Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщ1эныгъэр ирагъэф1ак1уэ
Гъатхэпэм (мартым) и 26-м Налшык къалэ щек1уэк1ащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэ1ущ1э. Абы хэтащ Тыркум, Иорданием, Сирием, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щы1э Хасэ къудамэхэм я л1ык1уэхэр.
Зэ1ущ1эм кърихьэл1ащ КъБР-м и Парламентым и Унафэщ1ым и къуэдзэ Бозий Натбий, КъБР-м и 1этащхьэм и Администрацэм Щ1ыналъэ политикэмк1э и управленэм и унафэщ1 Къуэжей Артем, КъБР-м Граждан жылагъуэ 1уэхущ1ап1эхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ 1уэхухэмк1э и управленэм и унафэщ1 К1урашын Анзор, ДАХ-м дэлажьэ Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Мэшбащ1э Исхьэкъ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, ДАХ-и Советым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд, ДАХ-м и Къэпщытак1уэ гупым и унафэщ1 Губэщ1ык1 Владимир, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэу1у советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий сымэ, нэгъуэщ1хэри.
Зэ1ущ1эр къызэ1уихри, хамэ къэрал, гъунэгъу хэгъуэгухэм къик1а л1ык1уэхэм ф1эхъус псалъэк1э захуигъэзащ Сэхъурокъуэ Хьэутий ик1и эрызэдэлэжьэну жыпхъэр яубзыхури, 1уэхум пэрыхьащ. Мы зэ1ущ1эм нэхъыщхьэу зи гугъу щащ1ар СХьР-м къик1ыжа ди къуэшхэмрэ абы къинауэ щыпсэухэмрэ я 1уэху зы1утырщ. Абы теухуауэ япэу псалъэ иратащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан.
— Илъэсипл1рэ ныкъуэрэ хъуауэ ек1уэк1 зауэр увы1а хуэдэщи, нэхъыф1ым дыщыгугъынщ. Сирием зауэр щагъэувы1эу, ц1ыхухэр хуэм-хуэмурэ яп1э ит1ысхьэжыным щ1эхъуэпсхэм ящыщщ адыгэхэри, — жи1ащ Орфан. – Дамаск адыгэ миних хуэдиз 1эпхъуауэ дэсщ, къуажэ 22-м къыдэк1ауэ. Ахэри псэуп1э гуэр зрагъэгъуэтыным иужь ихьащ.
Хэкум къэк1уэжахэм я гугъу пщ1ымэ, ц1ыху 720-рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къихьэжати, къуажэхэм унэ къыщыхуащэхури, щагъэт1ысыжащ, Налшык унагъуэ 91-рэ, фэтэр къащэхуами бэджэнду къащтами, дэсщи, я щхьэ 1уэху зэрахуэ. Ди къуэшхэм я л1ык1уэхэр хэту ДАХ-м и деж комиссэ къыщызэдгъэпэщауэ, тыншу дызэлъы1эсу, дэтхэнэми и гуныкъуэгъуэр тщ1эуэ, дызэдэ1эпыкъуфу дызэдолажьэ. Ф1ыщ1э яхуэщ1ыпхъэщ абыхэм ядэ1эпыкъу ц1ыху щхьэхуэхэмрэ къэрал къулыкъущ1эхэмрэ, ДАХ-м и тхьэмадэм. Къэк1уэжахэм медицинэ 1уэхутхьэбзэхэр пщ1эншэу хуащ1э, «Жьэгу» зэгухьэныгъэ щы1эщи, абы хэтхэм ахъшэ зэхуахьэсурэ, сымаджэхэм хущхъуэхэр къыхуащэху. КъБР-м къэ1эпхъуэжа сабий псори школхэмрэ гъэсап1эхэмрэ щ1эгъэт1ысхьахэщ, бзэхэми хъарзынэу хэгъуэзащ. Дяпэк1э ди мурадхэм ящыщщ къалэм дэс сабийхэм адыгэбзэр едгъэщ1энымк1э дерсхэр Хасэм деж къыщызэдгъэпэщыну. Къэ1эпхъуэжа балигъхэм ящыщу процент 80-р лэжьыгъэ 1энат1э пэрытщ, къуажэхэм 1эпхъуахэми хадэр ящ1э. Иджыпсту зы бзылъхугъэ, Нарткъалэ дэсу, лэжьап1э зэрыдгъэувын 1уэху зыдохуэ.
Тыркум къик1ауэ КъБР-м щыпсэууэ зи тхылъхэр мытэмэму къыщ1эк1а ди лъэпкъэгъухэм я 1уэхур ДАХ-м и тхьэмадэм и псалъэр хилъхьэу зэрызэф1ахами тепсэлъыхьащ Орфан. Ахэр иджы зыми имыгъэп1ейтейуэ дэтхэнэми и щхьэ 1уэху зэрихуэжу мэпсэу. Ауэ ц1ыхуит1ым Тыркум ягъэзэжмэ нэхъ къащтэу, к1уэжащ.
Сирием къик1ауэ Тыркум ис адыгэхэм я 1уэху зытетым къызэхуэсахэр к1эщ1у щигъэгъуэзащ ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырс Реджаи. Абы къыхигъэщащ к1уэрык1уэсэжу тыркухэм яхыхьа адыгэхэм иджыри къыздэсым КАФФЕД-м гулъытэ хэха хуищ1у къызэрек1уэк1ар, зы адыги уэрамым къызэрыдамынар. «Дэ дыщ1эгузэвар зауэм зиукъуэдийрэ ц1ыхур уэру Тыркум къихьэ хъумэ, дызэрыпэмылъэщэнк1э хъунур арати, Тхьэм и шыкурк1э, зауэри ужьыхыжащ. Ауэ ди жагъуэ хъууэ хэлъар, а ди деж нак1уэхэм хэкумк1э зыкъагъэзэну ет1уэк1 пэтми, Европэм лэжьак1уэ к1уэмэ нэхъ къащтэу, нэхъ псэуфыну къащыхъуу, къэрал зэмыл1эужьыгъуэхэм зэраунэт1арщ», — жи1ащ Бырсым. Апхуэдэуи, Сирием къыщыхъуам нэхъыбэм дригъэгупсысын зэрыхуейр, нэгъуэщ1 къэралхэри бэлыхь хэхуэ хъужыкъуэмэ, иджыри зэ а лъагъуэм дытехьэжынк1э зэрыхъунур.
— Дэнэ щыпсэу адыгэми Урысейр зэрихэкужьыр къыгурыдгъэ1уэфрэ ахэр тыншу УФ-м къихьэжыфу зэтедублэфатэмэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм къалэнышхуэ къейхъул1ауэ жып1э хъунут, — дыщ1игъуащ къэпсалъэм.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Сирием щыщу ц1ыху 37-рэ зэрисыр, ахэр Шэрджэс Адыгэ Хасэм и нэ1э зэрыщ1этыр, языныкъуэ унагъуэхэм шэрджэс щ1алэхэм унэ къызэрыхуащэхуар, Хьэбэз район администрацэм и 1этащхьэ Арэшыкъуэ Рауф фэтэр куэду зэхэт унэ зэрахуригъэщ1ыр, ц1ык1ухэр сабий садхэм, школхэм зэрык1уэр жи1ащ Аслъэн Алий.
Адэк1э, Дунейпсо Адыгэ Хасэр 2015-2018 гъэхэм зэлэжьыну 1уэхухэр гъэбелджылауэ къызэдащтащ. 1уэхугъуэ 40-м щ1егъу ахэр. Урысей Федерацэмрэ хамэ къэралхэмрэ щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэгъэу1уныр, нэгъуэщ1 лъэпкъ, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэныр; хамэ къэралхэм щы1э Адыгэ Хасэхэм, хэхэсхэм ящыщ жылагъуэ лэжьак1уэ, щ1эныгъэл1, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьак1уэ ц1эры1уэхэм я ц1эхэр зэхуэхьэсыныр; хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщ1эныгъэр езыгъэф1эк1уэн л1ык1уэхэр зэк1элъык1уэныр, хамэ къэрал щыщ ди къуэшхэм я псэук1эр къэпщытэнымк1э, ядэ1эпыкъунымк1э щ1апхъэхэр убзыхуныр; тхыдэ мыхьэнэ зи1эхэмрэ адыгэ щэнхабзэм и хъугъуэф1ыгъуэхэмрэ хэкум къихьэжыныр; адыгэм и тхыдэм, ц1ыху ц1эры1уэхэм ятеуха дэфтэрхэр къэралхэм щы1э архивхэм къыщалъыхъуэн папщ1э щ1эныгъэ экспедицэхэр щ1ып1э зэмыл1эужьыгъуэхэм гъэк1уэныр, нэгъуэщ1 куэди къызэщ1аубыдэ ахэм.
Адэк1э комитетхэм зэф1агъэк1ын хуей 1уэхугъуэхэр абыхэм я тхьэмадэхэм къыхалъхьэн хуейуэ арати, псори хьэзыр хъумэ зэпкърахыну зэгуры1уащ.
Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 152-рэ зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырыным теухуауэ зэ1ущ1эм къыщыпсэлъащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд. Абы къыхигъэщащ илъэс зыбжанэ хъуауэ а махуэм епхауэ ек1уэк1 1уэхухэр мы гъэми Налшык къызэрыщызэрагъэпэщынур, адыгэ щыпсэу нэгъуэщ1 къэралхэми апхуэдэ махуэхэр зэрыщек1уэк1ынур, адыгэу зызылъытэж дэтхэнэ зыри Щыгъуэ махуэм ехьэл1а дауэдапщэхэм зэрыхэтынур.
Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм а махуэр зэрыригъэк1уэк1 хабзэм к1эщ1у къытеувы1ащ Бырс Реджаи. «Накъыгъэм и 21-р къэблэгъа нэужь, хэк1уэдахэм мэрем махуэм мэжджытхэм къур1эн щахудогъаджэ, ит1анэ хы 1уфэм док1уэри, Щыгъуэ пэк1ур идогъэк1уэк1 ц1ыху мин бжыгъэхэр кърихьэл1эу. Мы гъэми апхуэдэу зэдгъэпэщыну ди мурадщ», — жи1ащ Реджаи.
Абы и псалъэхэм къыпищэу къэпсэлъа Щоджэн Умит жи1ащ нэгъабэ Щыгъуэ махуэр адэжь хэкум щрагъэк1уэк1ыну хуейуэ къэк1уахэм хуэдэу мы гъэми гъуэгу къытеувэну зи нэ къик1хэр зэрыщы1эр, абы къыхэк1к1э, ц1ыху 50-м нэблагъэ ДАХ-м къригъэблэгъэфынрэ къримыгъэблэгъэфынрэ щ1эупщ1ащ. А упщ1эм къызэхуэсахэр ирипсэлъа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ УФ-м и кхъухьлъатэр тыркухэм къызэрыраудыхрэ къэралит1ым я зэхущытык1эр зэрызэ1ыхьам къыхэк1ыу, мы гъэм а 1уэхур нэхъ гугъу зэрыхъунур.
— Сэ къызгуро1уэ, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэхуаку ерагъыу щытралъхьэжа лъэмыжыр а къэхъукъащ1эхэм щхьэк1э ткъутэж зэрымыхъунур, ауэ фэри дэри къэрал зырыз дыхэсщи, ди унафэщ1хэм я жьауэ дыщ1эк1 зэрымыхъунур лъэныкъуит1ми къыдгуры1уэн хуейщ. Абы ипкъ итк1э, шы1эныгъэрэ акъылрэ хэлъу ди зэпыщ1эныгъэр дывгъэхъумэ.
Иорданием Щыгъуэ махуэр зэрыщрагъэк1уэк1 хабзэм тепсэлъыхьащ Нэгуэр Зиуар ик1и 1уэхугъуэхэр иджы щыщ1эдзауэ зэрагъэхьэзырыр жи1ащ.
Адыгэхэм я дунейпсо махуэр фок1адэм и 20-м адыгэ щыпсэу къэралхэмрэ хэгъуэгухэмрэ зэрыщагъэлъэп1энум теухуауэ къызэхуэсахэр щызэпсалъэм Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ нэгъабэ ек1уэк1а 1уэхухэм нэхъри зрагъэубгъуу, дэнэ къэрали мы махуэр ща1этыну зэригуапэр.
ДАХ-м и Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт Щоджэн Аминат къыхилъхьащ Адыгэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэл1эу «Адыгэхэр: тхыдэр, хабзэр, нобэрей гъащ1эр» щ1эныгъэ конференцэ, ДАХ-мрэ КъБКъУ-мрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщмэ зэрыф1игъуэр. Республикищым адыгэбзэк1э щезыгъаджэхэм утыку иратыныр зэры1уэху дахэр, видео-еджэныгъэ хуэдэу ар ящ1 зэрыхъунур жи1ащ Табыщ Мурат. «Ар зэ ек1уэк1ыу блэк1ыну гуэркъым, ат1э хамэ къэралхэми нэсынущ ДАХ-м и сайтри игъэдэхэнущ, хуейм къызэ1уихрэ еплъу сэбэпи хъунущ», — дыщ1игъуащ Табыщым. Къалмыкъ Жылэбий къыхилъхьащ адыгэм и махуэр зы махуэ закъуэк1э зэф1эк1ыу щымыту, 1уэху дахэ куэд ебгъэщ1ыл1э зэрыхъунур.
Фок1адэм и 20-м ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэсышхуэр зэрырагъэхьэл1энур, КъБР-м и Правительствэр, Щэнхабзэмк1э и министерствэр я щ1эгъэкъуэну 1уэху дахэ куэд Налшык деж къыщызэрагъэпэщыну зэрамурадыр, апхуэдэ дыдэуи хамэ къэралхэмрэ гъунэгъу хэгъуэгухэмрэ щек1уэк1ыну 1уэхухэр я нэ1э зэрыщ1этынур жи1ащ Сэхъурокъуэм.
Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъыф1у зэпыщ1а хъунымк1э щы1э хэк1ып1эхэр нэхъ убгъуауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейм и щыхьэту Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэтхэр тепсэлъыхьащ хамэ къэрал щыпсэухэм я щ1алэгъуалэр ди еджап1э нэхъыщхьэхэм щегъэджэным. Нэхъыбэу еджак1уэхэр къыздик1ыр Тыркурати, япэу зэ1ущ1эм къыщыпсэлъащ Бырс Реджаи. Абы къыхигъэщащ Налшык еджак1уэ къэк1уэну хуейхэр зэхуашэсурэ нэхъыф1хэр зэпеуэк1э къызэрыхахыр, ауэ мыбдежми абыхэм щак1элъыплъын зэрыхуейр. Бырсекъуэ Орфан Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щ1эх-щ1эхыурэ зэрык1уэр жи1ащ ик1и студентхэм еджап1эм емык1уал1э, щ1эныгъэ зэгъэгъуэтыным емыгугъу зэрахэтым къыхэк1ыу, адэ-анхэр нэхъ набдзэгубдзаплъэу къахущытыну жра1эжыну лъэ1уащ.
Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я ц1ыхубэ тхак1уэ Мэшбащ1э Исхьэкъ мы гъэм илъэс 85-рэ зэрырикъум ехьэл1ауэ къызэрагъэпэщыну 1уэхугъуэхэм убгъуауэ тепсэлъыхьащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд. ДАХ-м къищта унафэм тету Мэшбащ1эм и илъэс 85-р адыгэ зэрыс хэгъуэгухэми, Тыркуми, Иорданиеми щек1уэк1ыну щаубзыхуахэр куэд мэхъу. А 1уэху дахэм и пэублэу Къэбэрдей Адыгэ Хасэм зэф1игъэк1ахэмрэ иубзыхуахэмрэ тепсэлъыхьащ Мухьэмэд.
Адыгей Хасэм и л1ык1уэ Ц1ык1ушэ Аслъэн жи1ащ Адыгэ Республикэм и Правительствэм унафэ зэрищ1а тетщ, Мэшбащ1эм и махуэшхуэр 1этауэ я хэгъуэгум зэрыщагъэлъэп1энур.
Шапсыгъхэм я л1ык1уэу Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт Хьэхъу Игорь къыхигъэщащ лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэф1ыгъуэр пщалъэ гуэрк1и къызэрыпхуэмылъытэнур, адыгэ литературэм и классик куэд псэууэ дызэримы1эжыр, Мэшбащ1э Исхьэкъ къыдэк1уэтей щ1эблэм едгъэц1ыхун, яхуэдгъэзэн зэрыхуейр.
Хэхэс сабийхэр КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Краснодар крайм я зыгъэпсэхуп1эхэм къегъэблэгъэным теухуэ зэ1ущ1эм хэтхэр щызэпсалъэм, Бырс Реджаи жи1ащ:
— Дэ, хэхэсхэм, ди щ1эблэр хэкум къэдгъэк1уэным мыхьэнэшхуэ и1эу къызолъытэ. Ахэр хамэ къэралхэм щы1э Хасэхэм бзэми, хабзэми, щэнхабзэми, къафэми зэрыщыхуедгъэджэным сыт щыгъуи дыпылъщ, ауэ щэ зэхэпх нэхърэ зэ плъагъум нэхъыф1щ жыхуа1эращи, хэкум къак1уэрэ тхьэмахуэ щы1а сабийр игук1и и акъылк1и бей зэрыхъум зыри лъэщ1ыхьэнукъым. Абы ипкъ итк1э, хабзэ дахэ тхуэхъуа мы 1уэхур зэпыдмыгъэууэ едгъэк1уэк1ыныр ди хъуэпсап1эщ, 1эмал зэри1эк1э, къэдгъак1уэ сабийхэм я бжыгъэр тхухэгъахъуэтэмэ, хъарзынэт. Къищынэмыщ1ауэ, егъэджак1уэхэр хэкум къэдгъак1уэурэ я щ1эныгъэр щыхагъахъуэу зэтедубламэ, ди 1уэхур нэхъ къик1ынут.
Хэхэс сабийхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэгъэпсэхуныр зи пщэ дэлъ къулыкъущ1ап1эр КъБР-м Граждан жылагъуэ 1уэхущ1ап1эхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ 1уэхухэмк1э и управленэр арати, абы и унафэщ1 К1урашын Анзор жи1ащ, хабзэ зэрыхъуам тету, мы гъэми сабиищэ нэблагъэ Налшык кърагъэблэгъэну зэраубзыхуар.
— Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Мэздэгу къитшурэ зедгъэгъэпсэху хабзэщ ц1ык1ухэми, мы гъэми абы пытщэнущ. Дэ зэрыхуэдгъэфащэмк1э, дэтхэнэ къэралми ц1ыху 20 къитшыфынущ, — жи1ащ Анзор. — Ауэ Сирием мы зэманым сабийхэр къытхуишыну къыщ1эк1ынукъыми, абыхэм къалъыс бжыгъэр Тыркум къик1ынухэм яхущ1ыдгъуну къыщ1эк1ынщ. Сирием къик1ыжауэ мыбы щыпсэухэм я сабийхэр ди ныбжьыщ1эхэр здэдгъак1уэ зыгъэпсэхуп1эхэм щыдгъэ1энущи, абыхэм я 1уэхур щхьэхуэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ сабийхэм я ныбжьыр илъэс 12-15-м итын зэрыхуейр, къищынэмыщ1ауэ, тхьэмахуит1 нэхъыбэр лейуэ си гугъэщ, сабийхэм адэ-анэр ягу къок1ри. А къак1уэ ц1ык1ухэм мащ1э дыдэми адыгэбзэ т1эк1у ящ1эмэ, езыхэр нэхъ мэтынш ик1и нэхъ яф1эгъэщ1эгъуэнщи, абы гулъытэ хуэфщ1ыну дыхуейт.
— Лъэпкъым и 1уэхур тэмэму к1уэтэным фыхуэпабгъэу фызэрылажьэр слъэгъуащи, Тхьэм фыхущ1игъэхьэ. Фэ фи гупсысэк1эр, зэхэтык1эр щ1алэгъуалэми ялъагъумэ, си ф1эщ мэхъу шы1эныгъэ яхэлъу абыхэми я 1уэхур захуэу, дахэу зэраунэт1ынур, — жи1ащ Бозий Натбий.
Абы и псалъэхэм къыпищэу къэпсэлъащ Къуэжей Артем.
— Адыгэ 1уэхум теухуауэ зигу ф1ы илъыр зэгуры1уэну, Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыпэрыуэну хуейхэм зэгъусэу фапэувыну, пэжымрэ захуагъэмрэ ягурывгъа1уэу телъхьэ къэфщ1ыну, фызэкъуэту фызэдэлэжьэну хуабжьу ди гуапэщ, дэри тхузэф1эк1 фхэтлъхьэну, фи гугъуехьхэмк1э зыфщ1эдгъэк1уэну сыт щыгъуи дыхьэзырщ, — жи1ащ абы.
Зэ1ущ1эм щытепсэлъыхьащ лъэпкъыр зыгъэп1ейтей нэгъуэщ1 1уэхугъуэхэми. Гъэзэщ1ак1уэ гупым и къык1элъык1уэ зэхуэзэр мэкъуауэгъуэм щы1эну зэгуры1уащ.
Нэщ1эпыджэ Замирэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.