Новости

Бзэм  нэхъ  тегъэщIауэ

  Мэкъуауэгъуэм и 30-м Анкара (Тырку) пэгъунэгъу Нарткъалэ адыгэ жылэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр щекIуэкIащ. Абы хэтащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр.

 Зэхыхьэм ипэ къихуэу Хасащхьэм хэтхэр щыIащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэ, абы и япэ президент Ататюрк и мавзолейм икIи протоколым тету, КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшаррэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ удз гъэгъа Iэрамэр тралъхьащ Ататюрк и кхъащхьэм, итIанэ мавзолейм зыщаплъыхьащ.

ЗэIущIэм Iуэхуи 10-м щIигъум щыхэплъащ. Абыхэм ящыщщ адыгэбзэм зегъэужьынымкIэ кIэлъыплъакIуэ гуп зэхэшэныр, абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэр къызэнэкIыныр, Щам дэс адыгэхэм я Iуэхур зытетымрэ хэкужьым къэзыгъэзэжахэр абы зэризэгъэжымрэ. КАФФЕД-м и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым теухуауэ къэпсэлъащ Хьэгъундокъуэ Яшар. Апхуэдэу зэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ хамэщI щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэр Урысейм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщеджэнум, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щыIэ зыгъэпсэхупIэхэм хамэ къэрал щыщ адыгэ сабийхэр къызэрешэлIапхъэм, ДАХ-м и XII Конгрессыр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми.

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэр (КАФФЕД) къызэзыгъэпэщахэм яхэта, илъэс куэдкIэ абы и тхьэмадэу лэжьа, хэхэс адыгэхэм я Iуэху дэгъэкIыным, хамэхэм яхэмыкIуэдэжыным зи гъащIэ псор тезыухуа Хьэткъуэ (Ары) Аслъэн и унагъуэ ихьащ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Хьэгъундокъуэ Яшаррэ. НэхъыжьыфIым хузэфIэкIам папщIэ пщIэ хуащIу ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ иратащ.

ЗэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ ди сайтым иужькIэ итынущ.

НэщIэпыджэ Замирэ

Related posts

Leave a Comment