Новости

ПIалъэ къыхэмыкIыу зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэху

2016 гъэм щIышылэм (январым) и I3 -м  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Тыркум къикIыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэуну,  щылэжьэну, щеджэну къэкIуа ди лъэпкъэгъухэм яхуэзащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ. Ди лъахэм къэкIуэжауэ щыIэхэм Урысей — Тырку зэхущытыкIэхэр зэрызэIыхьам къыхэкIыу я Iуэху зыIутымрэ ахэр зыгъэпIейтейхэмрэ утыку кърахьащ икIи къиинхэм я зэфIэхыкIэ хъуну къалъытэхэм и щхьэр течауэ тепсэлъыхьащ.

ЗэIущIэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, абы и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан, ДАХ-м и КъэпщытакIуэ комиссэм и унафэщI ГубэщIыкI Владимир,  ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и Админиcтрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм и къудамэм и унафэщI Iэрэмысэ Анзор сымэ, нэгъуэщIхэри.

Тыркум къикIыжауэ ди республикэм щыпсэу адыгэхэм я гуныкъуэгъуэхэмрэ тепсэлъыхьащ Бабыгу Эргун, Къэрабэ Чэмал, Къейтыкъуэ Мухьэрэм, Тхьэмокъуэ Жанхъуэт сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ я зэхуаку къыдэхъуа къаугъэм и зэранкIэ зэхэзехуэ ящIа зэрахэтыр, Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм къыхуагъэхьа письмохэм куэд зэригъэгузэвар.

Iэрэмысэ Анзор къызэхуэсахэм яжриIащ республикэм зэрыщыпсэур хабзэм къезэгъыу щытмэ, къуаншагъэ зыщIа яхэмытмэ, щIэгузэвэн Iуэхум зэрыхэмылъыр, ауэ хабзэм ебэкъуахэм жэуап яхьын зэрыхуейр дыщIигъуащ. Нэхъыщхьэрати, Тыркум къикIыжауэ мыбы щыIэхэр республикэм е къэралым ирахужыну апхуэдэ унафэ зэрыщымыIэр ягуригъэIуащ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ апхуэдэхэм деж ди лъэпкъэгъухэм защIэгъэкъуэныр ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр, цIыхухэм кърахьэлIэ гуныкъуэгъуэхэр зэфIэхынымкIэ абы хэт дэтхэнэ зыри къызэримыкIуэтынур, хабзэм къызэригъэувым тету Iуэхур зэфIэгъэкIынымкIэ сыт хуэдэ къулыкъущIэми къулыкъущIапIэми зыхуагъэзэну зэрыхьэзырыр.

Къызэхуэсахэр зэпсэлъа нэужь, комиссэ къызэрагъэпэщащ ди лъэпкъэгъухэр нобэ зыIууэ гукъеуэхэм фIыуэ щыгъуазэ цIыху зыбжанэрэ ДАХ-м и Хасащхьэм щыщ зытIущрэ хэту. А гупыр къэрал къулыкъущIапIэхэм ядэлэжьэнущ, юрист Iуэхум хуэIэзэ уэчылхэри я гъусэу. Комиссэм хэтхэр зэIущIэ нэужьым зэпсэлъащ, етIуанэ махуэм щегъэжьауэ зиужь итынухэр зэпкърахащ. ГубэщIыкI Владимир жиIащ Iуэхум пIалъэ къыхэбгъэкI зэрымыхъунур, мы махуэ зыбжанэм я зэманри къарури абы хухахын зэрыхуейр.

НэщIэпыджэ Замирэ.   

Related posts

Leave a Comment