Сэхъурокъуэ Хьэутий: Мылъку къэлэжьыным емыпха жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щыIэныр зэманым къигъэув къалэнхэм ящыщщ
Мылъку къэлэжьыным емыпха жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм гулъытэ хуащI хъуащ. Апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэм жылагъуэм зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр дуней псом щащIэ икIи къыщагъэсэбэп. Ди къэралми и гупэр апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм къахуигъэзащ, купщIафIэу зэрызэдэлэжьэным хущIокъу. Абы и щыхьэтщ УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм хабзэ хъуауэ гъэ къэс иригъэкIуэкI зэIущIэр. Абы къыщызэхуос мылъку къэлэжьыным емыпха жылагъуэ зэгухьэныгъэу ди къэралым щыIэхэм я лIыкIуэхэр. Мыгъэрей зи чэзу зэIущIэм ирагъэблэгъат ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Зэхуэсыр зэрекIуэкIам, абы щыжаIахэмрэ езым къыщипсэлъахэмрэ я гугъу едгъэщIыну зыхуэдгъэзащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
— Мылъку къэлэжьыным пымыщIа жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм «къару щабэкIэ» йоджэ, апхуэдэ зэгухьэныгъэхэм я зэфIэкIыр щхьэхуещагъэкIэ къыщагъэсэбэпи къызэрыхъум щхьэкIэ. Къэпщытэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм наIуэ къащIат мылъку къэлэжьыным емыпха жылагъуэ зэгухьэныгъэу Урысейм щыIэ куэд хамэ къэралхэм я Iуэху дэгъэкIыным зэрыхуэлажьэр. Апхуэдэхэр къыхэмыкIынуи Iэмал иIэкъым, хамэ къэралхэм къикI мылъкукIэ лажьэхэм ахъшэр къезытым жаIэр ящIэн хуей мэхъури. Мыдрей лъэныкъуэмкIэ укъыщеплъмэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр къэралым и дежкIэ хэкIыпIэфIщ дунейм къыщекIуэкI Iуэхухэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ цIыхубэр зэрыхущытыр кърипщIэну. Абыхэм я еплъыкIэхэр къэралым кърагъащIэ, жылагъуэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ нэхъ купщIафIэу зэдэлэжьэн хуэдэу.
А псом къыхэкIыу апхуэдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къэралыр хуосакъ, зэрылажьэ мылъкур къыздикIми кIэлъоплъ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэр лэжьэну хуит зыщI тхылъыр къратынукъым, и мылъкур хамэ къэрал къикIмэ, зи Iуэхур зэрихуэнур гурыIуэгъуэу къимыгъэлъагъуэмэ.
А лъэныкъуэмкIэ ДАХ-м укъеплъмэ, пэжщ, дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэщ, дызэрылажьэ мылъкури хамэ къэралхэм щыIэу ди Хасэм къызэщIиубыдэ зэгухьэныгъэхэм къат хэтыпщIэрщ. Ауэ дэ дыщыIэщ, дыщыIэну хуит дыкъэзыщI документри диIэщ, ди Iуэхухэри къыддаIыгъщ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр къэунэхунми щыIэнми лъабжьэ хуэхъуар къызэрымыкIуэу, адрей псоми емыщхьу зэрыщытым къыхэкIкIэ. Ди лъэпкъым и нэхъыбэр хамэ къэралхэм щыIэщ, ахэр зэкъуигъэувэу, я хабзэ, щэнхабзэ зэрахъумэным хуэлажьэу диIэр ДАХ-м и закъуэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, хамэ къэрал щыIэ ди лъэпкъэгъухэм дадэлэжьэныр къытпаубыд хъунукъым.
Иджыблагъэ екIуэкIа зэIущIэм и гугъу пщIымэ, мылъку къэлэжьыным пымыщIа жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэм Лавров Сергей абы и пэкIи мызэ-мытIэу яхуэзащ. Мы иджырей зэхуэсыгъуэм дэри драгъэблэгъащ. ДыщIрагъэблэгъами щхьэусыгъуэхэр иIэщ, шэч хэмылъу. Абыхэм ящыщ зыщ нобэрей гъащIэм адыгэхэм къытхуигъэув упщIэхэмрэ ахэр зэфIэхыным дызэрыбгъэдыхьэ щIыкIэхэмрэ.
Дэ а зэхуэсым Iэмал къыдитащ адыгэм ди Iуэхур апхуэдэу щIэхъуар иджыри зэ утыку къитхьэну. Мы лъэхъэнэми адыгэ лъэпкъыр аргуэру гъэунэхупIэ диуващ. ДыщIиувар сыт жыпIэмэ, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэр 53-рэ мэхъури, абы ящыщ дэтхэнэ зыри адыгэхэм къазэрыхущытыр зэхуэдэкъым икIи абыкIэ зыри пхуэгъэкъуэншэнукъым. Дызэбгрыдза щIэхъуар адыгэм ди мыгъуагъэщ, ди щхьэ кърикIуа насыпыншагъэщ. Нэхъапэм, къэралыр зэхуэщIауэ, къэрал гъунапкъэхэмкIэ зэпэщIэха зэлъэпкъэгъухэр дызэрымыцIыхуу, дызэрымыщIэу дыщыщытам щыгъуэ, адыгэхэм къызэрытхущытамрэ иджы къызэрыдэплъымрэ зэхуэдэжкъым. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэр дызэкIэлъыкIуэн щIэддза иужькIэ, нэхъыбэ къэтщIащ, дэ ттеухуауи адрейхэм нэхъыбэ къащIащ. Ар къэзыгъэсэбэпыну хуей жагъуэгъухэри зыщIыпIи кIуакъым.
Псалъэм папщIэ, адыгэхэр нэхъыбэ дыдэу щыпсэу Тыркумрэ абыхэм я адэжь лъахэр зыхиубыдэ Урысей къэралыгъуэмрэ яку къыдэхъуа къаугъэхэм ди Iуэхур нэхъ хьэлъэ ящIащ. Къэралышхуэхэм я зэхуаку зыгуэр къыщыхъумэ, хилъафэр лъэпкъ цIыкIухэрщ. Лъэпкъым и нэхъыбэр абы щыIэщ, лъэпкъым и хэкур мыбы щыIэщ. Аращи, къэралитIыр зэрызэщыIеяр къэзыгъэсэбэпхэм IэмалыфIу къалъытэхэм ящыщщ адыгэ Iуэхур. Адыгэхэр къызэщIэбгъэплъэну тыншщ, илъэси 150-м щIигъуауэ я гум телъ уIэгъэм уеIусэмэ, зэфIэкIащ. Адыгэхэр къэгъэсэбэпыгъуафIэщ, нэгъуэщIхэр я щхьэм иралъыту, хамэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуныр я лъым хэлъщи. Хамэ къэрал адыгэхэр Урысейм къыпэщIэбгъэувэнми гугъуехьышхуэ пылъкъым, зыщIапIыкIыр Хэкур ябгынэным щхьэусыгъуэ хуэхъуахэращи. Ар къагъэсэбэпу нэхъри зэпэIэщIэ дызэрыхъуным хущIокъу Урысейм и бийхэри, адыгэ лъэпкъым и бийхэри.
Мис а псом къыхэкIыу ди лъэпкъыр аргуэру гугъуехьхэм хэхуащи, ахэр акъылрэ Iущагърэ хэлъу къызэднэкIыфын, блэкIари къэкIуэнури зэпэтшэчу Iуэхум дыбгъэдыхьэн хуейщ.
Абы и хэкIыпIэу слъагъухэм ящыщу зэIущIэм щыжысIащ дунейпсо адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ Урысейм и къэрал къулыкъущIэхэмрэ дахэу зэрызэдэлажьэм и щапхъэр къэдгъэсэбэп зэрыхъунур. Псалъэм папщIэ, Сочэ щекIуэкIа Олимпиадэм зыщыхуагъэхьэзырым, псалъэмакъыу къекIуэкIар зыхуэдизыр фощIэж. Ауэ абы щыгъуэм Iуэхур зэтеуIэфIэжынми дахэу зэфIэхынми Урысейм и къэрал лIыщхьэхэри ДАХ-ри хэлэжьыхьащ. ЛъэныкъуитIри купщIафIэу зэрызэдэлэжьам и щыхьэтщ хамэ къэрал щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр, цIыхубэм дзыхь зыхуищI, ди лъэпкъэгъу жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр (псори зэхэту цIыху 60-м нэблагъэ) Урысейм кърагъэблагъэу Олимпиадэр щекIуэкIыну щIыпIэм къедза адыгэ къуажэхэм зэрыщагъэхьэщIар, Олимпиадэр къызэзыгъэпэщхэмрэ УФ-м и къэрал лIыщхьэхэм ящыщхэмрэ Сочэ деж «Фыкъеблэгъэж фи адэжь лъахэм!» – жаIэу къазэрыщыIущIар, дахэу къазэрепсэлъар. Абы къыдэкIуэу игу къэзгъэкIыжащ езы Сергей Викторовичи Олимпиадэм щыгъуэ Адыгэ унэм къытхуеблэгъауэ, ди спортсменхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, лъэпкъым къытхэкIа нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэм яхуэзауэ зэрыщытари.
Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-м щIигъуащ. Абы лъандэрэ мызэ-мытIэу захъуэжащ къэрал ухуэкIэми, цIыху зэхущытыкIэми, псэукIэми. Урысейм щыпсэу адрей лъэпкъхэм яхуэдэу, адыгэми зыужьыныгъэ дгъуэтащ, къэралым дыхуэпэжащ, дыхуэлэжьащ, ди нэхъыжьхэр зауэшхуэм щхьэмыгъазэу хэтащ. Ди къэралми куэд къытхуищIащ адыгэхэр щыпсэу щIыналъэхэм ди бзэр, ди хабзэр, ди щэнхабзэр щызетхьэн, къэралыгъуэ дыщиIэн папщIэ.
Иджы ар къагурыIуэну дыхуейщ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Пэжщ, нэхъыбэм къагуроIуэ икIи: «Адэжь лъахэри, ди анэдэлъхубзэри, хабзэри тхуэзыхъумар хэкурыс адыгэхэращ», – жаIэ зэпытщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Урысейм къебийхэм зи акъылыр ягъэутхъуа куэди яхэтщ абыхэм. Ди къуэшхэм къагурыIуэну дыхуейт Урысейр адыгэхэм къызэрытхуэмыIейри, гугъу дызэрыримыгъэхьри, адрей лъэпкъыу мыбы щыпсэухэм яхуищIэм хуэдиз дэри къызэрытлъигъэсри. Сыти жыIи, къэралыгъуэ яIэу адыгэхэр щыпсэур Урысейм и закъуэщ, ди бзэр къэралыбзэщ, хуитыныгъэхэри диIэщ. А псом дэщIыгъужыпхъэщ Урыс-Кавказ зауэм и Iэужьыр нобэрей урысхэм я деж дэ зэрыщыдмылъагъур, ахэр зыкIи зэрыдмыгъэкъуаншэр.
Ди лъэпкъэгъухэм (ар хэкурысхэми хэхэсхэми яхуэгъэзауэ жызоIэ) къагурыIуэн хуейщ Урысейм шынагъэкIэ зыри къызэрыпумыхыфынур. Дяпэ итахэми ар къазэремыхъулIар. Ауэ къэрал хабзэхэм япкъ иткIэ удэлажьэмэ, Хэкум къэкIуэжыну хуейхэм уадэIэпыкъуфынущ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэри пхуегъэфIэкIуэнущ.
УФ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей дыщыIущIам, дыкъызэрырагъэблэгъамкIэ фIыщIэ зэрыхуэсщIым къыдэкIуэу, сэ жысIащ мылъку къэлэжьыным емыпха жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэлэжьын Iуэху куэд нобэ ди къэралым зэрилъыр, апхуэдэ зэгухьэныгъэхэр щыIэныр зэманым къигъэув къалэнхэм ящыщ зэрыхъуар. Урысейм и цIэр фIыкIэ хамэ къэралхэм щыжаIэнымкIэ зи гугъу тщIы жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм куэд зэрахузэфIэкIынури, Дунейпсо Адыгэ Хасэр апхуэдэ зэфIэкI зиIэхэм зэращыщри къыхэзгъэщащ.
ЖысIащ ди лъэпкъым и нэхъыбэр хамэ къэралхэм зэрыщыIэр, абыкIэ зыгуэр къыщыщыхъукIэ, дил зэрыузыр, езыхэми я плъапIэр адэжь лъахэращи, мыбыкIэ зыгуэр къэхъумэ, къыттемыгузэвыхьыну Iэмал зэримыIэр.
«Сергей Викторович, мыбдеж нобэ щыжаIэхэм ещхьу, дэри дызыгъэпIейтей Iуэху, дызэлэжьын хуей куэд диIэщ. Ди гуапэт, нобэ дызэрызэхуэзам хуэдэу, зым жиIэр адрейм зэхихыу нэхъыбэрэ дызэпсэлъэну, ди Iуэхурэ ди гукъеуэкIэ дызэрыщIэу дызэдэлэжьэну, – жысIащ. – Сэ сызитхьэмадэ дунейпсо адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрыунэхурэ иджыблагъэ илъэс 25-рэ ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу лъэпкъым пщIэ зыхуащI нэхъыжьыфI куэд лэжьащ ДАХ-м и Iуэху зэрагъакIуэу. Дэ дызытелажьэр ди Уставым IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ: ди лъэпкъ хабзэмрэ бзэмрэ хъумэн, егъэфIэкIуэн, лъэпкъыр зэпызыщIэ, тхыдэр зэхуэзыхьэсыж щIэныгъэ-щэнхабзэ Iуэхухэр зэфIэхын, лъэпкъым и цIыху пажэхэр къыдэкIуэтей ди щIэблэм яцIыхуу къэгъэхъун, нэгъуэщI куэди. Ауэ ди Уставым зыщIыпIэ дежи иткъым дэ политикэ Iуэху зетхуэн мурад диIэу, уеблэмэ, цIыхухэр, лъэпкъхэр, къэралхэр зэпэщIэзыгъэувэнкIэ хъуну псоми защыдодзей.
Адыгэхэм я нэхъыбэр, фэ зэрыфщIэщи, хамэ къэралхэм исщ, Урысейм и щIыдэлъху лъэпкъыу щыт пэтми. Ахэр щыпсэу къэралхэр Урысейм къызэрыхущытым елъытауэ, ди лъэпкъэгъухэр ди къэралым жагъуэгъу къыхуащI. Дэ ди къалэн нэхъыщхьэхэм хыдолъытэ ахэр Урысейм къызэрыхущытыр нэхъыфI тщIын хуейуэ. ДАХ-р щызэхэтшэм ди мурадари аращ: ди лъэпкъыр зэкъуэдгъэувэжу ди къэралым ифI зыхэлъым делэжьыну, Iей дигу зэримылъыр псоми нэрылъагъу ящытщIыну.
Хэкум къагъэзэжын мурад зиIэхэм ди Iэр яхуэтшиифмэ, къэкIуэжыфыр къэкIуэжынщ. КъэкIуэжыну хуейхэм я бжыгъэ наIуэ нобэкIэ щыIэкъым, ауэ абы епха гукъеуэрэ гужьгъэжьрэ ди лъэпкъэгъухэм зэраIэр ящIэри, хамэ къэрал политикхэу Урысейм къеныкъуэкъухэр абы «ироджэгу». Мис абыкIэ дэ дыарэзыкъым, зыми зыкъедгъэгъэсэбэпынуи дыхуейкъым. Аращ ди лъэпкъэгъухэр (хэхэсхэри хэкурысхэри) къызыхуедджэр. Тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, жагъуэгъухэм адыгэхэр куэдрэ къагъэсэбэпащ, гъэпцIагъэкIэ тхыдэм и ныджэм зэкъым, тIэукъым къызэрытранар. АфIэкIа апхуэдэ къэдгъэхъу хъужынукъым. Мис абы папщIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ дызэкъуэувэу дызэдэлэжьэн хуейщ.
Апхуэдэ зэпыщIэныгъэфIхэмкIэ щапхъэщ адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу къэралыгъуэхэм ящыщу Иорданиер. Дэри къыддолажьэ, езым я цIыхуми ядолажьэ, Адыгэ ФIыщIэ Хасэу абы щыIэхэм къэрал гулъытэ ягъуэт, ди къэралми дахэу къыхущытщ, абы щыпсэу адыгэхэр зыхэс лъэпкъхэми яхуэпэжщ, пащтыхьым и щхьэхъумэу щытын дзыхьыр щIыхь пылъу ирахьэкI, къэрал къулыкъушхуэхэр зэрахьэу къогъуэгурыкIуэ».
Сыкъыщыпсалъэм сэ апхуэдэу къыхэзгъэщащ адыгэхэр Урысейм дызэрыкъуэувэрэ илъэс 500-м зэрынэблэгъар, абы лъандэри ди псалъэм дыщепцIыжа къызэрымыхъуар, Урысейр къэралыгъуэ лъэщ хъун щхьэкIэ ди лъэпкъым куэд зэрищIар. Ноби Урысейм ифI зыхэлъырщ дызыхуэлажьэр, сыту жыпIэмэ, аращ адыгэхэм ди хэкури, ди хабзэри, ди бзэри, ди къэралыгъуэри, ди хуитыныгъэри къэзыхъумэр. Ар дэ псоми фIы дыдэу къыдгуроIуэ, икIи Урысей къэралыгъуэм дыкъыщхьэщыжыныр ди къалэну добж. Хамэ къэрал щыIэ ди къуэшхэми ар къазэрыгурыдгъэIуэным дыхущIэкъунущ. Абы папщIэ абыхэм нэхъыбэрэ дахуэзэфу, депсэлъэфу, къэкIуэжынухэми Хэкум лъагъунлъагъу къэкIуэн гурылъ зиIэхэми дадэIэпыкъуфу дыщытын хуейщ.
Иджырей дунейм Iэпхъуэшапхъуэр куэд щыхъуащ. Мыбдеж щыпсэу адыгэхэри нэгъуэщI щIыпIэ мэIэпхъуэ, еджакIуэ, лэжьакIуэ макIуэ. Ди щIыпIэми нэгъуэщI цIыхухэр къотIысхьэ. Ар цIыхум япэбубыдыфынукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, мыбы къакIуэхэм ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу яхэтыну тфIэфIт. Абы теухуауэ 1994 гъэм къащтауэ щыта законыр, ди жагъуэ зэрыхъущи, къытхуэгъэсэбэпакъым. Ари псалъитI-щыкIэ къыщыхэзгъэщащ а зэIущIэм: тхыдэм къытхуихьат апхуэдэ насып – хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм паспортитI зэрахьэну Урысейм хуит ищIат, ауэ ди къэралыр абы щыгъуэ зэIумыбзу зэрыщытам адыгэхэр тригъэгушхуакъым а Iэмалыр къагъэсэбэпыну. Нобэ абыкIэ дэ Урысейр дгъэкъуаншэркъым, ауэ къэмыкIуэжыфа ди лъэпкъэгъухэри къуаншэу тхужыIэнукъым.
«Адыгэхэр щыпсэу дэтхэнэ къэралми Урысей Федерацэм и посольствэхэр, консульствэхэр щыIэщ, ахэр щIэгъэкъуэн къэтщIынымкIэ, ди зэпыщIэныгъэхэр ефIэкIуэнымкIэ фыкъыддэIэпыкъуну, ди лъэпкъэгъухэм чэнджэщэгъу къахуэхъуну ди гуапэт. ДыныволъэIу абы и IуэхукIэ гулъытэ нэхъыбэ къытхуэфщIыну», – щыжысIащ зэIущIэм.
Министр Лавров гупсэхуу къызэрызэдэIуари, зи гугъу сщIыхэр гунэс зэрыщыхъури къызигъащIэу къызэпсэлъэжащ.
«Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэ иджы япэу къытхыхьэу аращи, си гуапэщ ди зэIущIэм фыкъызэреблэгъар, – жиIащ Лавров Сергей сэ зыкъысхуигъазэри. – Фи Iуэху еплъыкIэ къэтщIэну, фызэдгъэцIыхуну тфIэфIу фыкъедгъэблэгъащ. ДяпэкIи фыкъытхыхьэну, Iуэху нэхъыбэкIэ дызэрыщIэну дыхуейщ, фэ утыку къифхьэ къалэнхэмрэ абыхэм я зэфIэхыкIэу къэфлъытэмрэ адрей жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэми зэхахын, щапхъэ яхуэхъун хуэдэу.
Фыкъыдогъэгугъэ зэрызыкъытхуэвгъэза Iуэхум гулъытэ хуэтщIыну, Урысейм и лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щыIэ ди посольствэхэмрэ консульствэхэмрэ хъыбар щхьэхуэу едгъэщIэну, зыкъыхуэзыгъазэхэм яхузэфIэкIымкIэ зыщIагъэкъуэну, хабзэм тету ядэлэжьэну».
Си гуапэу къыхэзгъэщыну сыхуейт ДАХ-р къызэрыунэхурэ илъэс 25-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ едгъэкIуэкIыну зэхыхьэмрэ Адыгэ махуэмрэ хэтыну къыщедгъэблагъэм, Лавров Сергей абыхэм зыкъригъэхьэлIэну дыкъызэригъэгугъар. КъищынэмыщIауэ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыгъуэм дэ къедгъэблэгъащ МИД-м и лэжьакIуэхэмрэ мылъку къэлэжьыным пымыщIа жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэмрэ, Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондым и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Ныбэжь Таисэ