Къалэнхэр инщ, ауэ узыпэмылъэщынкъым
Дыгъэгъазэм и 19 Налшык къалэ щызэхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гъэзэщ1ак1уэ гупым (2015-2018 п1алъэм лэжьэну хахам) и япэ зэхуэсыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и 1этащхьэм и Админиcтрацэм Щ1ыналъэ политикэмк1э и управленэм и унафэщ1 Къуэжей Артем, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI К1урашын Анзор, Щ1эныгъэхэмк1э Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щ1эныгъэ центрым и 1этащхьэ Иуан Петр, ц1ыхубэ тхак1уэ Мэшбащ1э Исхьэкъ, илъэс зэхуэмыдэхэм ДАХ-м и тхьэмадэу щытахэу Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий, АР-м щэнхабзэмк1э и министру щыта Жэмыфэ Гъазий, ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэу Хьэф1ыц1э Мухьэмэд, Дербит Валерий, Нэк1ацэ Владимир, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэу1у советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий, ДАХ-м и Къэпщытак1уэ гупым и унафэщ1 Губэщ1ык1 Владимир, а гупым хэт 1эдэмокъуэ Альберт сымэ, нэгъуэщ1хэри.
Зэ1ущ1эр къызэ1уихри, къызэхуэсахэм ф1эхъус псалъэк1э захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ик1и иджы япэу зэхыхьа Гъэзэщ1ак1уэ гупым я мурадхэр къадэхъуу илъэсищым зэдэлэжьэну зэригуапэр жи1ащ. Гъэзэщ1ак1уэ гупыр а махуэм зэрылэжьэну жыпхъэмк1э зэгуры1уа нэужь, ДАХ-м 2015 гъэм иригъэк1уэк1а 1уэхугъуэхэр къызэщ1эзыкъуэж фильм к1эщ1ым къызэхуэсахэр еплъащ.
Япэу ДАХ-м и Гъэзэщ1ак1уэ гупым и къудамэхэмрэ абы щылэжьэнухэмрэ ягъэпсын хуейуэ арати, Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ комитету блы зэрыщы1энур, абы ц1ыху тхурытху-хырых зэрыщылэжьэнур, дэтхэнэми и унафэщ1ыр хахыу, абы жэуап зэрихьынур. Къудамиблыр зыхуэдэмрэ абыхэм ягъэзэщ1эну къалэнхэмрэ зэпкъраха нэужь, щылэжьэнухэмк1э зэгуры1уэри, тхьэмадэхэри хахащ.
Ет1уанэ 1уэхугъуэу къызэхуэсахэр зытепсэлъыхьар ДАХ-м 2015-2018 гъэхэм къалэн зыщищ1ыжыр иубзыхуныр арати, нэхъыщхьэхэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрыр псоми хуагуэшащ, дэтхэнэми дыщ1игъужыпхъэхэр къигъэнэ1уэн хуейуэ. Сирием щыщы1э щытык1эмрэ абы щыщу хэкум къэзыгъэзэжахэм ядэ1эпыкъунымрэ теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырс Реджаи.
— Сирием бэлыхь щыхэхуахэр хэкум къэк1уэжа зэрыхъунурщ дэ нэхъыщхьэу дызэгупсысыпхъэр, — жи1ащ Бырсым. – Абы папщ1э ахэр занщ1эу Урысейм къэк1уэжыныр нэхъ тынш, хьэмэрэ Тыркум нак1уэу, абы къик1ыжмэ нэхъыф1? А упщ1эхэр зэхэгъэк1ауэ гъуэгур убзыхун хуейщ. Къапщтэмэ, Сирием къик1ыжхэм хэкум я нэр къыхуик1ыу щытын хуейщ, абы папщ1э зэхэзехуэ ящ1 щымы1эу, тыншу къэк1уэжыныр зэтеублапхъэщ. Хэкуращ ахэр унагъуэ щыхъужынур, я къуэпсхэр къыщыдэжыжынур. Дэ ахэр тэмэму зыхуей хуэдгъазэмэ, адрей я лъэпкъэгъухэм хъыбар 1эрагъэхьэнущ «тыншу допсэури, фыкъэк1уэж» жа1энурэ. Апхуэдэурэ ди адэжь лъахэм и бынхэр хуэмурэ къызэщ1икъуэжын хуейщ. Абы папщ1э япэ лъэбакъуэр зычыпхъэр Дунейпсо Адыгэ Хасэращ. Адыгэу дунейм тетым я плъап1эр аращ. Дэ мыбы къэдмыгъэзэжмэ, лъэпкъ дыхъужынукъым. Сыхуейт зи гугъу сщ1ы 1уэхум нэхъ куууэ дык1уэц1рыплъыну, зэф1эк1 зи1э гуп гуэр дгъэпсу абы иужь итыну.
Реджаи жи1ащ Сирием щыщу Тыркум 1эпхъуахэр нэгъуэщ1 къэралхэм зэрык1уэр, хэкумк1э псэук1эр щыгугъуу, лэжьыгъэ щамыгъуэтыну къазэрыщыхъур. «Апхуэдэурэ ди къуэшхэр Европэм хыхьэжмэ, хэхэс гъащ1эм къытхуихь насыпыншагъэр нэхъри бэгъуэнущ, иджыри къэс къахьэса т1эк1ури я1эщ1эхужынущ. Я щхьэ щагъэпсэужыфын къалъыхъуэурэ, я адыгагъэм, хабзэм к1эрыхунущ, я бзэр 1урачынущ. Т1эк1у гугъу уехьми, уи бзэмрэ уи хабзэмрэ пщ1эжу, уи хэку уисыжын нэхъыф1 щы1экъым. Мис ар абыхэм ягурыдгъэ1уэфрэ мыбык1э къэдунэт1ыжыфтэмэ хъарзынэт, армыхъумэ лъэпкъыр нэхъри зэкъуэхунущ», — дыщ1игъуащ Бырсым.
Абы жи1ащ нобэ Сирием къыщищ1ар пщэдей нэгъуэщ1 къэрал нэмысыну зыри шэсып1э зэримыхьэфынур. Абы ипкъ итк1э, ди лъэпкъэгъухэр къэшэжыным, къэк1уэжахэр щ1эмыпхъуэжыным Хасэшхуэр егугъун хуейщ.
ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан нэхъ убгъуауэ тепсэлъыхьащ Сирием иджыпсту щыпсэухэм я 1уэху зы1утымрэ къэк1уэжахэм хуащ1эфамрэ.
— СХьР-м илъэсипл1ым щ1игъуауэ зауэ щок1уэк1. Лъэпкъгъэк1уэдщ ар, ислъамым ирапх щхьэк1э. Хьэрыпхэм нэмыщ1, лъэпкъыу 12 хуэдиз исщ Сирием. Абыхэми бэлыхьышхуэ къатепсыхащ. Узэрыс хэкум насыпыншагъэ къихъуэмэ, абы щыпсэу дэтхэнэми ар къыжьэхоуэ. Апхуэдэм деж адэжь лъахэ зи щ1ыбагъ къыдэтхэм я гур к1уэдыркъым. Сирием ис ди лъэпкъэгъухэри зыщыгугъыр Урысейращ, адыгэхэр щыпсэу хэгъуэгухэращ. Германием ук1уэми, Финляндиемк1э бгъазэми — ахэр хэку пхуэхъунукъым, псынщ1эу уахэшыпсыхьынущ, — жи1ащ Орфан. – Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дызэрыхуейм хуэдэу 1уэхур хъун папщ1э, ди республикэхэм къэрал программэ щхьэхуэ, мылъку хэха я1экъым. Блэк1а илъэсхэр къапщтэмэ, Къэбэрдейм ц1ыху 1200-рэ хуэдиз къэк1уэжащ, Адыгейм ц1ыху 800 къихьэжащ. КъБР-м къэ1эпхъуэжахэм ящыщу унагъуэ 82-м унэ иратащ, абыхэм ящыщу унагъуи 6-р ежьэжри, Норвегием, Швецием, Финляндием к1уащ. Иджы санаторэм къыщ1энауэ щ1эсхэр нэщ1 къэхъуа псэуп1эхэм дгъэ1эпхъуэну ди мурадщ. Ди къуэшхэр КъБР-м къызэрихьэжрэ ц1ыхухэр гупц1анэу ядо1эпыкъу, шхын, хущхъуэ, щыгъын хуамыгъэныкъуэу. Абыхэм ф1ыщ1эшхуэ яхуэсщ1ыну сыхуейт. Къэк1уэжахэм я нэхъыбэми зэманым зэдрагъэк1уу мэпсэу, зэк1э ц1ыхухъу 63-м щыщу 59-р лэжьап1э 1энат1э 1утщ.
Бырсекъуэм жи1ащ нобэ Урысейм и гъуэгур зэ1уихрэ адыгэхэр къригъэблэгъэжу щытми, минипщ1 бжыгъэк1э къызэрымык1уэжынур, зигурэ зи псэрэ хэкумк1э щы1э мащ1эм ф1эк1а. Аращи, къулыкъущ1эхэм ягурыгъэ1уэн хуейщ зэрыхьзэрий къызэрымыхъунури, куэд къызэрыттемыгупл1энури. Орфан къыхигъэщащ мы 1уэхум иужь ит къулыкъущ1ап1эхэм иджыри зэ захуэгъэзэн зэрыхуейр, хэкупсэу, адыгэгу як1уэц1ылъу зи щхьэр маф1эм хэлъ ди къуэшхэр къэшэжынымк1э зыкъытщ1агъэкъуэн папщ1э.
Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ къэк1уэжыну гупыж зыщ1ым зэрызыщ1эгъэкъуапхъэр, ауэ гупышхуэ кърашэжьэжмэ, зыхуей псомк1и къазэрыхузэмыгъэпэщынур. Къищынэмыщ1ауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэк1уэжауэ унэ зратахэм ящыщхэр зэрыщ1эпхъуэжар къыхигъэщри, ахэр мыбы щек1уэк1 гъащ1эм щыгъэгъуэзэн зэрыхуейр, я мылъкур гъуэгум трапхъэу зэхэзек1уэу къэралхэм я зэхуаку дэмытын папщ1э. ДАХ-м и тхьэмадэр къытеувы1ащ а 1уэхум теухуауэ иужьрей илъэсхэм ящ1ам, лъэ1ук1э зызыхуагъэза къулыкъущ1ап1эхэм къратыжа жэуапхэм.
Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт Ц1ык1ушэ Аслъэн жи1ащ Адыгейм Косовэ къришыжа адыгэхэр Махуэхьэблэ зэрыдигъэт1ысхьэжар щапхъэф1 зэрыхъур, иджыблагъэ Сирием къик1ыжахэр Банэхэс дагъэт1ысхьауэ ек1уу зэрыщызэдэпсэур. Абыи игъэбелджылащ ц1ыхур нэхъыбэ къэхъумэ зэрыпэмылъэщынур, абы папщ1э къэрал унафэ щы1эн зэрыхуейр.
Къалмыкъ Жылэбий къызэхуэсахэм чэнджэщ яхилъхьащ: «Адыгэр хамэ къэрал зыбжанэм икъухьауэ щыщытк1э, Сирием иджыпсту дыкъегъэгузавэ жып1эу щхьэхуэу и 1уэху зепхуэк1э зэф1эк1ынукъым, ат1э дэнэ щыпсэу адыгэри хэкум къэшэжа зэрыхъунум лъабжьэ хэха и1эн хуейщ. Урысейм хабзэ гуэр къимыщтэу 1уэхур зэф1эк1ынукъым. Псалъэм къыдэк1уэу жып1эмэ, Гражданствэм теухуа законым шэрджэсхэр ди хэкуэгъуу зэрыщытымк1э зы псалъэуха хагъэхьэн хуейщ. Ар хедгъэгъэхьэныр тхузэф1эк1ыну п1эрэ? Гуры1уэгъуэщ ар жылагъуэ зэгухьэныгъэм зыгуэр итхк1э къызэрамыщтэнур. Сэ сызэреплъымк1э, адыгэ щыпсэу республикищым я унафэщ1хэр УФ-м и Президент Путин Владимир хуэзэу, ди 1уэху зы1утыр, дызыхуейр хуа1уэтэн, нобэ дызыгъэп1ейтейр зэрызэф1эхыпхъэр же1ыпхъэщ. Уеблэмэ мыбдежым щ1эгъэкъуэн, акъылэгъу къыддэхъунущ шэшэнри, дагъыстэнри, ингушри. Сыт щхьэк1э жып1эмэ, абыхэм я лъэпкъэгъухэри ик1ащ хэкум».
Нэхущ Заурбий дыщ1игъуащ Тэтэрым, Мордовием, Шэшэным, Ингушым, нэгъуэщ1хэми Дунейпсо Конгресс зэра1эм ещхьу, адыгэхэм я закъуэ е Кавказым ис лъэпкъхэр я гъусэу апхуэдэ зы Конгресс къызэрагъэпэщыныр, абы къыщызэдащтэ тхыгъэмк1э Урысейм и Президентым зыхуагъэзэныр зэрыф1этэмэмыр.
Къа1эта 1уэхум теухуауэ къыщыпсалъэм, Хьэф1ыц1э Мухьэмэд къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ иджыблагъэ хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъу урысхэм я етхуанэ конгресс Москва зэрыщек1уэк1ар, хамэ къэрал 97-м къик1ахэр зэрыхэтар. «Апхуэдэ зэхуэс къэралым щыпсэу лъэпкъ ц1ык1ухэм ирагъэк1уэк1 щхьэ мыхъурэ, къэрал куэдым тэтэрхэм, абазэхэм я бзэр, хабзэр хъума хъуным, хэкум къыхуа1э пыщ1эныгъэр гъэбыдэным, къэк1уэжыну хуейхэр тыншу УФ-м къихьэжыным теухуауэ. Ит1анэ Урысей псом къыгуры1уэнт урысхэм къищынэмыщ1а, нэгъуэщ1 лъэпкъхэри псом иди зэхуэдэ къэралышхуэм зэрисыр, абыхэм я къуэшхэри хамэ щ1ып1эхэм зэрыщыхэпхъар», — къыхилъхьащ Хьэф1ыц1эм.
Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ ар зэры1эмал хъарзынэр, зэчэнджэщыжу абы иужь зэрихьапхъэр.
Адыгэхэр Урысей Федерацэм къызэрыщац1ыхумрэ абы и 1уэхур къэрал к1уэц1ым зэрыщыщытымрэ ехьэл1ауэ и гупсысэр къыщи1уатэм, Иуан Петр къыхигъэщащ иджыри къыздэсым ди лъэпкъ гупсысэр щыубзыхуа зы дэфтэр гуэри дгъэхьэзыру къэрал унафэщ1хэм я пащхьэ зэридмылъхьэфар.
— Сэ сызэреплъымк1э, ди къэралым и унафэщ1хэм ящ1эркъым, абыхэм я деж нэтхьэсыфакъым адыгэм и 1уэху зытетыр, и гупсысэк1эр, и мурадыр, зыхущ1экъур, — пищащ Иуаным. — Ар щ1ыжыс1эм и щхьэусыгъуэр хъыбар нэхъ 1ейхэр нэхъ псынщ1эу зэрызэбгрык1ырщ. Псалъэм папщ1э, адыгэм Шэрджэс Хэку Уардэ къызэригъэпэщыну, Урысейм къыгуэк1ыу щхьэхуэу псэуну хуейуэ псалъэмакъхэр ягъэ1у. Нэгъуэщ1 зы гупи щы1эщ «мы адыгэр зыхуейр яхуэфщ1э хъунукъым, зэхэвгъэт1ысхьэжмэ, щ1ыгур фф1аубыдынущ» — жа1эу. Мис апхуэдэ псалъэмакъ мышухэм утыку ямыгъуэтын папщ1э, дэ ди мурадхэр щыгъэнэ1уа зы дэфтэр ек1у 1эмал имы1эу дгъэхьэзырын хуейщ.
Зэхуэсым кърихьэл1ахэр адэк1э тепсэлъыхьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ 2016 гъэм илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуауэ ящ1энухэм.
— Блэк1а илъэс 25-м ДАХ-р и Уставым тету лажьэу къогъуэгурык1уэ, — жи1ащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Ар къызэзыгъэпэщахэм, а илъэсхэм къриубыдэу хэлэжьыхьахэм, адыгэ лъэпкъым иф1 зыхэлъ 1уэхухэр дэгъэк1ыным зи гуащ1э хэзылъхьахэм я деж щегъэжьауэ, Хасэм и сэбэпынагъымрэ абы лъэпкъым дежк1э и1э мыхьэнэмрэ 1упщ1у къэгъэлъэгъуэн хуейщ. Пэжщ, а п1алъэм къриубыдэу дызыхуей псори къыдэхъул1ауэ жып1э хъунукъым, ауэ абы къик1ыркъым лэжьыгъэ емык1уэк1ыу. Сэ къызолъытэ, лъэныкъуэ псори къызэщ1эзубыдэ зы тхылъ къыдэгъэк1ын хуейуэ. Хасэм и лэжьыгъэм и мызакъуэу, адыгэм и тхыдэр, политикэ, щэнхабзэ, щ1эныгъэ, спорт нэгъуэщ1 унэт1ыныгъэхэм ехъул1эныгъэ щызы1эрызыгъэхьахэр, хамэ къэралхэм ц1эры1уэ щыхъуа ди лъэпкъэгъухэр, нэгъуэщ1 куэди щызэхуэхьэсауэ дунейм къытегъэхьапхъэщ. Абы ирихьэл1эу иджыри мурад куэд щы1эщ, илъэс псом тегуэшауэ едгъэк1уэк1ыну. Мы 1уэхур нэхъ тэмэму ек1уэк1ын папщ1э, хамэ къэрал щыщ ди къуэшхэри хэту Къызэгъэпэщак1уэ гуп зэхэтшэныр сф1эигъуэщ.
— Илъэс 25-р мащ1экъым жылагъуэ зэгухьэныгъэм дежк1э. Ди лъэпкъыр къапщтэмэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Щ1эныгъэхэмк1э Дунейпсо Адыгэ Академиерэ зэри1эр ф1ыгъуэшхуэщ, ахэр илъэс 25-м нызэрыхьэсауэ зэпымыууэ мэлажьэ, — къыпищащ адэк1э псалъэмакъым Хьэф1ыц1э Мухьэмэд. — Мыбы ехьэл1ауэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэк1ыу 1уэхугъуэ зыбжанэ къыхэтлъхьэнущ. Псалъэм папщ1э, Хьэутий зи гугъу ищ1а тхылъыр «Л1эщ1ыгъуэ пл1анэ» ф1эпщу томит1 хъууэ къыдэбгъэк1 хъунущ. Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми, хамэ къэралхэми ДАХ-м и лэжьыгъэм теухуауэ илъэс блэк1ахэм къыщытрадзауэ хъуар зэхуэтхьэсыфынущ. Хасэшхуэм хэтауэ, абы и зэхуэсхэм кърагъэблэгъауэ, тхыдэми хащ1ык1рэ и къэк1уэнуми пхыплъыф ц1ыху хэкупсэхэм драгъэк1уэк1а интервью гъэщ1эгъуэнхэр щы1эщ, ДАХ-м и Конгрессипщ1ым хэту ятхыжа тхыгъэхэр ди1эщ, сурэтхэри гъунэжщ. А псори тхылъит1ым щызэхуэхьэсыжамэ, ф1ыгъуэшхуэт. Къищынэмыщ1ауэ, КъАХ-м илъэс къак1уэ къыдигъэк1ыну ст1олыщхьэ махуэгъэпсыр ДАХ-м тегъэщ1ауэ щытынущ, лъэпкъым, Хасэм ягурэ я псэрэ етауэ хуэлэжьахэмрэ иджыпсту къыддэлажьэхэмрэ я сурэтхэр иту. Мы махуэшхуэм иредгъэхьэл1э хъунущ «Хэхэс адыгэхэр» гъэлъэгъуэныгъэхэм утыку къыщисхьэ экспонат мин 20-р зыщ1элъ музейр къызэ1ухыныр. Абык1э КъБР-м и 1этащхьэм сыкъигъэгугъащи, ДАХ-м и илъэс 25-р щыдгъэлъап1э махуэм ирихьэл1эу ар зэф1эк1мэ, си гуапэ хъунущ.
Мухьэмэд зи гугъу ищ1ахэм ящыщщ «Адыгэ дуней» журнал щхъуэк1эплъык1э, Натхъуэ Къадир и 1эдакъэ къыщ1эк1а, езыр зыхэлэжьыхьыжа «Шэрджэсхэм я тхыдэр» къыдэгъэк1ыныр, 2007 гъэ лъандэрэ ямытыжу ДАХ-м и саугъэтыр зэтеублэжыныр, нэгъуэщ1хэри.
Дзэмыхь Къасболэт къытеувы1ащ ДАХ-м и илъэс 25-м теухуа тхылъыр щызэхагъэувэк1э, хамэ къэралхэм щылажьэ Хасэ къудамэхэми гулъытэ зэрахуэщ1ыпхъэм.
— Дунейпсо Адыгэ Хасэр Хасэ зыщ1ыжыр, инми ц1ык1уми, абы хыхьэ къудамэхэращи, дэтхэнэми езыхэм а илъэс 25-м ирагъэк1уэк1а лэжьыгъэр къыщызэщ1экъуэжа тхыгъэ кърагъэхьамэ нэхъыф1т. Ахэр е зы тхылъу, е тхылъым и 1ыхьэ щхьэхуэу къыдэгъэк1ын хуейщ. Къищынэмыщ1ауэ, ДАХ-м къищтэ унафэхэр, и дэфтэрхэр, и къалэнхэмрэ мурадхэмрэ щыгъэпса тхыгъэхэр урысыбзэк1э дунейм къытегъэхьэным мыхьэнэшхуэ и1эщ, сыту жып1эмэ, ди закъуэкъым абы къеджэфын хуейр, ат1э дызыхэс, дэ1эпыкъуныгъэк1э дызыщыгугъ лъэпкъышхуэми дэфтэрыр къызэ1уихрэ ди 1уэхущ1афэхэм, зи ужь дитхэм зыщигъэгъуэзэфу щытыпхъэщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэр илъэс 20 щрикъум ирихьэл1эу дгъэхьэзырауэ щыта фильмыр къэвгъэсэбэп хъунущ, абы къык1элъык1уа илъэситхум ек1уэк1ахэр хэвгъэхьэжу.
Къык1элъык1уэу къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ Адыгэ Республикэм и Тхак1уэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, АР, КъБР, КъШР-м я ц1ыхубэ тхак1уэ, СССР-мрэ УФ-мрэ я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Мэшбащ1э Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъум и щ1ыхьк1э 2016 гъэр тхак1уэм и илъэсу ягъэувыну Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къызэрыхилъхьэр.
Хьэф1ыц1э Мухьэмэд жи1ащ апхуэдэ пщ1э куэд къэзылэжь тхак1уэм и махуэшхуэр Адыгэ Республикэм и мызакъуэу, адрей хэгъуэгухэми, хамэ къэралхэм щагъэлъэп1эн зэрыхуейр. «Мэшбащ1э Исхьэкъ хуэдэу адыгэ лъэпкъым и тхыдэм тетхыхьыжарэ, абы и 1эдакъэ къыщ1эк1ам хуэдиз зи1эрэ нэгъуэщ1 щы1экъым жыс1эмэ, зыми я жагъуэ ящ1ынкъым, — дыщ1игъуащ Хьэф1ыц1эм.
— Адыгейм юбилейр нэхъ убгъуауэ зэрыщек1уэк1ынур гуры1уэгъуэщ, ауэ ДАХ-м а 1уэхум хилъхьэфын зыри къигъанэ хъунукъым, — пищащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Къыхэгъэщыпхъэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэми Мэшбащ1эр зэрахэтар. А псоми къалэн къытщещ1 абы и илъэс 85-р сыт и лъэныкъуэк1и хуэдгъэлъэп1эну, ди республикэхэм пшыхь дахэхэр щызэхэтшэну, курыт школхэмрэ еджап1э нэхъыщхьэхэмрэ дерс, зэ1ущ1э гъэщ1эгъуэнхэр къыщызэрагъэпэщыну, хамэ къэрал щыпсэу ди къуэшхэми Исхьэкъ и тхыгъэхэм, и гуащ1эм гулъытэ лъагэ хуащ1ыну.
Сэхъурокъуэ Хьэутий Гъэзэщ1ак1уэ гупым я пащхьэ кърилъхьащ къулыкъу зэмыл1эужьыгъуэхэм пэрыту адыгэм хуэлэжьа, гъащ1эм и п1алъэр ящ1эу нобэ чэнджэщэгъуф1 хъу, я зэф1эк1к1э щ1ып1э куэдым ц1эры1уэ щыхъуа ц1ыху щыпкъэхэр зыхэт Нэхъыжьхэм я совет ДАХ-м деж щы1эну зэрыф1эигъуэр. Апхуэдэ гупсысэр Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэтхэм зэдэарэзыуэ къызэдащтэри, советым и тхьэмадэу Мэшбащ1э Исхьэкъ хахащ. Абы хагъэхьэнущ адыгэ зэрыс хэгъуэгухэм, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщ нэхъыжьыф1хэр.
Зэ1ущ1эм и к1эухым КъБР-м и 1этащхьэм и Админиcтрацэм Щ1ыналъэ политикэмк1э и управленэм и унафэщ1 Къуэжей Артем къызэхуэсахэм захуигъэзащ зэгуры1уэу зэдэлажьэмэ, лъэпкъ 1уэхур зэрагъэк1уэтэфынур, лъэпощхьэпо ирихьэл1эмэ, къэрал властыр сыт щыгъуи дэ1эпыкъуэгъу зэрыхъунур къыхэщу.
Къэбарт Мирэ.