Новости

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я лъэпкъ махуэшхуэ

Нобэ адыгэхэм (шэрджэсхэм) я лъэпкъ махуэшхуэр щагъэлъэпIэ КъБР-м и районхэмрэ къуажэхэмрэ.

Махуэшхуэм кърихьэлIащ  адыгэ щыпсэу гъунэгъу хэгъуэгухэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Нидерландым,  Израилым, Европэм, нэгъуэщ1 щ1ып1эхэм къик1а хьэщ1эхэмрэ л1ык1уэхэмрэ.

Ди лъэпкъэгъу лъэп1эхэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэмрэ Гъэзэщ1ак1уэ гупымрэ хэтхэм къабгъэдэк1ыуи си щхьэк1и гуапэу сывохъуэхъу Адыгэхэм (шэрджэсхэм) ди махуэ  лъап1эмк1э!

Бзэр, лъэпкъ культурэр хъумэным, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIэным  хэфлъхьэ гуащIэдэкIыр нэхъ ин хъуну, ехъулIэныгъэшхуэхэр фиIэну, фи лэжьыгъэм и хъер флъагъуну Тхьэм жиIэ!

Узыншагъэ, насып, мамырыгъэ, фIыгъуэ фиIэну!

 

 

Related posts

Leave a Comment