Новости

Темыркъан Юрий деж

ПщIэ зыхуэтщI Темыркъан Юрий!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу сынохъуэхъу Урысей Федерацэм литературэмрэ гъуазджэмкIэ и Къэрал саугъэтыр къызэрыпхуагъэфэщам папщIэ.
Нобэ дэни щыпсэу адыгэхэр хуабжьу щогуфIыкI икIи ирогушхуэ уи лэжьыгъэм пщIэ лъагэ къызэрыхуащIам.
ДяпэкIи узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ уиIэну, творческэ лэжьыгъэм лъэгапlэщlэхэр щызыlэрыбгъэхьэну Тхьэм жиIэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment