Новости

 

                                                                         

Тырку къэралыгъуэм щызэхэт Кавказ Хасэхэм я Федерацэм (КАФФЕД-м) деж                                                                                                           

ПщIэ зыхуэтщI ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэми си щхьэми  къыбгъэдэкIыу фIэхъус гуапэкIэ зыфхуогъазэ Тырку къэралыгъуэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми, Кавказ Хасэхэм я Федерацэм (КАФФЕД-м) и лэжьакIуэхэми.

Махуэ блэкIахэм Анкъэрэ къалэ щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу зэхуэс. А зэIущIэр пхуэмыIутэжыным хуэдизу екIуу, дахэу къызэвгъэпэщащ.

Апхуэдэуи щхьэпэ зыпылъ Iуэхугъуэ зыбжани зэфIэдгъэкIа хъуащ. ЗэIущIэм хэтахэр дыщыIащ Тырку Республикэм и япэ Iэтащхьэ Кемал Мустэфа Ататюрк и мавзолейм икIи протоколым тету, КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшаррэ сэрэ удз гъэгъа Iэрамэр тетлъхьащ Ататюрк и хьэдащхьэр здыщIэлъым деж, мавзолейм зыщытплъыхьащ, щIыхь зыхуащI цIыхухэм я тхылъым гукъинэж псалъэхэр иттхащ.

Апхуэдэуи ДАХ-м и лIыкIуэхэр Тыркум щыIэ Урысей Федерацэм и посольствэм и лэжьакIуэхэм дыIущIащ.

КАФФЕД-м и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, хэхэс адыгэхэр хамэ лъэпкъхэм яхэмыкIуэдэжыным зи гъащIэ псор езыта Хьэткъуэ (Ары) Аслъэни ДАХ-м и щIыхь тхылъымрэ дамыгъэ нэхъыщхьэхэмрэ тыгъэ хуэтщIащ.

Зэхуэсым бзэм ехьэлIауэ къыщаIэта псалъэмакъым щIыпIэшхуэ щиубыдащ. Хэкурысри хэхэсри зэхуэдэу зыгъэгузавэ мы Iуэхугъуэм теухуауэ абдеж джэпсалъэ къыщащIащ. Ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ.

КАФФЕД-м сыт щыгъуи лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI Тыркум ис ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ хамэ лъэпкъым хэмышыпсыхьыжын, я бзэр, я хабзэр яIэщIэмыхун папщIэ.

КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшари, зи гуащIэрэ зи акъылрэ зэхуэсыр екIуу къызэгъэпэщыным хэзылъхьа псоми ину пщIэ фхудощI. Дынывохъуэхъу фефIэкIуэну, фыузыншэну, иджыпсту адыгэ лъэпкъыр зэрывгъэгушхуэм хуэдэу фIэту, фэри фи пщIэр лъагэу фыпсэуну!

Дыщогугъ дяпэкIи сыт хуэдэ Iуэху къедмыхьэжьами, нобэрей зэманым дедгъэкIуфу, дыщыпсэу къэралхэм зедгъэзэгъыфу дыкъызэдэгъуэгурыкIуэну, гу къабзэкIэ лъэпкъ Iуэхум дыхуэлэжьэну!

ПщIэ къыфхуэзыщI
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий

Налшык къалэ, 2018 гъэм, бадзэуэгъуэм и 3-м.

Related posts

Leave a Comment