Новости

Щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIынум теухуауэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий дыгъуасэ ДАХ-м и IуэхущIапIэм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 152-рэ зэрырикъум ехьэлIа  дауэдапщэхэр Налшык щегъэкIуэкIыным, дяпэкIэ лъэпкъым къыпэщылъ махуэ хэхахэр къызэрызэгъэпэщыпхъэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пэщIэтынымкIэ и министр Къуэшрокъуэ Залым, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, щIалэгъуалэр.

Зэхуэсыр къыщызэIуихым, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ Щыгъуэ-щIэж махуэм, гъэ къэси хуэдэу, шууейхэри, лъэсрыкIуэхэри Лениным и уэрамым кърикIуэу фэеплъым деж зэрыщызэхуэсынур, пэкIу зэрыщекIуэкIынур, накъыгъэм и 20 пщыхьэщхьэм Псэ жыгым деж щIалэгъуалэм уэрэдыжьхэр зэрыщыжаIэнур.

ЕкIуэкI хабзэ Iуэхугъуэхэм иджыри къыхалъхьэну хуейхэм, щIалэгъуалэм шыIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ яхэлъу мы махуэм зэрыхэтыпхъэм теухуауэ къэпсэлъащ зэIущIэм кърихьэлIа дэтхэнэ зыри.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

амирэ. 

Related posts

Leave a Comment