Новости

Хъуэхъу псалъэ

ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъу лъапIэхэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ,  си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу НэщIикIыж махуэ лъапIэмкIэ  си гуапэу сывохъуэхъу.

Муслъымэну дунейм тетым нобэ ягъэлъапIэ НэщIикIыж гьидыр. Узыншагъэ быдэ фиIэу, гуфIэгъуэр фи куэду, дэрэжэгъуэмрэ гукъыдэжымрэ фи Iэпэгъуу, фызыпэрыт лэжьыгъэм и хъер флъагъуу, къефхьэжьэ сыт хуэдэ Iуэху­ми ехъулIэныгъэ фыщиIэу,  фи мурадхэр къывэ­хъу­лIэу Тхьэм фигъэпсэу.

 ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыгъуэкIэ нэсын  лъэпкъ Тхьэм дищI!

ПщIэ къыфхуэзыщI,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment