэ Республикэм щ1ыхь зи1э и журналист.

Related posts

Leave a Comment