Новости

Адыгэхэм я махуэр республикэм и къалэхэм, къуажэхэм щагъэлъэпIащ

Адыгэхэм я махуэр республикэм и къалэхэм, къуажэхэм, районхэм щIэщыгъуэу, гукъинэжу щагъэлъэпIащ. Махуэшхуэм хухаха пшыхь нэхъыщхьэр Налшык къалэм и Музыкэ театрым фокIадэм и 19-м къыщызэрагъэпэщащ.

Ар ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ, телевиденэм и лэжьакIуэхэу Сердюков Станиславрэ Аттаев Азноррэ. Концертым ирагъэблэгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым хэтахэр, гъунэгъу щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр, ди зэкъуэтыныгъэр, зэкъуэшыныгъэр нэхъри ягъэбыдэн мурадкIэ хэкум къекIуэлIэжахэр.

Музыкэ театрым утыку къыщрахьащ адыгэхэм къыддекIуэкI Iэмэпсымэхэр, лъэпкъ фащэхэр, Iэщэхэр, художник цIэрыIуэхэм нарт лIыхъужьхэм я сурэтхэр къыщагъэлъэгъуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Концертым и пэ къихуэу, Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс къекIуэлIахэр хигъэгъуэзащ адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фащэхэм, Iэщэхэм, хьэпшыпхэм, ижь-ижьыж лъандэрэ ахэр лъэпкъым къызэрыддэгъуэгурыкIуэм, абыхэм ди гъащIэм къыгуэхыпIэ зэрамыIэм.

Пшыхьыр езыгъэкIуэкIахэм жаIащ адыгэ лъэпкъым гъуэгуанэ гугъу къикIуами, и хабзэр, и бзыпхъэр, и бзэр, и нэмысыр зэрихъумэжар. Абыхэм кърихьэлIахэм зыхуагъэзащ блэкIам имыгъэнэщхъейуэ, къэкIуэнум хуэлажьэу, ди бзэмрэ хабзэмрэ тхъумэжу, ди лъэпкъ жыгым тхьэмпэщIэ къыпыкIэ фIэкIа, и къуэпсыр мыгъуу, къикIуа илъэс мин бжыгъэм къыпищэу адыгэ лъэпкъыр псэуну хъуахъуэу.

Iупхъуэр зэрызэIуахыу, сценэм къыщыхутащ адыгэ фащэ екIур къызыщыпс щIалэ пщыкIутI, адыгэ лIакъуэ 12-м я дамыгъэу. Абыхэм ящыщ зыт ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хьэмырзэ Ахьмэд. ГуфIэгъуэ пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм ар гупсэхуу къахуеджащ Бемырзэ Мухьэдин и «Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутI» усэм. Маргъущ Тамерлан гъэхуауэ къеджащ «Сэ сыадыгэщ!» усэм. «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым «Хъуромэ» теплъэгъуэр удихьэхыу игъэзэщIащ.

— Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ, ди хьэщIэхэ! Нобэ ди республикэм щохьэщIэ хамэ къэралхэм къикIыжа ди лъэпкъэгъухэр, гъунэгъу щIыпIэхэм щыпсэу адыгэхэр. Хамэ къэрал зыбжанэм щыщ адыгэхэр нобэ дызэзышэлIа щхьэусыгъуэхэм хохьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм (ДАХ-м) и зи чэзу XII Зэхыхьэшхуэр. Ди зэкъуэшыныгъэр адэкIэ зыгъэбыдэхэм Тхьэр арэзы къыфхухъу! Абы къыщащта унафэхэр зыгъэзэщIэн, къызыхэкIам хуэпэжын, гъунэгъу лъэпкъхэм ядекIуэкIыфын, фызэрыс щIыналъэм и пщIэр, и нэмысыр, адыгагъэр зыIыгъыжын Тхьэм дищI.

ДАХ-м къыщащта унафэхэр дэнэ щIыпIи щыпсэу адыгэхэм яхуэмахуэн, фIы куэд къытхудэкIуэн Тхьэм ищI. Дызыгъэнэщхъеин къытхэмыкIыу, лъэпкъыр мылъэпэрапэу, щыуахэм къедгъэгъэзэжу, ныкъусаныгъэхэр дгъэзэкIуэжу, ди щIэблэр тхъумэжу, ди зэкъуэшыныгъэр нэхъри дгъэбыдэу дызэбгъэдэтыну Тхьэм жиIэ! — жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Адыгэхэм ди махуэшхуэм теухуа пшыхьыр щIэщыгъуэу ирагъэкIуэкIащ. Ар ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэм ящыщхэу Нэхущ Чэрим, Сокъур Ольгэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Бэрэгъун Марианнэ, ДыщэкI Артур, Жабоевэ Замирэ, ЦокIыл Азэмэт, Хьэкъул Оксанэ сымэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым, «Тэрч къэзакъхэр» ансамблым, «Шагъдий» сабий къэфакIуэ гупым. Концертым щыIуащ адыга-гъэм, анэдэлъхубзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ. Хьэмырзэ Ахьмэд лъэпкъым хуэгъэза и хъуэхъу дахэм къыкIэлъыкIуа удж хъуреймкIэ пшыхь гуапэр зэхуащIыжащ, адыгэхэр щыпсэу жэнэт щIыналъэм уэрэдымрэ къафэмрэ щытепщэну къыхураджэу.

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Сурэтхэр Къарей

Элинэ трихащ.

Ди республикэм и щIыналъэ куэдми хуэдэу, Джылахъстэнейми Iэтауэ щагъэлъэпIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр.

Тэрч щызэхуэсат адыгэ фащэ екIухэмрэ фащэ жыпхъэм иту да фэилъхьэгъуэхэмрэ зыщыгъ къалэдэсхэмрэ къуажэдэсхэмрэ. Ныпыр я щыгум щыхуарзэу ахэр ирикIуащ къалэ уэрамхэм. ИтIанэ гуфIэгъуэ махуэм хуагъэхьэзыра «Адэжь щIыналъэу си псэм и плъапIэ» концерт гъэщIэгъуэныр гур къызэщIиIэтэу ирагъэжьащ.

Ар щекIуэкI утыкум щагъэува лъэпкъ пщIантIэхэм адыгэ IэщIагъэжьхэм я мастер-классхэр щрагъэкIуэкIырт, пасэрей хьэпшыпхэмрэ адыгэ шхыныгъуэхэмрэ нэIуасэ зыхуищIыну хуей дэтхэнэми IэмалыфI иIащ.

Пасэрей джэгукIэхэмрэ зэпеуэхэмкIи я зэфIэкI къагъэлъэгъуащ Джылахъстэнейм и щIалэгъуалэм.

Махуэшхуэр даIыгъыну Тэрч щIыналъэм яхуеблэ-гъат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, КъШР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, ДАХ-м и XII Конгрессым кърихьэлIахэр, хьэщIэ лъапIэхэр. Ахэр дауэдапщэхэм хэта иужькIэ сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академием и къудамэу къалэм дэтымрэ «Терек-Олимп» спорт уардэунэмрэ яхуеблэгъащ.

Щомахуэ  Залинэ.

 

Шэрэдж  щIыналъэ

«Адыгэхэм я махуэ» фIэщыгъэм щIэту Къэщкъэтау ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ щэнхабзэмрэ спортымрэ къызэщIэзыубыда нэгузыужь программэ. ЩIыналъэм и артистхэр хэту Аушыджэр щагъэлъэгъуа теплъэгъуэхэр теухуат адыгэхэм я тхыдэмрэ абыхэм ижь лъандэрэ къадекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ. Адыгэ шхыныгъуэхэр тету утыкум щагъэува Iэнэ    иным ирагъэблэгъащ гуфIэгъуэ пэкIум екIуэлIа псори. Махуэшхуэ зэхыхьэм и щIыхькIэ хьэрэкIытIэхэр дахащэу яутIыпщащ.

Безенги, Зэрэгъыж къуажэхэм я библиотекэхэм щекIуэкIащ «Яжьэм къыхэтэджыкIыжри, адыгэхэм я дамэр яшэщIыжащ» зыфIаща литературэ-макъамэ теплъэгъуэхэр. Адыгэхэм я блэкIамрэ я нобэмрэ тегъэщIа дунеяплъэ сыхьэтхэр гъэщIэгъуэныщэу Балъкъэр Ипщэ, Джэрпэджэж, Бабугент жылагъуэхэм дэт курыт школ-хэм къыщызэрагъэпэщат. «Адыгэхэм я хабзэхэр» гъэлъэгъуэныгъэм еджакIуэ цIыкIухэр къыщеджащ адыгэ лъэпкъым, ди Хэкум, мамырыгъэм теухуа усэхэмрэ хъыбар кIэщIхэмрэ.

Шэрэдж Дисэ

Прохладнэ  щIыналъэ

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм егъэщIылIа Iуэхухэр районым и жылагъуэ псоми щекIуэкIащ. Абыхэм лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэрт. Псалъэм и хьэтыркIэ, районым и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэр хэту гуфIэгъуэ концертышхуэ щатащ Алътуд къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Ардыдэм къыщызэIуахащ IэпщIэлъапщIэхэм я «Арджэн» гъэлъэгъуэныгъэр.

Малакановскэ къуажэм и курыт школым «Лъэп-къым и къарур» литературэ-макъамэ композицэр къыщызэIуахащ, ЩэнхабзэмкIэ центрым дискотекэ хьэлэмэт щагъэлъэгъуащ.

ГуфIэгъуэ концертхэр апхуэдэу щатащ Псыншокъуэ, Учебнэ, Советскэ къуажэхэм, нэгъуэщIхэми.

Районым и къуажэ библиотекэ псоми адыгэхэм я блэкIам, я иджырей гъащIэм теухуа тхылъ гъэщIэрэщIахэм я выставкэхэр къыщызэIуахащ. ГуфIэгъуэ Iуэхухэм иджыри пащэ.

Май  щIыналъэ

ГуфIэгъуэмкIэ районым щыпсэухэм ехъуэхъуащ Май щIыналъэм и Iэтащхьэ Кармаликэ Михаилрэ щIыпIэ муниципальнэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Саенкэ Татьянэрэ.

Абыхэм я хъуэхъум къыщыгъэлъэгъуащ адыгэхэр сыт щыгъуи цIыху гуапэу икIи дахэу, лIыгъэшхуэ зыхэлъу къызэрыгъуэгурыкIуар икIи а хьэл-щэн гъуэзэджэхэмкIэ зэрыцIэрыIуэр.

Махуэшхуэм ехьэлIа Iуэхухэр нэхъыбэу зыхуэгъэзар къытщIэхъуэ щIэблэрт. «Адыгэхэр: тхыдэм и лъагъуэхэр» сыхьэт щрагъэкIуэкIащ Ново-Ивановскэ къуажэм Козуб Шурэ и цIэр зэрихьэу дэт лицей №7-м. Апхуэдэ дыдэ Iуэху къыщызэрагъэпэщащ Октябрьскэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Май къалэм и библиотекэ нэхъыщхьэм къыщыфIадзащ «Уи унэр мамыру щрет» тхылъ стенд. Абы сабийхэр щыгъуазэ ещI адыгэхэм, адыгэ эпосым я тхыдэм. ФокIадэм и 20-м Александровскэ станицэм къыщызэIуахащ гуфIэгъуэм егъэщIылIа выставкэ. Дэнэ щIыпIи щыIурт «Адыгэхэр езыхэм я щIыналъэм щопсэу» уэрэд дахэр.

Шал  Мухьэмэд.

Дзэлыкъуэ  щIыналъэ

Адыгэ лъэпкъым и махуэр Iэтауэ зыгъэлъэпIахэм ящыщщ Дзэлыкъуэ щIыналъэри. Дзэлыкъуэдэсхэм гуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуну зэIущIэм зыкърагъэхьэлIат Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XII Конгрессым хэта, Израилым, Голландием, Адыгейм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр, щIыпIэ администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан, щIыналъэм щыпсэу нэхъыжьыфIхэр, нэгъуэщIхэри.

Япэу къызэхуэсахэр «Малкинскэ» шы заводым щыхьэщIащ. Шыхэм зэрыкIэлъыплъ щIыкIэхэм, щызэрахуэ щIыпIэхэм ирагъэплъащ, гукъыдэж зиIэхэр абыхэм тесу къажыхьынуи Iэмал яIащ. АдэкIэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыным удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, махуэшхуэм кърихьэлIахэр ЩэнхабзэмкIэ унэм ирагъэблэгъащ.

Абы и пэIущIэ пэшым къыщызэрагъэпэщат «Адыгэ лъэпкъым дрогушхуэ!» фIэщыгъэр зиIэ тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ. Мыбдеж щыплъагъурт еджакIуэхэм ящIауэ ди лъэпкъым и тхыдэр къызыхэщыж сурэтхэр, я Iэдакъэ къыщIэкIа, адыгэхэм пасэм къагъэсэбэпу щыта хьэп-шып зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Къызэхуэса-хэр иужькIэ ирагъэблэгъащ махуэщIым хуагъэхьэзыра концертым еплъыну. ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащ-хьэ Джатэ Руслан мы махуэ лъапIэмкIэ псоми ехъуэхъуащ:

— Я цIыхугъэ лъагэмкIэ, хьэлэлагъымкIэ, цIыхуфIагъымкIэ, лIыгъэмкIэ, я теплъэмкIэ сыт щыгъуи цIэры-Iуэу щытащ адыгэ лъэпкъыр. Ноби ди цIыхухэм ядэтлъагъу а хьэл дахэхэм гур хамыгъахъуэу къанэркъым. Адыгэхэр куэду дыщIэгушхуэн, ди щхьэр лъагэу щIэтIэIын, дыщIэпсэун диIэщи, дыузыншэу, дызэгурыIуэу, ди япэ итахэм къытхуагъэнар хэутэн дымыщIрэ къыдэкIуэтей щIэблэр абы щIэтпIыкIыу Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу!

Апхуэдэу Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэ администрацэм и нэIэ щIэту махуэшхуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэщауэ щIыналъэм щызэхэтащ спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэхьэзэхуэхэр, щIалэгъуалэ джэгухэр, нэгъуэщI нэгузыужь Iуэхугъуэхэр.

Хьэрэдурэ  Аллэ.

Related posts

Leave a Comment