Новости

Аргуэру зэ хоплъэ

Щ1ышылэм и 20-м  КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ лъэпкъ, дин зэхущытык1эхэмк1э и комиссэм и зэ1ущ1э ек1уэк1ащ. Абы къыща1эта упщ1эхэм ящыщщ Тыркум къик1ыжа ди лъэпкъэгъухэр къэрал къулыкъущ1ап1эхэм зэхезэхуэн ямыщ1ыну къыхуриджэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрызахуигъэзар.

Зэ1ущ1эм хэтащ Жылагъуэ палатэм и комиссэм и унафэщ1 Маслов Николай, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и къуэдзэхэу Бырсекъуэ Орфанрэ Нэщ1эпыджэ Замирэрэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд, 1эпхъуэшапхъуэ 1уэхухэмк1э федеральнэ къулыкъущ1ап1эу КъБР-м щы1эм и къудамэм и унафэщ1 1эрэмысэ Анзор, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и лэжьак1уэ Дзасэжь Анзор, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Жылагъуэм запыщ1энымрэ информационно-технологие къызэгъэпэщыныгъэмк1э и къудамэм и унафэщ1ым и къуэдзэ Дадэ Суфэдин, нэгъуэщ1хэри.

Зэ1ущ1эм убгъуауэ къыщыпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэр. Абы жи1ащ Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытык1эм ди лъэпкъэгъухэр хедгъэлъафэ зэрымыхъунур, къэрал хабзэ тк1ийк1э къыщытпамыубыдк1э, ахэр ди хэкум ихужын 1уэху къэрал къулыкъущ1ап1эхэм зэрахуэ зэрымыхъунур. Абы и лъэныкъуэк1э ДАХ-м и 1уэхущ1ап1эм зэ1ущ1эхэр зэрыщек1уэк1ар, УФМС-ми, МВД-ми, ФСБ-ми ирагъэк1уэк1 къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэм зэрызыщагъэгъуэзам, нэгъуэщ1хэми къытеувы1ащ Сэхъурокъуэр.

ДАХ-м и вице-президент Бырсекъуэ Орфан дыщ1игъуащ 1эпхъуэшапхъуэ 1уэхухэмк1э федеральнэ къулыкъущ1ап1эу КъБР-м щы1эм Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыпсэу тхылъхэм ныкъусаныгъэ хэлъу тхылъымп1э зыхуигъэхьахэм адыги 7 зэрыхэтыр, уэчылхэр я гъусэу иджыпсту абыхэм я 1уэхухэр зэрызэхагъэк1ыр.

УФМС-м и л1ык1уэ 1эрэмысэ Анзор къызэхуэсахэм я пащхьэ щыжи1ащ ди хэкуэгъухэр къэралым ирахужу ягъэхъыбархэм лъабжьэ зэрамы1эр, ауэ я лэжьыгъэм и хабзэм тету къэпщытэныгъэхэр зэрырагъэк1уэк1ар, зи тхылъымп1э мытэмэмхэм зэрагъэзэхуэжыну иджыри 1эмалрэ зэманрэ зэра1эр.

Къызэхуэсахэм жа1ахэм едэ1уа нэужь, Маслов Николай къыхилъхьащ мы 1уэхум набдзэгубдзаплъэу иужь итын зэрыхуейр, ди лъахэгъухэм, ди лъэпкъэгъухэм яф1 зыхэлъхэр дэ дымыгъэк1уатэмэ, нэгъуэщ1 къак1уэу сэбэп къызэрытхуэмыхъунур.

Зэ1ущ1эм унафэ щащ1ащ зи гугъу ящ1а 1уэхур КъБР-м и Жылагъуэ Палатэм и Совету мазаем и 29-м ек1уэк1ынум къыщыхалъхьэну, абы папщ1э лэжьак1уэ гупи къызэрагъэпэщащ. Советым и зэ1ущ1эм кърагъэблэгъэнущ КъБР-м и Парламентым, МВД-м, Роспотребнадзорым,  Прокуратурэм, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я л1ык1уэхэр. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и советым 1уэхур щызэпкърахынурэ къэрал къулыкъущ1ап1э псоми чэнджэщ хуагъэхьынущ.

Къэбарт Мирэ. 

Related posts

Leave a Comment