Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр щIэзыгъэбыдэхэр
Ставрополь крайм щыпсэу мэздэгу адыгэхэм илъэс еханэ хъуауэ лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, гъуазджэр, хабзэр и лъабжьэу къыщызэрагъэпэщ фестивалыр щэкIуэгъуэм и 3-м Серноводскэ къуажэм щекIуэкIащ. Мэздэгу адыгэхэм къахэкIа лIы ахъырзэман, щалъхуа щIыналъэми Къэбэрдей-Балъкъэрми пщIэшхуэ щызиIа Тыркуин Анатолэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щекIуэкIащ а зэхыхьэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм, Ставрополь крайм лъэпкъхэм, къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм зэгъусэу къызэрагъэпэща «Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр лIэщIыгъуэхэм пхытхыфынщ» фIэщыгъэм щIэт фестивалыр лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зэманым зэрыщIигъэбыдэм и щыхьэтт.
Курск муниципальнэ щIына лъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Чербан Юрий фIэхъус псалъэкIэ къызэIуихащ фестивалыр.
— Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу фестиваль гъэщIэгъуэн ди щIыналъэм зэрыщекIуэкIыр хуабжьу си гуапэщ. Хабзэ хъуауэ мыпхуэдэ дауэдапщэхэр Курск районми щыдогъэкIуэкI. Ижь-ижьыж лъандэрэ мы щIыналъэр хабзэм, цIыхугъэм, щэнхабзэ дахэм я лъахэу къалъытэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я деж адыгэхэм увыпIэ щхьэхуэ зэрыщаубыдыр. ДяпэкIи фефIэкIуэну си гуапэщ, – жиIащ абы.
Ставрополь крайм лъэпкъхэм, къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Писаренкэ Александр жиIащ фестивалым кIуэ пэтми зэрызиубгъур, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, я зэныбжьэгъугъэр ди къэралым и лъабжьэ быдэу зэрыщытыр. Серноводскэ къуажэдэсхэм я хабзэр екIуу зэрахъумэм папщIэ фIыщIэ яхуищIри, гъэ къакIуэ фестивалыр нэхъ ину, Iэтауэ къахузэригъэпэ-щыну къигъэгугъащ.
Фестивалым хэтахэр щагъэгъуэзащ Серноводскэ къуажэм и хъыбарым.
1959 гъэм къызэрагъэпэща жылэм дэсым и нэхъыбэр адыгэщ, ахэр нобэми хущIокъу я бзэр, я хабзэр зэрахъумэным, адэжьхэм я щапхъэм тету зэрыпсэуным. Къуажэр къутыритIу зэхэтщ – Иналхьэблэрэ Азэнейрэ. Нэхъ гъэщIэгъуэнращи, муслъымэн, чристэн динхэр зэхуэдэу щызэрахьэ абы, мэжджытрэ члисэрэ дэтщ къуажэм. ДинкIэ зэтемыхуэми, къуажэдэсхэр адыгэгу зэраIэм, зы бзэ зэраIурылъым зэкъуегъэувэ.
— Мэздэгу адыгэхэр щыпсэу къуажэхэм мыпхуэдэ зэхыхьэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщызыдогъэпэщ, – жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор. – Сэ сызэреплъымкIэ, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм зегъэубгъунымкIэ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ фестивалым и къалэныр инщ. Сыщогугъ Мэздэгу адыгэхэм я щIэблэм бзэр нэхъыфIу зрагъэщIэнымкIэ, хабзэр зэрахьэнымкIэ мы фестивалыр сэбэп хъуну.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Багаев Алан.
— Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэгурыIуэу, пщIэ зэхуащIу щыпсэу щIыналъэ дахэм ис псоми ди республикэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI, дяпэкIи фефIакIуэу фыпсэуну си гуапэщ. ЩIэблэм я гъэсэныгъэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр хъумэным фызэрегугъум пщIэ лей къелэжь. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бей къэралыр ефIэкIуэну си гуапэщ, – жиIащ абы.
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гугъу ищIащ илъэс куэд щIауэ мэздэгу адыгэхэм яхуиIэ пыщIэныгъэ быдэм. Серноводскэ къуажэм дэсхэм я къуэпсхэр хамыгъэкIуэдэжу, я адэжьхэм я щэнхабзэ бейр яхъумэу, я гъунэгъу лъэпкъхэм пщIэ хуащIу, зэгурыIуэу зэрызэдэпсэум, ди къэралым Iэтауэ щагъэлъапIэ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм адыгэхэм хуащIа хэлъхьэныгъэм я гугъу ищIащ ХьэфIыцIэм. Абы ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыбгъэдэкI фIэхъусымрэ псалъэ гуапэхэмрэ къызэхуэсахэм яжриIэжащ.
ШколыщIэ къызэIуахам и библиотекэм ХьэфIыцIэм тыгъэ хуищIащ мэздэгу адыгэхэм ятеухуауэ илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыдагъэкIа газетымрэ МэшбащIэ Исхьэкъ и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсауэ том 20 хъууэ иджыблагъэ дунейм къытехьа тхылъхэмрэ.
— Ди сабийхэм я анэдэлъхубзэр ящымыгъупщэу, хабзэ яхэлъу къэдгъэтэджыныр ди хъуэпсапIэу нобэрей фестивалыр къызэдгъэпэщащ. Дэ лъэпкъ куэду дызэхэсщ, ди щIэблэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ди беягъыу къыдолъытэ. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр едгъэфIэкIуэнымрэ щхьэж и хабзэрэ и бзэрэ ихъумэжынырщ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэдгъэувыжыр. Нобэ хуэдэу, лIэщIыгъуэ бжыгъэхэр дэкIа иужькIи, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр ди щIэблэм гъуазэу яIэныр, къызыхэкIар ящIэжыныр ди хъуэпсапIэщ, – жиIащ Мэздэгу Адыгэхэм я Хасэм и тхьэмадэ Дербит (Мудар) Валерэ.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий тепсэлъыхьащ илъэс 50 и пэ мэздэгу адыгэхэм я диалектым иIэ щхьэхуэныгъэхэр ятхыну кIуауэ зэрыщытам. Абы игу къеуэу къыхигъэщащ къуажэдэсхэм я анэдэлъхубзэр мащIэ-мащIэурэ зэраIэщIэхужыр.
Къуажэм дэс школакIуэ цIыкIу-хэм артист зэфIэкI зэрабгъэдэ-лъыр наIуэ щащIащ къызэхуэсахэм, Сосрыкъуэ къызэралъхуам и хъыбарым къытращIыкIа теплъэгъуэ, къафэ зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэлъэгъуащ абыхэм. Фестивалыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэхэу Къуэныкъуейхэ Алимрэ Иринэрэ, уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Агаевэ Вероникэ, Нэгъуей Анзор сымэ, нэгъуэщIхэми.
Фестивалыр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэм щIыхь тхылъхэр иратащ. Зэхыхьэр зэхуащIыжащ адыгэ джэгукIэ.
Щомахуэ Залинэ.