Новости

Адыгэ ныпым и махуэр зэрырагъэкIуэкIынум теухуауэ

 Адыгэ ныпым и пщIэр

КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щызэхэтащ Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэным пыщIа дауэдапщэхэр къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъ гупым хэтхэм я зэIущIэ. Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэхэм илъэс еханэ хъуауэ щызэдаIэт а гуфIэгъуэр мы гъэми екIуу ягъэлъэпIэну я мурадщ.

КъызэгъэпэщакIуэ гупым и зэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Зэхуэсым кърихьэлIащ а Iуэхур нэхъ зэгъэщIылIахэу КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм щIыналъэ политикэмкIэ и Управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Алэкъей Арсен, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэм и къуэдзэ Залиханов Къанщобий сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ махуэш­хуэм и купщIэр щIэблэм зыхегъэщIэн, дэтхэнэ лъэпкъми къэралыгъуэми я дежкIэ ныпым пщIэшхуэ зэриIэр абыхэм ­къагурыIуэу щытын зэрыхуейр икIи цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэ­нымкIи апхуэдэ гуфIэгъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

А махуэм екIуэкIыну яубзыхуахэм щхьэхуэ-щхьэхуэу щытепсэлъыхьащ зэхуэсым икIи дэтхэнэ Iуэхугъуэри зи нэIэ щIэтынухэри щагъэбелджылащ абы.

Мэлыжьыхьым и 25-м сыхьэт 12-м щIалэгъуалэр Налшык Абхъазым и цIэр зезыхьэ и утыкум автомобилхэмкIэ ще­жьэнурэ ди лъэпкъ ныпыр ящхьэщыхуарзэу республикэм и район псори зэщIагъэхьэнущ. Автомобиль зекIуэр сыхьэт 18-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну траухуащ.

Махуэшхуэм хуагъэхьэзыра концертым Абхъазым и утыкум сыхьэт 18-м щыщIидзэнущ. Абы кърихьэлIэнухэм сы­хьэтитIкIэ я нэгу зрагъэужьынущ республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэм, къэфакIуэхэм. Пшапэр зэхэуа нэужь, шэху уэздыгъэхэр къагъэсэбэпынурэ, адыгэ лъэпкъ 12-м я вагъуэ зырызрэ шабзищ зэблэдзахэмрэ зыхэдыкIа ди лъэпкъ ныпыр «къызэщIэблэнущ», абы тет псори IупщIу хэплъагъукIыу.

 

Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Адыгэ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым я лъэIукIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд КъБР-м и Правительствэм и Унэм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м ди республикэм зэрыщагъэлъэпIэнум.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэ лъандэрэ Адыгэ ныпым и махуэр зэраIэтым хуэдэу, мы гъэми екIуу къызэрагъэпэщынущ. БлэкIа илъэсхэм мы махуэ лъапIэм дунейпсо мыхьэнэ иIэ зэрыхъуамрэ щIалэгъуалэм я гупыжымрэ къалъытэри, къулыкъущIэхэр зэгурыIуащ республикэм и район псоми нэсу машинэкIэ бэракъыр кърахьэкIыныр екIуу къызэрагъэпэщыну. Ахэр Налшык къэсыж-мэ, Абхъазым и утыкум махуэшхуэ концерт щекIуэкIынущ, джэгу щызэхашэнущ, Адыгэ ныпым и мыхьэнэм, абы къежьапIэ хуэхъуам теухуа псалъэмакъ щхьэпи щызэхахынущ.
Къуэдзокъуэ Мухьэмэд гуфIэгъуэ махуэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщынымкIэ, егъэкIуэкIынымкIэ щIапхъэхэр я пщэ дилъхьащ зыхуэфащэ министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ.
ЗэIущIэм хэтащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъАХ-м и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Адыгэ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор сымэ.
 

  • Къэбарт  Мирэ.

Related posts

Leave a Comment