Новости

Адыгэхэр зыгъэпIейтейр

ДАХ-м и X Конгрессым щыхаха ГъэзэщIакIуэ гупыр дыгъэгъазэм и 19-м япэу Налшык щызэIущIащ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Админиcтрацэм щIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, илъэс зэхуэмыдэхэм ДАХ-м и тхьэмадэу щытахэу Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий сымэ, нэгъуэщIхэри.

 ЗэIущIэм хэтахэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьар къэкIуэну илъэсищым ДАХ-м и лэжьыгъэр зэриубзыхуну щIыкIэрщ, лъэпкъым и пащхьэ къит къалэн нэхъыщхьэхэрщ, 2016 гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъхэрщ. Апхуэдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и комитету блы къызэрагъэпэщри, абы и унафэщIхэри щылэжьэнухэри хахащ, къищынэмыщIауэ Iуэхугъуэ зыбжанэм зэпкърыхауэ тепсэлъы  хьащ.

Адыгэр зыгъэпIейтейуэ нобэ и пащхьэ къит къалэн нэхъыщхьэр Сирием щекIуэкI зауэм ди лъэпкъэгъухэр къыхэшыныр, хэкум къэIэпхъуэжхэр зыхуей хуэгъэзэныр арати, абы ехьэлIауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфанрэ ди республикэм къэIэпхъуэжахэм я Iуэху зыIутым фIыуэ щыгъуазэ, ДАХ-м и КъэпщытакIуэ гупым и унафэщI ГубэщIыкI Владимиррэ.

ЗэIущIэм къыщызэдащтащ ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ етIанэгъэ илъэс 25-рэ зэрырикъум папщIэ егъэкIуэкIыпхъэхэр, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ 2016 гъэр тхакIуэм и илъэсу гъэувыныр. КъищынэмыщIауэ, Дунейпсо Адыгэ Хэсэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхилъхьэри, ДАХ-м деж Нэхъыжьхэм я совет къыщызэрагъэпэщащ, абы и тхьэмадэу хахащ МэшбащIэ Исхьэкъ.

Къэбарт Мирэ.

Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Related posts

Leave a Comment