Новости

ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ

2016 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 25-м Налшык къалэ щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Хамэ къэралхэмрэ хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэмрэ щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэм нэмыщI, абы хэтащ ДАХ-м дэлажьэ Нэхъыжьхэм я советым и лIыкIуэхэу Нэхущ Заурбий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Темыркъан Борис, Дзэмыхь Къасболэт сымэ, ДАХ-м и КъэпщытакIуэ гупым и унафэщI ГубэщIыкI Владимир, а гупым хэт МэшхуэфI Нэждэт, Адэмокъуэ Альберт, МэшхуэфI Хьишам сымэ.

ЗэIущIэм кърагъэблэгъат КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Битокъу Владимир, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, КъБР-м и Парламентым и депутат ЗекIурей Алим, КъБКъУ-м и япэ проректорКъэжэр Артур сымэ. ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсым хэтащ Москва  къикIа хьэщIэхэу УФ-м и Президентым ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм  и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов Вадимрэ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым  и къуэдзэ Меженько Андрейрэ.

ЗэIущIэр къызэIуихри зытепсэлъыхьыну Iуэхухэр зытеухуам къызэхуэсахэр кIэщIу щигъэгъуэзащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Сирием щыщыIэ щытыкIэмрэ абы щыщу хэкум къэзыгъэзэжахэм я псэукIэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан. Абы жиIащ СХьР-м щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Хасащхьэр щIэуэ зэрыхахар, Сирием и Парламентым адыгитI зэрыхагъэхьар.

— Зауэр, фэ зэрыфщIэщи, нэхъ кIащхъэ хъуащ, Дамаск мамырщ. Ауэ Хьэлэб деж зэхэуэ гуащIэхэр иджыри щокIуэкI. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абдеж адыгэхэри щопсэу. Иджыблагъэ адыгэ бзылъхугъэм и унэр зэтракъутащ, езыр сымаджэщым щIэлъщ, ар ди къуэш адыгэхэм я нэIэ щIэтщ, – жиIащ Бырсекъуэм. – Хъэнэсир дэсыж щIагъуэ щыIэкъым, абы къедза жылэхэри зэрызэтракъутэрэ куэд щIащ. Дэ дызыхущIэкъур зауэр гъэувыIэныр аращ, абыкIэ сэбэпышхуэ мэхъу Урысей Федерацэр. Зауэм бэлыхь хидзахэм дазэрыдэIэпыкъур дауэ жыпIэмэ, Сирием щыIэщ Урысейм и хэкуэгъухэм я зэзыгъэуIу совет, дэ, шэрджэсхэр, абы куэд щIауэ дыхэтщ. Хэкум къэзыгъэзэжыну хуейхэм папщIэ абы программэ щхьэхуэ иIэщи, мис ар ди цIыхухэм къагъэсэбэпыну дыхуейт. Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, мыбы мин бжыгъэкIэ цIыхухэр къэкIуэжынукъым, IэпэкIэ къыпхуэбжынущ нобэ гъуэгу къытеувэжыну хуейхэм я бжыгъэр. Апхуэдэ гупыж зыщI закъуэтIакъуэм дэри дыдэIэпыкъуфыну къыщIэкIынщ.

А Iуэхум теухуауэ Орфан и псалъэхэм къыпищэу къэпсэлъащ ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырс Реджаи (Тырку). Абы къыхигъэщащ Сирием икIауэ Тыркум адыгэ мини 2,5-рэ зэрыщыпсэур. Иджыри къэс абыхэм Кавказ Хасэхэм я федерацэр дэIэпыкъуащ, лэжьыгъэ къахуигъуэтащ, бынунагъуэшхуэхэм защIигъэкъуащ. Иджы Тыркум Iэпхъуэхэри нэхъ ма-  щIэ хъуащ, зауэр зэтеувыIати. «Арыншамэ, дэ тхузэфIэкIыжыртэкъым, адэкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэт ягъуэтынур. Ауэ IэщIагъэ, щIэныгъэ яIэу къэралым къыщысэбэпынухэм занщIэу лэжьыгъэ IэнатIэ къахудогъуэт. ЩIалэгъуалэ куэд Европэм макIуэ. Нэхъапэм «Тыркум дыщыпсэунщ, тыркубзэ дывгъащIэ» жызыIэхэр нэхъыбэу щытамэ, иджы Хэкум къыхуеплъэкIхэр мащIэкъым. Дыкъежьэжа щыхъуакIэ, ди адэжь хэку дыкIуэжамэ, ди анэдэлъхубзэр зэдгъэщIэжамэ нэхъыфIт жызыIэхэм дадэIэпыкъуфамэ хъарзынэт», – жиIащ Реджаи.

 Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Сирием къикIыжу къэкIуэжар зэрынэхъ мащIэр, абыхэм зэрахузэфIэкIкIэ зэрызыщIагъэкъуар жиIащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Аслъэн Алий (КъШР). Абы къыхигъэщащ Шэрджэс Хасэм и унафэщIхэр КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид иджыблагъэ зэрыхуэзар. А зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Сирием къикIыж адыгэхэми. Республикэ Iэтащхьэм ди лъэпкъэгъухэр къигъэгугъащ къэкIуэжхэм я Iуэхур сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ псынщIэ щIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну.

— ШыщхьэуIум и 1-м, Къэзыгъэзэжахэм я махуэм, СХьР-м къикIыжахэм папщIэ псапащIэ марафон къызэдгъэпэщыну тфIэигъуэу къыхэтлъхьати, ди Iэтащхьэм къыддиIыгъащи, IуэхуфI кърикIуэну си гугъэщ, – пищащ  Аслъэн Алий.

Адыгей Хасэм къыбгъэдэкIыу ГъэзэщIакIуэ гупым хэт ЦIыкIушэ Аслъэн тепсэлъыхьащ Махуэхьэблэрэ Банэхэсрэ дэтIысхьа ди лъэпкъэгъухэм унэхэр зэрыратам, абыхэм я щIэблэр сабий гъэсапIэхэм, курыт школхэм зэрыкIуэм, сабий зэчиифIэхэр зэпеуэхэм, фестивалхэм хэтыф, уеблэмэ пашэ щыхъуф зэрыхъуам.

Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ Сирием къикIыж ди къуэшхэм теухуа лэжьыгъэр зэрызэпымыуар, къэкIуэжыну гупыж зыщIхэм, къэIэпхъуэжауэ хэкужьым щыпсэухэри я нэIэ зэрыщIэтыр, адэжь лъахэм зи гупэ къыхуэзыгъазэ дэтхэнэми я Iэ къызыпекIуэкI псори зэрыхуащIэнур.

ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр хамэ къэрал щыпсэухэм зэрадэлажьэм щытепсэлъыхьым, нэгъуэщI къэралхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ. Бырс Реджаи къыхигъэщащ хэхэс адыгэхэм хэкур фIыуэ ялъагъун, я бзэм, я хабзэм пщIэ хуащIу псэун папщIэ зыплъыхьакIуэ лъахэм къэкIуэж балигъхэм нэмыщI, ныбжьыщIэхэр гуп-гупурэ къегъэблэгъэн зэрыхуейр.

— Ахэр хэкум зэ къакIуэрэ зыщаплъыхьмэ, я анэдэлъхубзэр щызэхахмэ, езым хуэдэ цIыкIухэм хабзэр зэрызэрахьэр ялъагъумэ, куэдкIэ нэхъ къыхуеIэну къытщохъу, – жиIащ Бырсым. – ИужькIэ къыдэкIуэтеймэ, мыбы щеджэну, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтыну хуейщ, унагъуи щыхъужынри хэлъщ. Дэр-дэру адыгэ Iуэху зетхуэкIэ, ди лъэпкъыр хъума зэрыхъунум дытепсэлъыхькIэ, ар хъума хъунукъым. АтIэ дэ тщIэр ди сабийхэм ябгъэдэтлъхьэн хуейщ. КъызыхэкIамрэ зищIысымрэ ящIэу къэдгъэхъумэ, я щхьэ Iуэхум къыдэкIуэу, лъэпкъ Iуэху зэрахуэу къызэрытэджынум шэч хэлъкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэр сэбэпышхуэщ, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм къэкIуэным, еджапIэхэм щIэгъэтIысхьэным хъарзынэу йогугъу. ДяпэкIи хэку тхьэмадэхэр я дэIэпыкъуэгъуу а Iуэхум нэхъри зрагъэубгъумэ, мыхьэнэшхуэ иIэнущ.

Израилым щылажьэ Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу ГъэзэщIакIуэ гупым  хэт Тхьэухъуэ Зухьер жиIащ Израилым и унафэщIхэм абы ис адыгэхэм гулъытэ къыхуащIу, журтхэм ягурыIуэу хъарзынэу зэрыщыпсэур. Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ дэс адыгэхэм я бзэр зэращIэр, зэраджыр, я щэнхабзэр яхъумэну хущIэкъуу къызэрыгъуэгурыкIуэр къыхигъэщащ къэпсалъэм. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIым и щыхьэту, Зухьер къыхигъэщащ дызыхуэкIуэ мазэм Адыгэ щэнхабзэм и фестиваль Кфар-Камэ зэрыщызэхашэр, абы «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблри зэрырагъэблэгъар. «Гъэ къэс едгъэкIуэкI апхуэдэ фестивалхэм Израилым ис журти хьэрыпи (цIыху мини 4 хуэдиз) кърохьэлIэри, яфIэтелъыджэу къытхоплъэ. Мы гъэми дыхуейщ ар екIуу къызэдгъэпэщыну», – иухащ и псалъэр Тхьэухъуэм.

ДАХ-м и мурадхэм щытепсэлъыхьым, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ Адыгэхэм я дунейпсо махуэр 2016  гъэм фокIадэм и 20-м иджы ещанэу зэрагъэлъэпIэнур. Абы теухуауэ  ДАХ-м и мурадхэр республикэ Iэтащхьэм къызэрыдиIыгъыр, адыгэ щыпсэу адрей хэгъуэгухэми я унафэщIхэм зыхуагъазэу, а махуэр къащтэнымкIэ епсэлъэну зэрагугъэр. «А махуэр лъэпкъым и хабзэр, нэмысыр, и фащэр, шыгъупIастэр, хьэщIэ егъэблэгъэкIэр зыгъэлъагъуэу щрет. Сабийми, ныбжьыщIэми, балигъми, жьыщхьэ махуэхэми я щхьэр яIэту, я гур щыхэхъуэ махуэ лъапIэу илъэс куэдкIэ къыддекIуэкIынущ ар», – пищащ Сэхъурокъуэм.

ГъэзэщIакIуэ гупым Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зы адыгэ алыфбей зэхэлъхьэнымкIэ, адыгэ псэкупсэ щIэиныр хъумэнымрэ щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ, адыгэ тхыдэр зэхуэхьэсауэ къыдэгъэкIынымкIэ и комитетым къыхилъхьащ а махуэм ирихьэлIэу «Адыгэм и блэкIамрэ иджырей дунеймрэ» зи фIэщыгъэцIэ щIэныгъэ-практикэ конференц къызэрагъэпэщыну, бзэм теухуауэ Табыщ Мурат игъэхьэзыра тхыгъэр КъБР-м къыщыдэкI «Iуащхьэмахуэ» журналым и гъусэу Адыгейм къыщыдэкI «Зэныбжьэгъугъэ» журналым къытрегъэдзэныр зэрафIэигъуэр.

КъищынэмыщIауэ, Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур Адыгэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу зэрагъэлъэпIэнур. А гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хуагъэхьэзыр Iуэхухэм хэлъхьэжыпхъэхэр яубзыхури, Iэ яIэтащ.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и Советым хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхилъхьащ Адыгэхэм я гуфIэгъуэ махуэм ирихьэлIэу  ДАХ-м и саугъэт нэхъыщхьэмкIэ зыхуэфащэхэр гъэлъэпIэныр. Ар къызэхуэсахэм къыдаIыгъри, абы и лъэныкъуэкIэ лэжьэну гупыр хахащ, Нэхущ Заурбий и унафэщIу.

ХьэщIэхэм псалъэ щратым, УФ-м  и Президентым ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов Вадимрэ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Меженько Андрейрэ жаIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр Iулыдж зиIэ лэжьэгъуу къызэралъытэр, ар лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и джэлэсу зэрыщытыр, къэрал куэдым ипхъауэ псэу адыгэхэр и нэIэ щIэту щIыналъэ куэд зэрызэпищIэр.

Хэхэс адыгэхэм я щIалэгъуалэр Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Бырсекъуэ Орфан. А Iуэхур дяпэкIи зыхуей хуэзэу егъэкIуэкIынымкIэ ДАХ-р Россотрудничествэмрэ къэралхэм щыIэ посольствэхэмрэ дэлэжьэныр зэрытэмэмыр къыхигъэщащ.

Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я щIэблэмрэ щIалэгъуалэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар крайм   я сабий зыгъэпсэхупIэхэм къегъэблэгъэным теухуауэ зэпсэлъащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Битокъу Владимир жиIащ ДАХ-м IуэхуфI куэдкIэ зэрыщыгугъыр, хэкум, лъэпкъым теухуауэ къаIэт сыт хуэдэ Iуэхури КъБР-м и унафэщIхэм зэрыдаIыгъыр, щIыпIэ куэдым ипхъа шэрджэсхэм я хабзэр, бзэр, щэнхабзэр хъума хъунымкIэ Хасэм иIэ мыхьэнэр зэрыиныр.

НэщIэпыджэ  Замирэ.

Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ.

Related posts

Leave a Comment