Новости

Зэдэлэжьэн, зэдэ1эпыкъун – аращ лъэпкъыр къызэрыщыгугъыр

Налшык къалэ щызэхэтащ ДАХ-м и Гъэзэщ1ак1уэ гупым и зи чэзу зэ1ущ1э. Абы кърихьэл1ащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм щы1э Хасэхэм, Краснодар, Ставрополь, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр щ1ыналъэхэм щылажьэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэтхэмрэ. Зэ1ущ1эм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэщ1ым и япэ къуэдзэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI К1урашын Андзор, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ, тхак1уэ Мэшбащ1э Исхьэкъ, ДАХ-м и Къэзыпщытэ гупым хэтхэр.

Зэ1ущ1эр къыщызэ1уихым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм ягу къигъэк1ыжащ Гъэзэщ1ак1уэ гупым и иужьрей зэ1ущ1э лъандэрэ зэф1агъэк1ахэм ящыщ 1уэхугъуэхэр. Абы къыхигъэщащ  «Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщауэ Евразием хыхьэ лъэпкъхэм я ассамблеем и япэ зэхуэсышхуэ Москва щек1уэк1ам Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэри зэрырагъэблэгъар.  Къэрал 92-м я л1ык1уэу ц1ыху мини 3-м щ1игъу зыхэта 1уэхур мамырыгъэр егъэф1эк1уэным, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, зэрызэдэлажьэм зегъэужьыным, ассамблеем и мурадхэр гъащ1эм хэпща хъуным теухуауэ зэрыщытар жи1ащ Сэхъурокъуэм. Апхуэдэу тхьэмадэр лэжьыгъэ 1уэхук1э хуэзащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Белавенцев Олег. Ахэр тепсэлъыхьащ ди щ1ыналъэм мамырыгъэмрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ щыгъэбыдэным, лъэпкъ, дин зэныкъуэкъухэр къэхъункIэ Iэмал зэримыIэм. Гулъытэ хэха хуащIащ щIалэгъуалэр тэмэму гъэсэнымрэ  ахэр егъэлеиныгъэ зыпылъ Iуэхухэм дамыхьэхынымрэ теухуауэ щ1апхъэм.

Сэхъурокъуэ Хьэутий къулыкъущ1эм жри1ащ адыгэ лъэпкъыр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ абы зегъэужьынымрэ, лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр гъэбыдэныр ДАХ-м зыхуигъэувыж мурад нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Хасэм и тхьэмадэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Жылагъуэ советым зэрыхагъэхьам, абы и япэ зэ1ущ1эр зэрек1уэк1ам тепсэлъыхьыжащ. Къищынэмыщ1ауэ, ДАХ-м и 1уэхущ1ап1эм щек1уэк1а зэ1ущ1эхэр — щ1алэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщ1 ныбжьыщ1эхэр зэрызэхуишэсар, Тыркум къик1а гупыр зэрыригъэблэгъар, Адыгэ ныпым и махуэр зэрагъэлъэп1ар, Щыгъуэ-щ1эж махуэр хъарзынэу зэрек1уэк1ар къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ тхьэмадэм.

Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэтхэр япэу зытепсэлъыхьар Сирием щыпсэухэм я 1уэху зытетымрэ Урысей Федерацэм къэ1эпхъуэжахэм зэрадэ1эпыкъумрэщ. Абы теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и вице-президент Бырсекъуэ Орфан.

— Фэ зэрыфщ1эщи, Сирием щек1уэк1 зэпэщ1эувэныгъэр иджыри ужьыхакъым. Ауэ Урысейр 1уэхум зэрыхыхьэрэ, зэзауэр нэхъ к1ащхъэ хъуащ, ц1ыхухэм гугъап1эф1хэри я1эщ,  ауэ иджыри зэхэуэ щек1уэк1 щ1ып1э хэхахэр щы1эщ. Адыгэхэр зыдэса къуажэ 22-м ди лъэпкъэгъухэм иджыри ягъэзэжыфынукъым. Япэрауэ, я унэхэр якъутащ, яхъунщ1ащи ущыпсэуну гугъу хъунущ, ет1уанэрауэ, иджыри адэ-мыдэхэм къыкъоук1ри, шынагъуэншэу щыткъым. Псом нэхърэ нэхъык1эжращи, уни-лъапси дэмытыжу зэхакъута къуажэхэри яхэтщ, — жи1ащ Бырсекъуэм. —  Фэ фыщыгъуазэщ, ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр Сирие къэралым зэрик1ар. Псом хуэмыдэу щ1алэгъуалэр зэбгрок1, сыт щхьэк1э жып1эмэ, университетым илъэсищ зэрыщеджэу, армэм даш илъэситху-хык1э щы1эну. 1эпхъуэшапхъуэхэм мащ1эщ яхэтыр Урысейм къэк1уэжыну хуейуэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зэк1э Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзыгъэзэжар  унагъуэ 82-рэщ. Ахэр унэ къыхуащэхури ягъэт1ысыжащ,  абы нэмыщ1 езыр-езыру унагъуэ 19 къэ1эпхъуэжащ. Уимыгъэгуф1эу къанэркъым къуажэхэм дэт1ысхьа ди къуэшхэр гъащ1эм хъарзынэу зэрыхэзагъэм, я щхьэ зэрагъэпсэун 1эмалхэр къызэрагъуэтым, сабийхэм адыгэбзэри урысыбзэри зэрызэрагъэщ1ам, гъунэгъухэм ядэгъуэгурык1уэф зэрыхъуам, еджап1эхэми зэрехъул1эм. Пэжщ, упсэуным гугъуехь куэд пыщ1ащ. Дэ щ1эх-щ1эхыурэ дахохьэри, зыхэт гугъуехьхэр зыдогъащ1э, 1эмал зэри1эк1э дадо1эпыкъу. Ауэ зэк1э нэхъ къэзыгъэгузавэр мыбы зэрыщы1э тхылъхэм епха гугъусыгъуращ, къищынэмыщ1ауэ, медицинэ справкэ къыдэхыным сом мини 3-4 ток1уадэри ар къытохьэлъэ. Апхуэдэу дэ тхузэф1эмыгъэк1хэм ящыщщ  мы щ1ыналъэм къыщалъхуа сабийм тхылъ иратыным пыщ1а гугъуехьыр. Дигу щ1эныкъуэхэм ящыщщ КъБКъУ-р къэзыух щ1алэгъуалэм я 1уэхури, абыхэм ирамыгъэгъэзэжу мыбдеж лэжьап1э къыщыхуагъуэту щытамэ ф1ы дыдэт, псалъэм папщ1э, республикищым зы илъэсым къриубыдэу ц1ыху т1урыт1ым 1энат1э щрату.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент Бырс Реджаи жи1ащ Сирием къик1а куэдым Тырку къэралыгъуэр щхьэегъэзып1э зэрахуэхъуар, КАФФЕД-р абыхэм зэрадэ1эпыкъур, абыхэм къулейсызу псэу зэрахэмытыр. «Ауэ , сыт хуэдиз яхуэдмыщ1эми, я гур здэщы1эр хэкумк1эщ. Дэ къалэн нэхъыщхьэу ди1эр мис ахэр адэжь лъахэм къэшэжынырщ, сыт щхьэк1э жып1эмэ, илъэс 20 дэк1мэ, ди къуэшхэр тырку, хьэрып хъуныр зыхуэ1уа щы1экъым. Апхуэдэурэ ек1уэк1мэ, сэ сызэреплъымк1э, илъэс 50 дэк1мэ хэхэс адыгэр адыгэу щытыжынукъым. Гукъеуэшхуэщ ахэр хэкум къызэрыдмышэжыфыр, абы теухуа къэрал унафэ Урысейм зэрыщымы1эр. Дыщыпсэу къэралхэм дахуэлажьэурэ шхын щхьэк1э дыл1энкъым, ауэ фи ф1эщ фщ1ы, дыхэк1уэдыжынущ. Мыр ди Хасэм и зэф1эк1 къудейк1э зэрымык1уэтэнур хэт и дежк1и гуры1уэгъуэщ, аращи, хэк1ып1э дывгъэлъыхъуэ», — жи1ащ Бырсым.

Сирием къик1ыжауэ Къэрэшей-Шэрджэсым ис ц1ыху 33-м я 1уэху зы1утым тепсэлъыхьащ Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ  Аслъэн Алий.

— Ди Хасэр иджыпсту нэхъыщхьэу зыхуэнабдзэгубдзаплъэхэм ящыщщ Сирием къик1ыжа ди къуэшхэр. Абыхэм дак1элъык1уэ зэпытщ, къиин гуэр я1эмэ, сэ си щхьэк1э сыщыгъуазэщи, унафэщ1хэм захузогъазэ. Зэк1э ди хэкум щыпсэуну хуиту тхылъ зрата яхэткъым  КъШР-м къэ1эпхъуэжахэм. Ар занщ1эу тхузэф1эмык1ми, адэжь лъахэм иредгъэхуж хъунукъым.  Езыхэм уак1элъыплъмэ,  гъащ1эм хъарзынэу хозагъэ, йоджэ, мэпсэу, мэлажьэ, — жи1ащ Алий.

АР-м и Адыгэ Хасэм и л1ык1уэу Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт  Ц1ык1ушэ Аслъэн жи1ащ Сирием къик1ыжахэр  Банэхэсрэ (унэ 38-рэ) Махуэхьэблэрэ (унэ 84-рэ) зэрыщет1ысэхар.  «Ди гуапэ зэрыхъущи, зауи, бани, ефи яхэткъым. Дэтхэнэри зэрыс щ1ып1эр зэригъэдэхэным, ишхын къызэрилэжьыжыным пылъщ. Дэри, зэрытхузэф1эк1к1э, ди нэ1э ятедгъэтщ,  сабий къалъхуагъащ1эм деж щегъэжьауэ къиин гуэр къыкъуэк1мэ, защ1ыдогъакъуэ», — жи1ащ Ц1ык1ушэм.

Абы и псалъэхэм къыпищэу, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Мэшбащ1э Исхьэкъ и гуапэу жи1ащ АР-м и 1этащхьэу щыта, хьэрычэтыщ1э, псапащ1э Щэумэн Хьэзрэт Банэхэс дэт1ысхьэжа унагъуэхэм ярыс ц1ыху къэс сом мини 100 зырыз зэраритар.

— Сэ мызэ-мыт1эу сахыхьащ абыхэм, — жи1ащ Мэшбащ1эм, —  адыгэбзэри хъарзынэу зэрагъэщ1ащ, псэун 1уэху зэрахуэ. Къищынэмыщ1ауэ, СХьР-м къина ди къуэшхэми дахуэсакъын хуейщ. Сирием исхэм хъыбар едгъэщ1эну си гуапэщ. Щэумэн Хьэзрэт мурад ищ1ащ абы иджыпсту щыпсэу адыгэхэм  хущхъуэ уасэк1э защ1игъэкъуэну.

Европэм щы1э Кавказ Хасэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Дыщэк1 Эртан зэрыжи1амк1э, СХьР-м ик1ыу Германием к1уахэм я 1уэхур къэралым и нэ1э щ1этщ, я нэхъыбэм псэуп1э е ахъшэ ярет. «Ди Хасэм ищ1а фондым и ахъшэр нэхъыбэу зытедгъэк1уадэр Сирием къинахэращ. Абыхэм яхэтщ шхын зымыгъуэт. Пэжщ, иджы Германием ц1ыху 1эпхъуэшапхъуэ иригъэхьэжкъым. Абыи зыкъомым я гъуэгур зэхуищ1ащ. Гъэщ1эгъуэн сщыхъуауэ хэкуми сащыхуэзащ Германием к1уэну гупыж зи1э.  Апхуэдэ къэмыхъутэмэ, нэхъыф1т. Дэнэ к1уэ адыгэри, зэман дэк1мэ, зыхэт1ысхьахэм яхэшыпсыхьынущ, мыхэр хэкум къетшэл1эжмэ, нэхъыф1щ», — жи1ащ Эртан.

Сэхъурокъуэм жи1ащ гугъуехь хэтхэм зыщ1агъэкъуэн папщ1э иджыри къэрал, республикэ унафэщ1хэм зыхуагъэзэну зэрыхьэзырыр. «Унагъуи 100-м нэблагъэ сом мин 500 зырыз еттри, унэ къедгъэщэхуащ1, ахэр зыхуей хуэзэу т1ысыжын щхьэк1э ц1ыхухэм куэд хуащ1ащ. Ит1ани, абыхэм ящыщу унагъуи 6 Европэм к1уэжащ. Къэшэжын хуейщ, жыво1э! Къэтшэжа  нэужь псэук1э тынш къахузэдгъэпэщыфыну п1эрэ, лэжьыгъэ къахуэдгъуэтыфыну? Мис аращ гугъуехь зыхэлъыр. 1992 гъэ лъандэрэ ц1ыху мин бжыгъэ ик1ащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Сыт щхьэк1э? Лэжьыгъэ ягъуэттэкъыми. Унэ зимы1э куэд исщ ди лъахэм. Сэ гу зылъывэзгъэтэнуращи, къэк1уэжыну къаплъэм гъуэгу еттын хуейщ, ауэ псори къетшэжьэжыну къэдгъэгугъэ хъунукъым, — къыхигъэщащ ДАХ-м и тхьэмадэм.

Сэхъурокъуэм и псалъэхэм къыпищэу «Хэку» обществэм и унафэщ1 Нэк1ацэ Владимир жи1ащ къэшэжын хуейщ жыт1э щхьэк1э, къэк1уэжыну хуей куэд хэхэсэм зэрахэмытыр, хэкумк1э къемыплъэк1ыххэхэри зэрыщы1эр. «Зэкъым ди къэрал парламентархэр к1уэурэ ди къуэш хэхэсхэм зэрахуэзэр. Апхуэдэ зэ1ущ1эхэм деж къэк1уэжыну хуейуи, гугъуехь гуэрхэм хэтуи къыхагъэщыркъым.  Псалъэм къыдэк1уэу жып1эмэ, Посольствэм, Консульствэм к1уа куэд щы1э хэкум дыфшэж жа1эу? Щы1экъым апхуэдэ. Хьэмэрэ, Урысейм и нэгъуэщ1 хэгъуэгухэм ирагъэт1ысхьэнк1э зэрыхъунур сыт щхьэусыгъуэ щ1ащ1ыр? Краснодар, Ставрополь крайм сыт я лажьэр? Курской районым щыпсэукъэ мэздэгу адыгэхэр? Япэ щ1ык1э, къэк1уэжыну хуейрэ-хуэмейрэ зэхэдывгъэгъэк1и, ит1ани къэшэжыным дытевгъэпсэлъыхь», — жи1ащ Владимир.

ДАХ-м и Къэзыпщытэ гупым и тхьэмадэ Губэщ1ык1 Владимир къызэхуэсахэр къыхуриджащ  я шхын ямыгъуэту Сирием исхэм, къэк1уэжахэм яхэт хьэрычэтыншэу, хуэмащ1ауэ псэухэм  папщ1э ахъшэ зэхуахьэсыну. «Дэ ди къэралыр апхуэдэ щытык1э иткъым псори къришэл1эжыну, абы дыщывмыгъэгугъ, ар щхьэгъэпц1эжщ. Ауэ псэуну къэк1уэжхэм зэрытхузэф1эк1к1э дадэ1эпыкъунущ», — жи1ащ нэхъыжьым.

Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт Къущхьэ Надими жи1ащ къэгъэзэжын 1уэхур ДАХ-м и 1э илъу зэрыщымытыр, илъэси 150-рэ хъуауэ лъэпкъым и гуныкъуэгъушхуэр зы лъэхъэнэм зэрызэф1омыхыфынур. «Дэ нэхъыбэу дызэлэжьын хуейр дызэрызэф1эмык1уэдынырщ, хэхэсхэм я бзэр, щэнхабзэр я1эщ1эмыхунырщ, щ1алэгъуалэр хэкум щедгъэджэнырщ, сабийхэр зэк1элъэдгъэк1уэнырщ», — жи1ащ абы.

КАФФЕД-м и л1ык1уэу Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт  Мэчэр Ведат къыхигъэщащ  хэхэсхэр кърамышэл1эжми, хэкум хуитыныгъэ ща1эу щытын зэрыхуейр. Абхъазым зэрищ1ым хуэдэу, паспортыр тыншу иратмэ, хуейр щыхуей зэманым къэк1уэжу щытыныр нэхъ зэрыф1экъабылыр къыхигъэщащ Ведат.

Адэк1э къызэхуэсахэр зытепсэлъыхьар  ДАХ-мрэ КАФФЕД-мрэ я унафэщ1хэм я зэдэлэжьэк1эрщ. Абы теухуауэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жи1ащ ц1ыху щхьэхуэм и щхьэ кърик1уам щхьэк1э ДАХ-м и лэжьыгъэр къанэ зэрымыхъунур, абы теухуауэ Хьэгъундокъуэ Яшар зэрепсэлъар, КАФФЕД-м хэтхэми зэрагуры1уар.

— Илъэс 25-рэ ипэк1э къагупсыса, кърахьэжьа 1уэхущ мыр. Ди япэ ита нэхъыжьхэм яубзыхуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм дуней псом щикъухьа адыгэхэр зригъэу1уу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылэжьэн хуейуэ. Нобэ Урысей Федерацэм и хабзэщ1эхэм ипкъ итк1э,  ДАХ-м и Уставри зэдгъэзэхуэжащ, къабыл ящ1ащи, абы итыр дгъэзащ1эу дызэдэвгъэлажьэ, — жи1ащ Сэхъурокъуэм.

Мэчэр Ведатрэ Урым Баки Самиррэ жа1ащ ДАХ-м хэтхэр къызыхуэтыншэу лэжьэн хуейуэ къызэралъытэр, комитетхэм ящ1эр нэрылъагъуу щытын зэрыхуейр, КАФФЕД-м хэтхэм ягу къеуэр. Абыхэм жа1ам нэхъыщхьэу хэлъращи, КАФФЕД-р иужь иткъым ДАХ-р икъутэну, зэдэлажьэмэ нэхъ къащтэ.

Бырс Реджаи мыарэзыуэ къыхигъэщащ хъыбар кърамыгъащ1эу, адыгэ 1уэхур зэ1ащ1эу къэзык1ухьхэм унафэ тещ1ыхьын зэрыхуейр. Псалъэм къыдэк1уэу абы жи1ащ хэхэсхэм я деж адыгэбзэр латин хьэрфыпкъым тегъэхьэн хуейуэ жа1эу ди университетым и л1ык1уэхэр Тыркум зэрык1уэр,  абы зэгурымы1уэныгъэ къихьынк1э зэрыхъунум къыхэк1к1э, унафэ зэрытещ1ыхьыпхъэр. Реджаи къыхигъэщахэм ящыщщ хэкум сабийхэр ирашурэ Тыркур ирагъэлъагъун, я нэгу зрагъэужьын мурадк1э мыдрисэхэм, мэжджытхэм зэрашэр, диным и л1эужьыгъуэ гуэрхэм драгъэхьэхыну пылъ гуэрхэр зэрыщы1эр, абы хуэсакъын зэрыхуейр. Израилым къик1а л1ык1уэ Тхьэухъуэ Зухьер жи1ащ диным теук1ытыхьын, абы ныбжьыщ1эхэр пэ1эщ1э щ1ын зэрыхуэмейр, Кфар-Камэ, Рихьэние к1уэхэри  мэжджытышхуэхэм зэрашэр . «Нэгъуэщ1 1уэхущ — террорист, вахабит ящ1ыну зэлэжьхэр», — дыщ1игъуащ абы.

Жа1ахэм и жэуапу, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ  Хьэф1ыц1э Мухьэмэд зэрымыарэзыр къыхигъэщащ.

— Сэ ф1ы дыдэу сыщыгъуазэщ Тыркум зыгъэпсэхуак1уэ, зыплъыхьак1уэ яшэ сабийхэм я 1уэху зы1утым, соц1ыху ахэр езыгъэблагъэри, сощ1э я мурадхэри. Сэ Бурсэ щы1э Хасэм зэгуры1уэныгъэ есщ1ыл1эри, къэфак1уэ ансамблхэм хэт ц1ык1ухэр илъэс зыбжанэк1э згъэк1уащ, журналистхэри ящ1ыгъууу.  Фестивалхэм дахэу зэрыхэтари, зыщаплъыхьахэри, махуэ бжыгъэр зэрагъэк1уари ди журналистхэм ятхыжурэ газетми къытеддзэжащ.  Адыгейми  Къэрэшей-Шэрджэсми щыщхэр нашэри зрагъэплъыхь, ягъаф1э, адыгэ щэнхабзэр дахэу я1эту зэхэтщ! Адыгэбзэ зыщ1э, къэфэк1эм, уэрэд жы1эк1эм хуэ1эзэ защ1эщ нэдгъэк1уар. Ар Сирием, Иорданием, Европэм къик1а адыгэ щ1эблэм я гъусэу щы1эщи, сэбэпынагъ куэд къызэришэнум сэ шэч къытесхьэркъым, — жи1ащ Хьэф1ыц1эм.

Лъэныкъуит1ри зэгуры1уащ зэрымыщ1эу зэк1элъык1уэ адыгэхэм яхэтын зэрыхуэмеймк1э, езыгъэблагъэхэм я пщ1эр ебудых зэрымыхъунумк1э, щхьэж хузэф1эк1ыр ищ1эу зэдэлэжьэнымк1э.

Лъэпкъым дежк1э мыхьэнэшхуэ зи1э махуэхэр – Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 153-рэ зэрырикъум ехьэл1а дауэдапщэхэр КъБР-м, КъШР-м, АР-м зэрыщек1уэк1ам тепсэлъыхьыжащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд, Аслъэн Алий, Ц1ык1ушэ Аслъэн сымэ, апхуэдэуи Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэмрэ Адыгэшым и махуэмрэ 2017 гъэм зэрырагъэк1уэк1ынум и программэм теухуауэ я гупсысэхэр къа1уэтащ.

Нэщ1эпыджэ Замирэ.  

Related posts

Leave a Comment