Новости

Абы дегъэпIейтей

                                              Зыри гулъытэншэу къагъэнэнукъым

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм зэIущIэ щекIуэкIащ Тырку Республикэм щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэуну,  щылэжьэну, щеджэну къэкIуа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхум теухуауэ. КъБР-м щыпсэуну хуит зыщI дэфтэрхэр трахыжынкIэ зэрыхъунум игъэпIейтейхэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий  зыхуагъэзати, къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ ди лъэпкъэгъухэмрэ къригъэблагъэри, Iуэхум и хэкIыпIэ хъунур яубзыхуащ.

Тыркум къикIыжауэ ди республикэм щыпсэу адыгэхэм я гуныкъуэгъуэхэр зыхуэдэм япэу тепсэлъыхьащ Бабыгу Эргун.

— Урысейм и кхъухьлъатэр тыркухэм къызэрыраудыхрэ, шэч хэмылъу, къэралитIым я зэхущытыкIэр зэIыхьащ. Абы лъандэрэ хабзэм и лэжьакIуэхэр Тыркум къикIыжахэм кIэлъыкIуэу, кIэлъыплъу, щыпсэухэр къапщытэу, щылажьэхэм кIуэрэ зыхуагъазэу щIадзащ. А псори гурыIуэгъуэщ, дэ дыадыгэ щхьэкIэ, ди хэкужь дисыж щхьэкIэ тырку паспортщ тIыгъыр, — жиIащ Эргун. – Ауэ,  япэрауэ,  хабзэхъумэхэм я къалэн щагъэзащIэм къемызэгъ гуэрхэр яIэщIэщIауэ къытщохъу. Псалъэм папщIэ, уни къищэхуауэ илъэс куэд лъандэрэ мыбы щыпсэу ди къуэшым деж екIуалIэрэ, бжэм теуIуэрэ щIэмысмэ, абы щымыпсэууэ ятхащ. ЕтIуанэрауэ, щIалэ къытхэщ езыр-езыру хабзэхъумэхэм захуигъазэу сэ сыщыпсэур мыращ, мыхэр си гъунэгъущ жиIарэ пэт, цIыхухэр зыбжанэрэ къытеуэурэ и унэр къащауэ. Иджы нэхъ дызыгъэгузавэр, ди къуэшхэр зэхэзехуэн щIэхъуар Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм къыбгъэдэкIыу унагъуэхэм хуагъэхьа тхыгъэращ КъБР-м пIалъэкIэ зэрыщыпсэу тхылъымпIэр Iахыжыну иту. А щIалэхэр доцIыху дэ, куэд щIауэ мыбы дыщызэдопсэу, дыщызэдолажьэ. Езыхэм я Iуэху зэтраублэжауэ, я щхьэ, я унагъуэ ягъэшхэжым и закъуэкъым, атIэ зэрыс щIыналъэм, къэралым сэбэп хуэхъуу апхуэдэщ. Ахэр Къэбэрдейм къыщалъхуахэм нэхърэ зыкIи нэхъ Iейкъым, икIи еIуящIэкъым, атIэ Сокъурхэ, Тамбийхэ, Быфхэ – апхуэдэ адыгэ унагъуэхэм, лъэпкъхэм я щIалэхэщ. Нобэ къызэхуэса цIыху 40-м нэблагъэм зыгуэрым я сэбэп ирагъэкIыу апхуэдэщ,  цIыху ягъэлажьэу, зыгуэрым щIакхъуэ IыхьэкIэ дэгуашэу.

Сирием бэлыхь щыхэхуа ди къуэшхэм я Iуэхур щхьэхуэщ, ахэр зауэм кърихужьэжащ, я мылъку яфIэкIуэдащи, псоми зэгъусэу защIэдгъэкъуэн хуейщ. Ауэ сэ иджыри къыздэсым слъэгъуакъым Тыркум къикIыжа гуэрым  сшхын щIакхъуэ, е лэжьыгъэ, е унэ жиIэу къэралым лъэIукIэ зыхуигъэзауэ. Дэ дыкъыщIэкIуэжар ди щхьэ Iуэху зетхуэу, ди псэр тыншу ди хэку дисыжын, ди лъэпкъ дыхэсыжын щхьэкIэщ. Иджыпсту мы къэхъеям гъуэгу игъуэтрэ зы гупышхуэ хэкум драхужмэ, ар етIуанэ лъэпкъгъэкIуэду къэтлъытэнущ дэ. Ар къэдгъэхъу хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, мыбыкIэ зи гур щыIэ, къэкIуэжыну къэхъуапсэ цIыхухэм я гугъэр зэпыуда хъунущ, апхуэдэхэр къэзыгъэсэбэпыну зи гуращэ фонд, зэгухьэныгъэ гуэрхэри нэхъ къыттегушхуэнущ.

Дэ къыдгуроIуэ, къуаншагъэ зыбгъэдэлъым абыкIэ жэуап ихьын зэрыхуейр. Къэралым зихъумэжын, и Iуэху дигъэкIын папщIэ апхуэдэхэм тезыр ятрилъхьэну зэрыхуитыр, къригъэхьэн зэрыхуэмейр. Ауэ дэ апхуэдэ къытхэткъым.  Тыркум къикIыжауэ, зи Iуэху зэтезублауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис адыгэхэм къабгъэдэкIыу сэ жызоIэ: нобэ урысей паспорт къыдатмэ, пщэдей тырку паспортыр еттыжыну дыхьэзырщ.

Къэрабэ Чэмал игу къеуэу къыхигъэщащ I994 гъэ лъандэрэ къэкIуэжауэ щыпсэу пэтми, къэралитIыр зэщыIея нэужь, «Мыбдеж тырку щыпсэур?» жаIэу участковэхэр и куэбжэ къызэрыIухьар. «Си бынхэр мыбы щеджащ, Москва щолажьэ, — жиIащ Чэмал. – СыкъыщыкIуэжым зыгуэр къэзгъэсэбэпынщ е зыдэзгъэIэпыкъунщ жысIэу сыкъежьэжакъым. Си хэкур, си къуэшхэр япэ изгъэщауэ аращ. Фи фIэщ фщIы, сэ Тыркум къыщызлэжьу щыта ахъшэм и Iыхьэ пщIанэ Урысейм къыщызмылэжь, ауэ нэхъ тыншу, нэхъ IэфIу сыщопсэу, си хэку сисыжщи. Си Iуэху хъарзынэу докI, солажьэ, сошхэж. Абы щхьэкIэ си жагъуэ мэхъу махуэ къэс зэхэзехуэн дызэращIыр, «тыркукIэ» къызэрыдэджэр.

Къейтыкъуэ Мухьэрэм I992 гъэм къэкIуэжауэ Налшык щопсэу. Абыи къыхигъэщащ мы Iуэхум зыкIи мыкъуаншэ куэд ихьынкIэ зэрыхъунум зэрыригузавэр, адыгэгу якIуэцIылъу, зи хэкужь щыпсэужыну зи гуращэ адыгэ щIалэ ахъырзэманхэм я жагъуэ зэращIыр.

Тхьэмокъуэ Жанхъуэт жиIащ УФ-м и хабзэм тепщIыхьмэ, вид на жительство зиIэ е пIалъэкIэ мы къэралым щыпсэуну хуиту тхылъ зыIыгъ цIыхум протоколитI хуатхмэ, къэралым ирагъэкIыжыну зэрыхуитыр. Иджыпсту куэдым фыщыпсэу щIыпIэмрэ фыщытхамрэ зэтехуэркъым жаIэри, протокол зырыз хуатхащ икIи къыжраIащ махуипщI дэкIмэ, къытрагъэзэжрэ иджыри апхуэдэу кърихьэлIэмэ, етIуанэ протоколыр зэрыхуатхынур. Языныкъуэхэм ящIэххэркъым, письмо къахуэкIуами къахуэмыкIуами.

— Сэ сызыщIэлъэIур зыщ, — жиIащ Жанхъуэт. — Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм и къудамэм и унафэщI Iэрэмысэ Анзор хъарзынэу къевгъэблэгъащ. Абы къыджиIэфыну пIэрэ апхуэдэ тхыгъэ зыхурагъэхьар хэт сымэми, щыгъуазэ дищIыфыну пIэрэ а цIыхур хэкум ирахужыну иужь щIихьам и щхьэусыгъуэм? Зыгуэр зыукIа, зы щIыпIэ машинэкIэ жьэхэуа, хабзэ гуэр къызэпызуда къытхэтмэ,  зы псалъи жытIэнкъым, ар къызэремызэгъыр къыдгуроIуэри, унафэ трыращIыхь. Ауэ зи хьэрычэтыщIэ Iуэху зэтриухуауэ мыбдеж щыпсэу цIыхум «уэ КъБР-м узэрыщыпсэу тхылъыр къыпIытхыжынущи, ди IуэхущIапIэм некIуалIэ» жыпIэу письмо хуебгъэхьыныр къезэгърэ? И Iуэхур зэхуищIыжын хуейкъэ, и мылъку къыздихьар къызэщIикъуэжын хуейкъэ, къуэншауэ щытмэ? Мыкъуэншамэ-щэ? Мис апхуэдэ упщIэхэр диIэу дыкъызэхуэсауэ аращ нобэ. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэща Сэхъурокъуэ Хьэутий фIыщIэ худощI.

Къардэн Мэмэт-Алий и чэнджэщ Iуэхум къыщыхилъхьэм ДАХ-м и тхьэмадэм зыхуигъэзащ: «Хьэутий,  нэгъабэ Тыркум уныщыкIуам жыпIа псалъэм дыкъишэжащ дэ. «Фэрэ дэрэ дызэкъуэшщ, къэрал зырыз дис щхьэкIэ дызылъэпкъщ», — щыжыпIэм хэкум къэпхъэру щыс дэ нэхъри дытегушхуащ. Нобэ къэпсалъэхэм жаIэ къиинхэр апхуэдэу ину щыткъым, Адыгейм деж щызэфIагъэкIащ мыпхуэдэ лъэпощхьэпохэр. Фэри абы фыпэлъэщыну си гугъэщ», — жиIащ абы.

Ди лъэпкъэгъухэм жаIам едэIуа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий игъэбелджылащ  щIрагъэкIыжым и щхьэусыгъуэр и кIэм нэсу зэхэмыкIауэ, къимылэжьауэ зы цIыхуи зэрырамыхужьэжынур, абы папщIэ зыхуэфащэ къулыкъущIапIэхэм зэрызахуигъэзэнур.

Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм и къудамэм и унафэщI Iэрэмысэ Анзор псалъэ щратым, жиIащ  Тыркум къикIауэ иджыпсту КъБР-м цIыху 200-м щIигъу зэрисыр.

— Фэ зэрыфIщэщи, IуэхущIапIэ зыбжанэм къалэн щащIащ, Тыркум къикIауэ лъахэм щыпсэухэр къэпщытэн хуейуэ. Абы ипкъ иткIэ ежьэри, унагъуэхэм кIуащ икIи, хабзэм къызэригъэувым тету, щыпсэумрэ щытхамрэ зэтемыхуэмэ, протокол хуатхащ. Ар зы щхьэусыгъуэщ. ЕтIуанэрауэ, ныфхуедгъэхьа тхылъхэм, «ди хэкум фыдохуж» жиIэу иткъым, атIэ унафэ щхьэхуэ щыIэщи, ди деж фыкъекIуэлIэн зэрыхуейр иту  аращ. КъулыкъущIапIэм фынакIуэрэ къэрал хабзэм фыщыдгъэгъуазэрэ Iэ тевдзэмэ, махуэ I5 фиIэнущ фи Iуэхур зэвгъэзэхуэжыну е Урысейм фикIыжыну. «Протоколым иратхар пэжщ, сэ мы хабзэм сытетыфынукъым», — жыфIэмэ, Тыркум вгъэзэжынущ. «Сэ схуатхар пэжкъым, сыарэзыкъым», — жызыIэр судым кIуэн хуейуэ аращ. Абы ипкъ иткIэ, сыныволъэIу, зи Iуэхур хабзэм темыту екIуэкI къыфхэтмэ, феужьэрэкIыну.  Протокол зыхуатхахэм судым зыхуэвгъазэ, фымыкъуаншэу къэфлъытэмэ, абы гугъу хэлъкъым. Письмо зыIэрыхьахэм я цIэ-унэцIэхэр сэ вжесIэну сыхуиткъым, ауэ цIыху 26-м ди деж къекIуэлIэну яхуэттхащ, ар псори адыгэкъым, къищынэмыщIауэ, бэлыхьышхуэ ялэжьауэ щымытмэ, я дэфтэр Iуэхур зэрагъэзэхуэжын хуейуэ арамэ, лъэпощхьэпо къыхэкIынукъым.

Анзор жиIащ мы Iуэхум теухуауэ лъэпкъ зэхэгъэж зэрыщымыIэр, ди деж иджыри къыздэсым ди лъэпъкэгъухэм ятеухуауэ закон щхьэхуэ зэрыщымыIэр. ДАХ-м и КъэпщытакIуэ комиссэм и унафэщI ГубэщIыкI Владимир жиIащ  дауэ мыхъуми къэрал хабзэр гъэзэщIэн, абы тетын зэрыхуейр, ауэ а цIыхухэм яхыхьа участковэхэми лажьэ зэраIэр, тэмэму Iуэхур зыIутыр ди лъэпкъэгъухэм зэрыгурамыгъэIуэфар.

 ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхилъхьащ, мыпхуэдэ Iуэху къыщыкъуэкIакIэ, лэжьакIуэ гуп къызэгъэпэщын хуейуэ, гукъеуэ зиIэхэм  ящыщ зыбжанэ, ДАХ-м и лIыкIуэхэр, уэчылхэр хэту.

Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ апхуэдэхэм деж ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэныр ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр, хабзэм къызэригъэувым тету Iуэхур зэфIэгъэкIынымкIэ сыт хуэдэ къулыкъущIэми къулыкъущIапIэми захуигъэзэну зэрыхьэзырыр.

— Нобэ УФМС-м тхыгъэ зыхуригъэхьа 26-м ящыщ адыгэхэм зырызыххэу дадэлэжьэну дыхьэзырщ, лей къатехьэу ддэнукъым, къимылэжьауэ ирахужьэж къахэкIынукъым, — жиIащ Хьэутий. —  Ауэ, къэрал щыхъукIэ, фэри фощIэ, абы и хабзэр гъэзэщIэн зэрыхуейр. Законым темытрэ, сытетыфынукъым жиIэу къытпиубыдрэ, абы сэбэп дыхуэхъуфынукъым. Адрейхэм я Iуэху зэIагъэхьэну иужь къихьэн  къэгъэнауэ, пхъашэу къепсалъэIауэ ддэнукъым. ШыIэныгъэрэ акъылрэ хэлъу Iуэхум иужь дитмэ, ди дзыхь зэдгъэзрэ щIэгъэкъуэн дызэхуэхъумэ, дыкъикIыфынущ мы щытыкIэм. Дызэкъуэшщи, дызэрыIыгъыу ди Iуэху зэрыдэдгъэкIыжын иужь дивгъэт. Мыр игъащIэкIэ мыпхуэдэу екIуэкIынукъым. Iей мыхъу фIы хъужыркъым жаIэ адыгэхэм, зэмани дэкIынщ, къэрал Iэтащхьэхэри зэкIужынщ, дэри ди напэр къабзэу дыкъызэхуэнэжынщ.

КъБР-м и Iэтащхьэм и Админиcтрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём къыхигъэщащ ди лъэпкъэгъухэр зыгъэпIейтей Iуэхум лъабжьэ хуэхъур хабзэр гъэзэщIэн зэрыхуейр зэрыарар.

— Фэри зэрыфIщIэщи, къэралыр къэгъэнауэ, гуп гуэр уахыхьамэ, абы щекIуэкI хабзэм зыдебгъэкIун хуейщ. Тыркум  фрицIыхуу мыбдежым фыкъыщыIэпхъуэжакIэ, нэ лейкIэ къывэплъынкIэ хъунщ. Ауэ зэ-тIэу къыфщIэупщIэрэ фи Iуэхур тэмэммэ, фи гугъу къащIынукъым. Пэжщ, къулыкъущIэхэми яхэтщ къемызэгъ гуэрхэр зыгъахъэ.  Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ е унафэм химыщIыкIыу е игу Iей илъу зыгуэр фиужь итмэ, дэри, ДАХ-ри, Прокуратурэри, Судри дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъунущ, зэи лей къыфтедгъэхьэнукъым. Ауэ зы чэнджэщ фызот. Фыщыпсэумрэ фыщытхамрэ, Iэмал иIэххэмэ, зэтехуэу фис мы къэралым. Сыту жыпIэмэ, фэ нэгъуэщI къэралым фыкъикIауэ мыбы фыщыIэщи, зи нэIэ фыщIэт къулыкъущIапIэм и чэзум фыкъигъуэтын хуейщ.

Къызэхуэсахэр зэпсэлъа нэужь, комиссэ къызэрагъэпэщащ ди лъэпкъэгъухэр нобэ зыIууэ гугъуехьхэм фIыуэ щыгъуазэ цIыху зыбжанэрэ ДАХ-м и Хасащхьэм щыщ зытIущрэ хэту. Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ, уэчыл хуей къыкъуэкIмэ, пщIэншэу ядэлэжьэн къызэрищтэнур.

Къэбарт Мирэ.

Related posts

Leave a Comment