Нэпсо Зэчырей дохъуэхъу
ПщIэ зыхуэтщI Нэпсо Зэчырей!
Ди хэкуэгъу лъапIэхэ!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэми сэри къыдбгъэдэкIыу гуапэу дынохъуэхъу Кфар-Камэ къуажэм, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу фызэрыхахыжам папщIэ!
Дэ дыщыгъуазэщ уэ узэрылэжьа зэманым къриубыдэу IуэхуфI куэд зэфIэгъэкIа зэрыхъуам. Ар зи фIыщIэр, шэч хэмылъу, уэращ. Дэ, хэкурысхэр, дрогуфIэ икIи дрогушхуэ Кфар-Камэ къуажэр Израилым ит жылагъуэхэм псоми дахагъэкIи къабзагъэкIи зэрефIэкIым, фи къуажэм дэс адыгэхэм адыгэбзэр, хабзэр, тхыдэр фIыуэ зэращIэм. Ди гуапэщ, адыгэбзэм нэмыщI нэгъуэщI бзэ куэдхэри фщIэуэ, фызыхэс къэралым фыхэзагъэу фызэрыпсэур. Дропагэ фи гъунэгъу лъэпкъхэм пщIэ къыфхуащIу, адыгэ хабзэр яфIэхабзэфIу, къазэрыфхудэплъеиным хущIэкъуу зэрыщытым.
Зэчырей, дяпэкIи ущыпсэу къэралым и пщIэр пIыгъыну, укъызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр пхъумэну, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хэплъхьэ гуащIэдэкIыр нэхъ ин хъуну, ехъулIэныгъэшхуэхэр уиIэну Тхьэм жиIэ! Дэ уэ дыпщогугъ уи гупсысэхэмкIэ, уи чэнджэщхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр ебгъэфIэкIуэну.
Ди хэкуэгъу лъапIэхэ, дигукIи ди псэкIи дывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, ехъулIэныгъэ, гъуэгуанэ дахэ ин фиIэну!
Тхьэм фыкъихъумэ!
ПщIэ къыфхуэзыщI,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзащIакIуэ гупым къыбгъэдэкIыу
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий
Налшык къалэ,
2018 гъэ, щэкIуэгъуэ и 11