Новости

Зи Хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэр ягъэлъапIэ

 Зи Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къекIуэлIэжауэ щыпсэу нэхъыжьхэм яIущIащ.

— Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр Iэтауэ дгъэлъапIэ, дыгуфIэу, ды джэгуу етхьэкI щхьэкIэ, а махуэр къыхэтлъхьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуа лъап сэрыхыр ди лъэпкъым дежкIэ гуащIэт, гущIэгъуншэт. Кавказ зауэжьым ди лъэпкъыр дуней псом три къухьащи, дызыкIэрыхуауэ идохьэкI. Ди гуапэ зэры хъунщи, иужьрей зэманым IэмалыфIхэр къыздихьащ дызэрыщIэн, дызэрыIыгъын папщIэ. Абы и закъуэ мы хъуу, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хуэм-хуэму рэ къокIуэлIэж. Сы хуейт  апхуэдэхэм я бжыгъэр нэхъри хэхъуэну, ХэкумкIэ къэ хъуапсэ дэтхэнэми и мурад дахэр къехъулIэну, адыгэу дунейм текъухьар зэгуэр дызэрыгъуэтыжыну, къеблэ гъэжахэр адыгэ щIыналъэм лъэ быдэкIэ фыщыувыну, фыщыбэгъуэну! – къекIуэ лIа хэм захуигъэзащ ДАХ-м   и тхьэмадэм.

Сэхъурокъуэ Хьэутий теп сэ лъы хьащ адыгэхэр хамэщI къы щыщыхутам гугъу ехьами, иужькIэ, къацIыхуа нэужь, ахэр зыхэс лъэпкъхэм пщIэ къыхуащIу, къалъытэу, я IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ ехъу лIэныгъэфIхэр къагъэлъагъуэу нобэм къы зэрысам. Апхуэдэу тхьэмадэм къыхигъэщащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIэблэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм кърагъэблэгъэнымкIэ, пщIэншэу щрагъэджэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр.

ДАХ-м и тхьэмадэм и  псалъэм къыпищэу, нэхъыжьхэм  хъуэхъу дахэкIэ захуигъэзащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэ бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд:

— 1957 гъэм Москва дунейпсо фестиваль щыще кIуэ кIым, зэрымыщIэкIэ щы зэIущIауэ щытащ Сирием къикIа адыгэ гупрэ ди республикэм щыщ къэфа кIуэ хэмрэ. Абдежым къыщы щIи дзащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэмрэ хэкурыс хэмрэ зэрыщIэныр. Нобэми ужьыхыркъым ди зэхуаку дэлъ гуапагъэр, зэныбжьэгъугъэр. Арами, ди лъэп къэгъухэм хэкум къагъэзэ жыным теухуауэ Iуэхур и пIэм имыкIыу жыпIэ хъунущ, хамэ къэрал щыпсэухэмрэ къекIуэлIэжхэмрэ я бжыгъэр зэхуэбгъадэмэ. Дэтхэнэми зыщIэдгъэкъуэну яужь дитщ, ауэ сэбэп дызыхуэмыхъуфи щыIэщ. Псори дэ дэлъытакъым, адыгэр щыпсэу къэралым и хабзэхэми куэд иIыгъщ.     Сирием адыгэ мини 2, Тыркум – 268-рэ, Иорданием 35-рэ къикIыжауэ Къэбэр дей- Балъкъэрым щопсэу. Абыхэм я нэхъыбэр уна гъуэу тIысыжащ, лэжьыгъи ягъуэ тыжащ, дызыдэмы – Iэ пы къуфахэр Налшык къалэ и зыгъэпсэхупIэхэм щIэсщ, зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщауэ, – жиIащ абы.

ХьэфIыцIэм и псалъэхэм арэзы техъуэу къэпсэлъащ Сирием къэрал кIуэцI Iуэху хэмкIэ и министерствэм илъэс куэдкIэ къулыкъу щызыщIа, юристу щылэжьа Понэж Яшар. Абы зэрыжиIэмкIэ, Хэкум игъэзэжыну щIэмыхъуэпс адыгэ щы Iэкъым, ауэ абы гугъуехь куэд епхащ.

— Псалъэм папщIэ, узыхэс къэралым къулыкъу хуэп щIэу, Адыгэ Хэкум бгъэзэ жыну тебухуэмэ, а къулы къум утрагъэкIынущ, псом япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, апхуэдэ гукъэкI узэриIэххэм къы хэкIыу, илъэсищ къыптралъхьэнурэ, тутнакъэщым ура дзэнущ. Сызыхуей щIы пIэм сыщыпсэуну сыхуитщ жыпIэрэ, судым ущытхьэусыхэмэ, Iуэхур къэпхьынущ. Ауэ абы ипэ уи мылъкур къэралым птрихынщ, тезырышхуэ уагъэпшынынщи, уздежьам узэрынэсын Iэмал уимыIэжу укъагъэ нэнущ. Урысейм и цIыху  ухъуну тыншу щыщыта 90 гъэхэм ди лъэпкъэгъу куэд хэкум къагъэзэжыну щIэ хъуэпсу апхуэдэ гуэрщ къызэтезыгъэувыIар, – жи Iащ  Понэж  Яшар.

Илъэс куэд ипэкIэ Тыркум къикIыжа IутIыж Мэжид зэрыжиIэмкIэ, адыгэу дунейм тетыр зэгуэр Кавказым щыпсэууэ зэрыщытар къалъытэу, хэкум къызэрагъэзэж, урысей паспорт къызэрыдах Iуэхухэр ящыгъэпсынщIапхъэщ, унафэ щхьэхуи къахудэгъэкIын  хуейщ. Апхуэдэу Мэжид къыхигъэщащ Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я Iуэхур дэгъэкIынымкIэ, я гъащIэр, лэжьыгъэр, псэукIэр зэтеувэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу куэд республикэм зэрыщагъуэтыр, арами, къулыкъущIэхэм, унафэщIхэм мы Iуэхум гулъытэ нэхъ хуащIатэмэ, Iуэхур нэхъ псынщIэу зэрыкIуэтэнур.

IэщIагъэ, щIэныгъэ, зэ фIэкI гуэр зыбгъэдэмылъ яхэт къым Хэкум къэзыгъэзэжхэм. ЦIыхум ищIэн имыгъуэтмэ, зэрыпсэун къыхуэлэжьынукъым. Мис а IуэхумкIэ къэралым зыкъыпщIигъакъуэмэ, сэбэп къыпхуэхъумэ, уи  къару  къихь къыумыгъанэу улэ жьэнущ, уи унагъуи пхуэ пIыжынущ. Хэкум къэзыгъэзэжахэм я пщIантIэпскIэ къалэжьыжыр яфIэIэфIу, республикэм сэбэп хуэхъуу, гуфIэу, къызыхыхьэжа цIыху хэм яхэгъуащэу псэуну хущIокъу. ЗэIущIэм къыщапсэлъахэри щыхьэт то хъуэ абы. Хэкужьым теухуа адэш хуэ хъыбархэм щIэдэIуурэ, зэи ямылъэгъуа щIыналъэмкIэ къэхъуапсэу къэтэджа, зи мурадыфIхэр на хуапIэ зыщIа ди лъэп  къэгъухэм я махуэшхуэмкIэ иджыри зэ дохъуэхъу, къагъэзэжыну зи гурылъхэми я Iуэху дэкIыну ди гуапэщ.

Фырэ  Анфисэ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Related posts

Leave a Comment